Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


24-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
( Маттэ 28:1-10 ; Марк 16:1-8 ; Иуан 20:1-10 )

1 Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу.

2 Кхъэлэгъунэм и щӀыхьэпӀэм Ӏулъа мывэшхуэр ӀугъэкӀуриикӀауэ ӀущӀащ абы кӀуахэр.

3 Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, Зиусхьэну Хьисэ и хьэдэр щагъуэтакъым.

4 Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ.

5 ЦӀыхубзхэм, къэщтауэ, я щхьэхэр щыщӀагуэм, а лӀитӀым къыжраӀащ: – Псэур лӀахэм я деж сыт къыщӀыщыфлъыхъуэр?

6 Ар мыбдежым щыӀэжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Галилей хэкум щыщыӀам, абы мыпхуэдэу къызэрывжиӀэгъар фигу къэвгъэкӀыж:

7 «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэн хуейщ, жорми ираӀулӀынущ, ауэ ар ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ».

8 Апхуэдэу щыжаӀэм, Хьисэ и псалъэхэр ягу къэкӀыжащ.

9 ЦӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузымрэ адрей я гъуса псомрэ а Ӏуэхугъуэ псори хуаӀуэтэжащ.

10 Апостолхэм ар яжезыӀэжар мы цӀыхубзхэрщ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Иуаннэ, Екъуб и анэ Мэрием, абыхэм я гъуса адрей цӀыхубзхэр.

11 ЦӀыхубзхэм жаӀам къимыкӀауэ апостолхэм ялъытащ, я фӀэщи хъуакъым.

12 Петр тэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу, кхъэлэгъунэм щыщӀэплъэм, чэсей хужь джэбынхэм фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. А къэхъуар игъэщӀагъуэу, и унэм игъэзэжащ.


Эммаус жылэм кӀуэ гъуэгур
( Марк 16:12-13 )

13 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ километр пщыкӀузкӀэ Ерусалим пэжыжьэ Эммаус жылэм кӀуэрт а махуэ дыдэм.

14 ЗдэкӀуэм, къэхъуа псоми тепсэлъыхьырт.

15 Ахэр зэпсалъэу, зэчэнджэщу гъуэгу здытетым, Хьисэ къабгъурыувэри, я гъусэу ядэкӀуащ.

16 Ауэ абыхэм я нэхэр къыщипхъуати, ар зэры-Хьисэр яцӀыхужакъым.

17 – Гъуэгум фытету сыт фызытепсэлъыхьыр? ФыщӀэнэщхъейри сыт? – яжриӀащ Хьисэ.

18 Ерусалим дэсхэм ящыщу абы мы махуэхэм къыщыхъуар зымыщӀэр уэ зы закъуэрауэ къыщӀэкӀынущ, – жиӀэри абыхэм ящыщ зым, Клеопэ зи цӀэм, Хьисэ къыжриӀащ.

19 – Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар. – Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ.

20 Дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэмрэ укӀ трырагъэлъхьэн щхьэкӀэ, ар Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀагъыхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ.

21 Израил лъэпкъым щхьэхуитыныгъэ къритынкӀэ дыщыгугъырт абы.

22 А псори къызэрыхъурэ нобэ махуэ ещанэщ, ди цӀыхубзхэм ящыщ гуэрхэми хъыбар гъэщӀэгъуэн къытхуаӀуэтащ. Ахэр пщэдджыжьым жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат,

23 ауэ Хьисэ и хьэдэр ягъуэтыжакъым. Къыщагъэзэжым, мелыӀычитӀ къахуэкӀуэри, абыхэм Хьисэ псэууэ къыжраӀауэ къыджаӀэжащ.

24 Дэ тщыщ гуэрхэр кхъэлэгъунэм кӀуати, цӀыхубзхэм зэрыжаӀам хуэдэу ирахьэлӀащ, ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым.

25 – Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

26 – И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?

27 Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.

28 ЗдэкӀуэ жылэм гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу абы блэкӀыну фэ тетт.

29 Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.

30 Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.

31 Абы ирихьэлӀэу я нэхэр къэплъэжри, зэры-Хьисэр къацӀыхужащ. КъацӀыхужа нэужь, Хьисэ бзэхыжри, ялъагъужакъым.

32 – Гъуэгум дыщытетым, Хьисэ къыдэпсалъэурэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къыдгуригъаӀуэ щыхъум, и псалъэхэмкӀэ дигъэгуфӀэрэ дигухэр мафӀэм хуэдэу къызэщӀигъэнауэ щытакъэ? – жаӀащ абыхэм.

33 Асыхьэтым ахэр къэтэджыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ. Апостол пщыкӀузымрэ я гъусэхэмрэ зэхуэсыжауэ ӀущӀэжащ.

34 – Зиусхьэныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, ар щыпкъэщ, Симони зыкъригъэлъэгъуащ, – жаӀащ абыхэм.

35 Езыхэм гъуэгум къащыщыщӀари, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀым, Хьисэ къызэрацӀыхужари къаӀуэтэжащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм закъызэрыригъэлъэгъуар
( Маттэ 28:16-20 ; Марк 16:14-18 ; Иуан 20:19-23 ; Апостол. 1:6-8 )

36 Ахэр мы Ӏуэхухэм щытепсэлъыхьым, езы Хьисэ яхэувэри, яжриӀащ: – Фигу ирезагъэ.

37 АпхуэдизкӀэ шынэрти, ягухэр щӀэхуащ, хьэдрыхэпсэ ялъагъуу къафӀэщӀащ.

38 – Сыт фыщӀэгузавэр? – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт фи гум шэч къыщӀихьэр?

39 Си Ӏэхэми си лъакъуэхэми фыкъеплъ. Сэр дыдэращ мыр. ФыкъыстеӀэби, феплъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэдрыхэпсэм фэи, лыи, къупщхьи иӀэкъым, сэ сиӀэу зэрыфлъагъум хуэдэу.

40 Ар жиӀэри, и Ӏэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ яригъэлъэгъуащ.

41 ГуфӀэгъуэшхуэм къыхэкӀыу я фӀэщ мыхъуу ягъэщӀагъуэ щыхъум, яжриӀащ: – Мыбдежым шхын гуэр щывиӀэу пӀэрэ?

42 Ар щыжиӀэм, бдзэжьей гъэжьа ныкъуэ къратащ.

43 Ар къаӀихри, я пащхьэм щишхащ.

44 – Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.

45 ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,

46 къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.

47 Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.

48 Фэ а Ӏуэху псоми фрищыхьэтщ.

49 ФыкъэдаӀуэ, си Адэм фыкъызэригъэгугъар къыфхуезгъэхынущ. Ауэ уафэм къикӀыу къару къыфхуехыху, Ерусалим къалэм фыкъыдэнэ.


Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар
( Марк 16:19-20 ; Апостол. 1:9-11 )

50 Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.

51 Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.

52 Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ щӀыхь хуащӀу, ахэр лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, Ерусалим ягъэзэжащ итӀанэ.

53 Тхьэм щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт зэпытащ иужькӀэ. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan