Лукас 23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр23-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар ( Маттэ 27:1-2 , 11-14 ; Марк 15:1-5 ; Иуан 18:28-38 ) 1 Хасэм хэта псори къэтэджыжри, Пилат Ӏэтащхьэм деж Хьисэ яшащ. 2 Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ. 3 – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ. 4 Пилат дин пашэшхуэхэмрэ цӀыху гупышхуэмрэ яжриӀащ итӀанэ: – Мы лӀым зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым. 5 Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс, Иудей хэку псор, дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм яригъащӀэ ӀуэхухэмкӀэ зэӀещӀэ, – трагъэчыныхьырт мыдрейхэм. Хьисэ Ирод пщым и пащхьэм зэрырашар 6 Галилей псалъэр щызэхихым, Пилат щӀэупщӀащ: – Мы лӀыр Галилей щыщ? 7 Ирод зипщ хэкум Хьисэ зэрыщыщыр къыщищӀэм, Пилат Ирод деж Хьисэ иригъэшащ, а махуэ дыдэхэм Ирод пщыр Ерусалим къэкӀуауэ щыӀэти. 8 Хьисэ щилъагъум, Ирод икъукӀэ гуфӀащ, Хьисэ и хъыбар зэхихати, зригъэлъагъумэ, куэд щӀауэ фӀэфӀти. Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр къригъэлъагъункӀэ гугъэрт ар. 9 Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым. 10 Абдежым щыт дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт. 11 Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ. 12 Пилатрэ Иродрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ а махуэ дыдэм. Абы и пэкӀэ зэбийуэ щытащ. Хьисэ укӀ зэрытралъхьар ( Маттэ 27:15-26 ; Марк 15:6-15 ; Иуан 18:39–19:16 ) 13 Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри, 14 яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым. 15 Ирод пщыми къуаншэу илъытакъым ар, аращ къыщӀытхуригъэшэжар. Фэ зэрыфлъагъущи, укӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым. 16 Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнурэ, сутӀыпщыжынущ. 17 Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ ӀутӀыж махуэшхуэм и хьэтыркӀэ Пилат цӀыхухэм къахуиутӀыпщыжын хуейуэ хабзэу щытащ. 18 ЦӀыхухэм зэрыгъэгуоууэ щӀадзащ: – Ар укӀыпхъэщ! Вараввэ къытхуэутӀыпщыж. 19 А Вараввэ зи цӀэр, къалэм дэсхэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щытащ. 20 Пилат Ӏэтащхьэм Хьисэ къиутӀыпщыжыну хуейти, аргуэру цӀыхухэм захуигъэзэри къепсэлъащ. 21 Ауэ ахэр зэрыгъэгуоурт: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ. 22 – Мы лӀым сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? УкӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ ищӀауэ езгъуэтылӀакъым. Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнщи, сутӀыпщыжынщ, – ещанэу яжриӀащ Пилат Ӏэтащхьэм абыхэм. 23 – Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ цӀыхухэр, зыпамыгъэууэ, макъ лъагэкӀэ кӀийрт, я кӀий макъымкӀи зыхуейр зрагъэхъулӀащ. 24 Арати, цӀыхухэр зыхуейр Пилат яхуищӀэну триубыдащ. 25 ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ. Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар ( Маттэ 27:32-44 ; Марк 15:21-32 ; Иуан 19:17-27 ) 26 Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ. 27 ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. Я бгъэгум еуэжурэ, Хьисэ зыгъей цӀыхубзхэри яхэтт. 28 Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ: – Ерусалим цӀыхубзхэ! Сэр щхьэкӀэ фымыгъ, ауэ фи щхьэмрэ фи бынхэмрэ щхьэкӀэ фыгъ; 29 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЦӀыхубзу бын къызыщӀэмыхъуахэри, иджыри мылъхуахэри, быдз езымыгъэфахэри гъуэгу махуэ теуващ» щыжаӀэну махуэхэр къэсынущ. 30 Абы щыгъуэ бгыхэм: «ЗыкъыттефӀубэ!» Ӏуащхьэхэми: «Дыкъэфхъумэ!» жраӀэнущ. 31 Жыгыр щхъуантӀэу щытыху, цӀыхухэм мыпхуэдэ Ӏуэхухэр щащӀэфкӀэ, жыгыр гъужа нэужь, нэхъыкӀэжыр яхуэщӀэнукъэ? 32 Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀыну бзэджащӀитӀ дашащ. 33 «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм щынэсым, Хьисэ жорым щраӀулӀащ абдеж. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀащ. 34 – Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ. 35 Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж. 36 ЗауэлӀхэми, Хьисэ щыдыхьэшхыурэ къыбгъэдыхьэри, серчэ къыхуашийурэ, 37 къыжраӀащ: – Уэ журтхэм урапэщтыхьыр пэжмэ, умыкӀуэду зыкъегъэлыж. 38 АлыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи, журтыбзэкӀи тетхауэ Хьисэ и щхьэмкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» псалъэхэр тету. 39 Абдежым щраӀулӀа бзэджащӀитӀым я зым, Хьисэ къыщӀэнакӀэри, жиӀащ: – Уэракъэ Мэссихьыр? Уэри дэри дымыкӀуэду дыкъегъэл! 40 Адрей лӀыр абы егиящ: – Уэ Тхьэм ущышынэркъэ? Мы лӀым тращӀыхьа хьэкумыр уэри къыптращӀыхьакъэ? 41 Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым. 42 ИтӀанэ жиӀащ: – Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж. 43 – Пэжыр ныбжызоӀэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. Хьисэ зэрылӀар ( Маттэ 27:45-56 ; Марк 15:33-41 ; Иуан 19:28-30 ) 44 Шэджагъуэ хъуащ икӀи сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ, 45 дыгъэр ункӀыфӀати. Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр тӀууэ къызэгуэтхъащ. 46 – Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, – макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ. 47 ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ. 48 А псом еплъыну къызэхуэса цӀыху гупышхуэр, къэхъуар ялъэгъуа нэужь, я бгъэм еуэжурэ, я унэхэм кӀуэжащ. 49 Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт. Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар ( Маттэ 27:57-61 ; Марк 15:42-47 ; Иуан 19:38-42 ) 50 Исуф зи цӀэ лӀы гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм яхэтт. Ар щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуфӀт. 51 Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм я унафэр абы ядищтэгъакъым. А Исуфыр Иудей хэкум хыхьэ Аримафей жылэм щыщт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэу щытащ. 52 Ар Пилат Ӏэтащхьэм деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. 53 ИтӀанэ хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей хужь джэбын иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэу зэи зыри зыщӀамылъхьам щӀилъхьэжащ. 54 А махуэр мэрем махуэт, щэбэт махуэри къэблэгъащ. 55 Хьисэ и гъусэу Галилейм къикӀыгъа цӀыхубзхэм, Исуф щӀыгуу кӀуэри, кхъэлэгъунэри хьэдэр абы зэрыщӀилъхьэжари ялъэгъуащ. 56 ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden