Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и тепщэныгъэр къезытамкӀэ журт пашэхэр къызэреупщӀар
( Маттэ 21:23-27 ; Марк 11:27-33 )

1 Махуэ гуэрым, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт цӀыхухэм. Апхуэдэу щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, нэхъыжьхэр я гъусэу, къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:

2 – КъыджеӀэт, мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхари, ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытари?

3 – Сэри фэ Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфт:

4 ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра?

5 – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.

6 – Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.

7 Арати, – Иуан къэзыгъэкӀуар тщӀэркъым, – жэуап ятыжащ абыхэм.

8 – Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхугъуэхэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
( Маттэ 21:33-46 ; Марк 12:1-12 )

9 Мы ущие хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀ* гуэрхэм яӀэщӀилъхьащ. Абы и ужькӀэ а лӀыр хамэ къэрал гуэрым куэдрэ къэтыну кӀуащ.

10 Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къаӀихыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ абы. Ауэ жызумгъэкӀхэм унэӀутыр яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.

11 Хадэр зейм унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру, ауэ ари яубэрэжьри, лей кърахауэ, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.

12 Ещанэуи унэӀут гуэр игъэкӀуащ. Ари къауӀэри кърахужьэжащ.

13 – Апхуэдэу щыхъум, жызум хадэр зейм жиӀащ: «Сыт сщӀэн? Сэ фӀыуэ слъагъу си къуэ щӀасэр згъэкӀуэнщ. Абы щӀыхь къыхуащӀынкӀи мэхъу».

14 – Ауэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщыжри жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».

15 Арати, жызум хадэм ирахужри, яукӀащ ар. – Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ.

16 – Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.

17 Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм мы и псалъэу тхахэм сыт къикӀыр атӀэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»?

18 – А мывэм къытехуэр къызэпкъриудынущ, езыр зытехуэри щӀипӀытӀынущ.

19 Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


Хьэкътын ахъшэм теухуауэ
( Маттэ 22:15-22 ; Марк 12:13-17 )

20 Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.

21 Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.

22 Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?

23 Абыхэм я хьилагъэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр?

24 Зы динар сывгъэлъагъу. Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.

25 – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.

26 Арати, цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ гуэркӀэ къыщаубыдэфакъым, Хьисэ ярита жэуапри ягъэщӀагъуэурэ заущэхужащ.


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунумкӀэ саддукейхэр Хьисэ къызэреупщӀар
( Маттэ 22:23-33 ; Марк 12:18-27 )

27 ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ гуп Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:

28 – Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ: «ЛӀы гуэрым и къуэш лӀэрэ, бын имыӀэу фыз къыщӀэнмэ, и къуэшым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, а лӀым фызабэр къишэжын хуейщ».

29 Зэшибл псэуащ. Абыхэм я нэхъыжьым фыз къишащ, ауэ бын къыщӀэмыну дунейм ехыжащ.

30 КъыкӀэлъыкӀуэм а фызыр къишэжри, бын къыщӀэмыну, ари дунейм ехыжащ.

31 Ещанэми а фызыр къишэжащ. Апхуэдэурэ ебланэм нэсыху, бын къащӀэмыну псори дунейм ехыжащ.

32 Фызри дунейм ехыжащ псом я ужь дыдэ.

33 Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, хэт ар иджы зи фызынур? Блыми я щхьэгъусакъэ ар?

34 – Иджырей цӀыхухэм фыз къашэ, лӀыи докӀуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

35 – Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, ахърэтым щыпсэуну зыхуэфащэхэм фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым.

36 Ахэр мелыӀычхэм ещхьщ, я псэ пытынущ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащи, Тхьэм и быну щытщ.

37 ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарми нахуэу къигъэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пыжь банэм и хъыбарыр Торэт хабзэм здитым деж итщ Мусэ бегъымбарыр Тхьэуэ Зиусхьэным «Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я ТхьэкӀэ» зэреджэр.

38 Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы дежкӀэ псори псэууэ щытщи.

39 Хьисэ ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, хъарзынэу жыпӀащ.

40 Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым итӀанэ.


Мэссихь хэт зи къуэр?
( Маттэ 22:41-46 ; Марк 12:35-37 )

41 Хьисэ абыхэм яжриӀащ абдежым: – Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа?

42-43 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Даут мыпхуэдэу зэрыжиӀар Сабурым иткъэ: «Сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ Тхьэуэ Зиусхьаным: Уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?

44 – Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм я къуаншагъэр Хьисэ къызэрыщӀигъэщар
( Маттэ 23:1-36 ; Марк 12:38-40 ; Лука 11:37-54 )

45 ЦӀыху псори едаӀуэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:

46 – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀын яфӀэфӀщ. Синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щаубыдыныр я щӀасэщ.

47 Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan