Лукас 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ къызэралъхуар ( Маттэ 1:18-25 ) 1 А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ. 2 Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ. 3 Арати, и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэ, щхьэж и адэ-анэр зыщыщ къалэм кӀуэжащ. 4 Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ. 5 Исуф абы щӀэкӀуар лъыхъуа Мэрием и гъусэу и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэщ. Мэрием лъэщыджэт, 6 икӀи абы здэщыӀэм и лъхуэгъуэ махуэр къэсащ. 7 Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ. МелыӀычыр мэлыхъуэхэм къазэрыхуэкӀуар 8 Мэлхэр жэщым яхъумэу, а Ӏэхэлъахэм мэлыхъуэ гуп итт. 9 Тхьэм и мелыӀыч къахуэкӀуащ абыхэм напӀэзыпӀэм. Зиусхьэным и нэху гъэщӀэгъуэныщэм къыщиухъуреихьым, мэлыхъуэхэр хуабжьу къэщтащ. 10 Ауэ мелыӀычым къажриӀащ: – Фымышынэ, ауэ фыкъэдаӀуэ! Фи лъэпкъ псом щхьэкӀэ хъыбар гуфӀэгъуэшхуэ къыфхуэсӀуэтэнущ: 11 ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ. 12 Ар зэрыщыпкъэр фэзыгъэщӀэнур мыращ: Сабий гуэр хъыданым кӀуэцӀышыхьауэ, шхалъэм дэлъу къэвгъуэтынущ. 13 Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм: 14 «ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ». 15 МелыӀычхэр ӀукӀыжу, уафэм дэкӀуеижа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ: «Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа къэхъуакъэщӀар тлъагъуну Бэтлэхьэм дывгъакӀуэ». 16 Арати, Бэтлэхьэм пӀащэу кӀуэри, Мэриемри, Исуфри, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ. 17 Ахэр щалъагъум, мелыӀычым сабийм теухуауэ къажриӀар абыхэм яӀуэтэжащ. 18 Мэлыхъуэхэм яӀуэтэжар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ. 19 Ауэ Мэрием мы Ӏуэхугъуэ псори игу ириубыдэри егупсысащ. 20 Мэлыхъуэхэм зэхаха икӀи ялъэгъуа псом щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэшхуи хуащӀу ягъэзэжащ. А Ӏуэхухэр зэрекӀуэкӀар мелыӀычым абыхэм къазэрыжриӀэгъам тетущ. Исуфрэ Мэриемрэ Зиусхьэным и пащхьэм Хьисэ сабийуэ зэрырахьар 21 Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы. 22 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм и унафэм тету, Исуфрэ Мэриемрэ я зыгъэкъэбзэжыгъуэ махуэхэр блэкӀа нэужь, сабийр Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн щхьэкӀэ, Ерусалим здахьащ, 23 мы унафэу Зиусхьэным и хабзэм щыщым тету: «Дэтхэнэ зы хъулъхугъэ щыпэлъхури Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ». 24 Адрейуэ ахэр Ерусалим щӀэкӀуар Зиусхьэным игъэува хабзэм зэрыжиӀэм тету, езыхэм загъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, «губгъуэ тхьэрыкъуэ цӀыкӀуитӀ е тхьэрыкъуэ шыр цӀыкӀуитӀ» къурмэныпхъэу яхьын хуейти, арщ. 25 СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы. 26 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон зэхригъэщӀыкӀащ Зиусхьэным деж къикӀыну Мэссихьыр имылъэгъуауэ зэрымылӀэнур. 27 Арати, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьащ. Торэт хабзэм и унафэм тету, сабийр Тхьэм и пащхьэ ирахьэн щхьэкӀэ, и анэмрэ и адэмрэ ар, Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀахьэм, 28 Симеон, сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэри, мы псалъэхэр жиӀэурэ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ: 29 «Зиусхьэн, сызэрыбгъэгугъам тету сэ, уи ӀуэхутхьэбзащӀэр, сигу зэгъауэ, дунейм срехыж иджы; 30-31 цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм уэ щыбгъэхьэзырауэ, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур си нэхэмкӀэ слъэгъуащи. 32 Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ». 33 Симеон сабийм теухуауэ жиӀа псалъэхэр Исуфрэ сабийм и анэмрэ ягъэщӀэгъуащ. 34 И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ. 35 ЦӀыху куэдым ягу илъхэр нахуэ къэхъунущ апхуэдэу. ИкӀи уэ уигури, джатэм хуэдэу, гукъеуэшхуэм къиуӀэнущ. 36 АсиркӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъым щыщрэ Фануил ипхъуу Аннэ зи цӀэ бегъымбар цӀыхубз гуэр щыӀэт. Абы и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтауэ щытащ. ДэкӀуэри, и лӀым илъэсиблкӀэ дэпсэугъащ. 37 И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ. 38 Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ. 39 Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ. 40 Сабийр хэхъуащ, гукӀи псэкӀи зиужьащ, зэхэщӀыкӀышхуи иӀэ хъури, Тхьэм и нэфӀи къыщыхуащ. Тхьэм и унэшхуэм Хьисэ щӀалэр зэрыкӀуар 41 Хьисэ и адэ-анэр Ерусалим гъэ къэс кӀуэрт, ӀутӀыж махуэшхуэр ягъэлъэпӀэну. 42 ЩӀалэм и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щыхъум, хабзэм тету, ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ Ерусалим кӀуащ. 43 Махуэшхуэхэр блэкӀа нэужь, и адэ-анэм я къалэм къагъэзэжын щыхъум, Хьисэ щӀалэр Ерусалим къыдэнащ абыхэм ямыщӀэу. 44 Я гъусэхэм хэт я гугъэу, и анэмрэ и адэмрэ гъуэгу зы махуэкӀэ тетащ. Я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ я деж щӀалэр къыщалъыхъуэу щӀадзащ итӀанэ. 45 Щамыгъуэтыжым, щӀалэм лъыхъуэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ. 46 Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр. 47 ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт. 48 ЩӀалэр щалъагъум, анэмрэ адэмрэ ягъэщӀэгъуащ. – Си щӀалэ! Сыт уэ къыдэпщӀар? – къыжриӀащ и анэм. – Мис, уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэм дыхэту дыплъохъу. 49 – Сыт сыкъыщӀэфлъыхъур? – яжриӀащ абы. – Си Адэм и унэшхуэм сыщӀэсын зэрыхуейр фщӀэркъэ? 50 Ауэ абыхэм щӀалэм яжриӀа псалъэр къагурыӀуакъым. 51 И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори. 52 Хьисэ хэхъуэм, и зэхэщӀыкӀми зиужьурэ, Тхьэми цӀыхухэми ягу ирихьащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden