Лукас 19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэрэ Закхейрэ 1 Абы и ужькӀэ Хьисэ Ерихон къалэм дыхьэри, зэхикӀухьащ. 2 Закхей зи цӀэ гуэр дэст абы. Ар хьэкътын ахъшэ хэзыххэм я пашэхэм щыщт, бейт. 3 Хьисэ и щыфэлӀыфэ зригъэлъагъуну хуеят ар, арщхьэкӀэ езыр лӀы лъахъшэ цӀыкӀути, цӀыху гупышхуэм яхэту зыри илъагъун лъэкӀакъым. 4 Арати, цӀыхухэм япэ ищри, ахъуо жыгым дэпщеящ, Хьисэ зригъэлъагъун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ а гъуэгумкӀэ блэкӀын хуейт. 5 Хьисэ а щӀыпӀэм щынэсым, дэплъейри, Закхейм жриӀащ: – Закхей, псынщӀэу къех, уи унэм сынеблэгъэн хуейщ нобэ. 6 Закхей псынщӀэу къехыжри, и гуапэ хъуауэ, и унэм Хьисэ иригъэблэгъащ. 7 Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ. 8 Закхей къэтэджри, Зиусхьэн Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн! Мис, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынущ. ЦӀыху гуэр къэзгъэпцӀаӀамэ, хуэдиплӀ естыжынущ. 9 КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ. 10 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ. МинэкӀэ зэджэ ахъшэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр ( Маттэ 25:14-30 ) 11 Хьисэ жиӀэхэм цӀыхухэр едаӀуэ щыхъум, мы ущие хъыбарри къыпищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Ерусалим и гъунэгъуу щытт икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр асыхьэтым къэлъэгъуэну цӀыхухэр гугъэрти. 12 Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жиӀащ: – Къэрал жыжьэ гуэрым кӀуэну мурад ищӀащ пщы гуэрым, езым и къэралым щхьэкӀэ а пащтыхьыгъуэр къиубыду къигъэзэжын гугъэр иӀэу. 13 Ежьэн и пэкӀэ, и унэӀутхэм ящыщ цӀыхуипщӀ къриджэщ, минэ зырыз яритри, яжриӀащ: «Къэзгъэзэжыху, мы ахъшэр вгъэбагъуэ». 14 Ауэ мы пщыр и къэралым ис цӀыхухэм фӀыуэ къалъагъуртэкъыми, «Мы лӀыр пащтыхь къытхуэхъуну дыхуейкъым», жрагъэӀэну, лӀыкӀуэхэр пщым и ужь иту а къэралым ягъэкӀуащ. 15 АрщхьэкӀэ а пщыр пащтыхьу ягъэуващ. Пщым къыщигъэзэжым, ахъшэхэр зрита унэӀутхэр къриджащ. Абыхэм ящыщу дэтхэнэми щэн-къэщэхун ӀуэхукӀэ къилэжьар зригъэщӀэну хуейт ар. 16 Япэрей унэӀутыр къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдипщӀ къэзлэжьащ». 17 Пщым абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ, си унэӀутыфӀ. Ӏуэху мащӀэмкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, къалипщӀ уэ пӀэщӀэслъхьэнущ». 18 ЕтӀуанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдитху къэзлэжьащ». 19 Пщым абы жриӀащ: «Къалитху уэ пӀэщӀэслъхьэнущ». 20 Ещанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, мис уи минэр. Ар хъыданым кӀуэцӀыслъхьэри щызгъэлъащ. 21 УзэрылӀы пхъашэм щхьэкӀэ сыпщышынащ. Уэ умыгъэтӀылъар къыбощтэж, тумысари къытыбохыж». 22 Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри. 23 АтӀэ сыт си ахъшэм хагъэхъуэн щхьэкӀэ, сатуущӀэхэм щӀумытар? Апхуэдэу пщӀамэ, сэ сыкъэкӀуэжа нэужь, си ахъшэм хэхъуауэ къызэптыжынт». 24 Пщым къыбгъэдэтхэм яжриӀащ итӀанэ: «Мы лӀым минэр къеӀыфхи, минэу пщӀы зиӀэм ефт». 25 «Зи щӀыхь ин, абы минэу пщӀы иӀэкъэ?» къыжраӀащ абыхэм. 26 «Сэ нывжызоӀэ, ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм», жиӀащ пщым. 27 «Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы». ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар ( Маттэ 21:1-11 ; Марк 11:1-11 ; Иуан 12:12-19 ) 28 А псалъэхэр жиӀа нэужь, Ерусалим кӀуэну, Хьисэ и гъуэгу техьэжащ. 29 Елеон зи цӀэ Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылитӀым Виффагиерэ Вифаниерэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ, 30 мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ. 31 «Сыт къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?» жиӀэу зыгуэр къывэупщӀмэ, мыпхуэдэу жефӀэ: «Зиусхьэныр хуейщ абы». 32 А лӀыкӀуитӀыр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам хуэдэу, шыдыр епхауэ къагъуэтащ. 33 Шыд шыщӀэр къыщыкӀэратӀэтыкӀым, ар зейхэм къыжраӀащ: – Сыт шыд шыщӀэр къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр? 34 – Зиусхьэныр хуейщ абы, – жаӀащ лӀыкӀуэхэм. 35 Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр тралъхьэри, Хьисэ ягъэшэсащ. 36 Хьисэ шыд шыщӀэм тесу здэкӀуэм, цӀыхухэм я щыгъынхэр зыщахыурэ гъуэгум хутраубгъуэрт. 37 Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ: 38 «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ! Уафэм мамырыгъэ щыӀэщ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ». 39 ЦӀыху гупышхуэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уи гъуэгу ирикӀуэхэм щагъэтыну яжеӀэ. 40 – Сэ нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм щагъэтмэ, мывэхэр къэгуоунущ. 41 Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ: 42 – Мамырыгъэ къыпхуэзыхьыну Ӏуэхугъуэхэр нобэ уэри пщӀэуэ щытыгъатэмэ, сыгуфӀэнт, ауэ уи нэхэм ахэр ящыбзыщӀауэ щытщ зэкӀэ; 43 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уи бийхэм быдапӀэхэмкӀэ укъыщыщаувыхьын махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Абыхэм укъаухъуреихьынущ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщыптеуэнущ. 44 Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ. Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар ( Маттэ 21:12-17 ; Марк 11:15-19 ; Иуан 2:13-22 ) 45 Абы и ужькӀэ Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэр къыщӀихуу щӀидзащ. 46 Абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ». АрщхьэкӀэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ. 47 Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ, 48 ауэ цӀыху псори я гуапэу Хьисэ едаӀуэу щытти, иращӀэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ ягъуэтакъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden