Лукас 18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фызабэмрэ щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэмрэ ятеухуа ущие хъыбарыр 1 Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ. 2 Мыращ яхуиӀуэтар: – Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу, къалэ гуэрым зы хеящӀэ гуэрым дэст. 3 А къалэ дыдэм зы фызаби щыпсэурт. «Си дауэгъум схуэфащэр къызегъэт», жриӀэурэ, хеящӀэм деж къакӀуэ зэпытт ар. 4 – Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми, 5 мы фызабэм си щхьэр игъэуз зэпыту щымытын щхьэкӀэ, хуэфащэр езгъэгъуэтынщ. Апхуэдэу сымыщӀмэ, къысхуэжэ зэпытурэ сигъэтыншынукъым». 6 Зиусхьэным жиӀащ итӀанэ: – Щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэм жиӀэм федаӀуэт. 7 Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну? 8 Сэ нывжызоӀэ, яхуэфащэр псынщӀэу ялъигъэсынущ. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ щигъуэтыну? Фарисеймрэ хьэкътын ахъшэр хэзыхымрэ ятеухуа ущие хъыбарыр 9 Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ: 10 – Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэм цӀыхуитӀ кӀуащ, зыр фарисейт, адрейр хьэкътын ахъшэр хэзыххэм* ящыщт. 11 Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ. 12 Сэ тхьэмахуэ къэс махуитӀ сонэщӀ, къысхэхъуэм и пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ сот». 13 – Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ». 14 – Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ. Хьисэрэ сабийхэмрэ ( Маттэ 19:13-15 ; Марк 10:13-16 ) 15 ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, трагъэӀэбэну. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, цӀыхухэм ядакъым. 16 Ауэ Хьисэ сабийхэр къриджэри, жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, апхуэдэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи. 17 Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым. Пашэ бейр ( Маттэ 19:16-30 ; Марк 10:17-31 ) 18 Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр? 19 – ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, фӀы зыри щыӀэкъым. 20 Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «Зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ». 21 – Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ а псори, – жиӀащ адрейм. 22 Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ. 23 Ар щызэхихым, адрейм игу щӀыхьащ, мылъкушхуэ иӀэти. 24 Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ. 25 Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ, махъшэкӀэ мастэнэм икӀыныр нэхъ тыншщ. 26 Ар зэхэзыха цӀыхухэм жаӀащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт? 27 – ЦӀыхухэм яхузэфӀэмыкӀыр Тхьэм хузэфӀокӀ, – жиӀащ Хьисэ. 28 – Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жиӀащ Петр. 29 – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хэту щытми, е и унэ, е и адэ-анэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и фызыр, е и бынхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къибгынамэ, 30 иӀам нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ мы дунейм щызымыгъуэтыжын цӀыху зыри щыӀэкъым, икӀи апхуэдэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ ахърэтым. ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар ( Маттэ 20:17-19 ; Марк 10:32-34 ) 31 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: – Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ. 32 Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ, 33 ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ар. 34 АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым. ЛъэӀуакӀуэ нэф гуэр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 20:29-34 ; Марк 10:46-52 ) 35 Хьисэ Ерихон къалэм здэкӀуэм, къалэм и гъунэгъу хъуауэ, лӀы нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест. 36 ЦӀыху гупышхуэ блэкӀыу щызэхихым, нэфыр щӀэупщӀащ: – Сыт мыр? 37 – Назарет щыщ Хьисэ мыбыкӀэ блокӀ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. 38 Ар къыщыжраӀэм, нэфыр макъышхуэкӀэ къэджащ: – Даут и Къуэ Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! 39 Япэ ит цӀыхухэм ямыдэу, «Щыгъэт», къыжраӀащ, арщхьэкӀэ нэфыр нэхъ макъ лъагэжкӀэ къэджащ аргуэру: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! 40 Хьисэ къэувыӀэри, нэфыр къыбгъэдашэну яжриӀащ. Нэфыр къыщыбгъэдыхьэм, еупщӀащ: 41 – Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – Зиусхьэн, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – жиӀащ нэфым. 42 – Уи нэхэр къэплъэжынущ, – жриӀащ Хьисэ абы. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. 43 Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden