Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэл кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр
( Маттэ 18:12-14 )

1 Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри гуэныхь зытелъхэри, къанэ щымыӀэу, Хьисэ едэӀуэну къекӀуэлӀащ.

2 Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.

3 Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:

4 – Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зы фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу, фӀэкӀуэдар къигъуэтыжыхукӀэ лъыхъуэнукъэ?

5 Ар къыщигъуэтыжкӀэ, гуфӀэу къеӀэтри, и дамэм трелъхьэ.

6 Унэм къыщыкӀуэжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, сфӀэкӀуэда мэлыр къэзгъуэтыжащ».

7 Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


Дыжьын ахъшэ кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр

8 – Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ?

9 Ар къыщигъуэтыжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, ахъшэ сфӀэкӀуэдар къэзгъуэтыжащ».

10 Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Къуэ кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр

11 – ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт, – жиӀащ Хьисэ.

12 – Къуэ нэхъыщӀэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, мылъкум щыщу къыслъысыну Ӏыхьэр къызэт». Арати, адэм мылъкур яхуигуэшащ.

13 – Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ.

14 Псори фӀэкӀуэдауэ, а къэралым гъаблэшхуэ къыщыхъури, щӀалэр тхьэмыщкӀэ дыдэ хъуащ.

15 Апхуэдэу щыхъум, а къэралым щыпсэу лӀы гуэрым деж кӀуэри, хуэлӀыщӀэну гурыӀуащ. А лӀым ар игъэкӀуащ и кхъуэхэр губгъуэм щригъэгъэхъуну.

16 Кхъуэхэм я Ӏусым щыщ и ныбэ из ищӀыну ехъуапсэрт лӀыщӀэм, ауэ а Ӏусым щыщ зыми къритакъым.

17 – ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ.

18 Си адэм деж сыкӀуэжынщи, жесӀэнщ: Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ.

19 Уэ узикъуэщ къызжепӀэну сэ схуэфащэкъым. Уи лӀыщӀэхэм ящыщ зы хуэдэу сэри сыщтэ».

20 ИтӀанэ зиӀэтыжри, и адэм деж кӀуэжыну ежьэжащ итӀанэ. – Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щӀэгъущ, жэри, Ӏэплъэ иришэкӀыу, ба хуищӀу щӀидзащ.

21 – ЩӀалэм и адэм къыжриӀащ: «Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ. Уэ узикъуэщ къызжепӀэну схуэфащэкъым».

22 – Адэм и унэӀутхэм яжриӀащ: «Щыгъынхэм я нэхъыфӀыр къыхуэфхьи, фхуапэ, зы Ӏэлъыни Ӏэрыфлъхьэ, вакъи лъыфтӀагъэ.

23 Танэ гъэшхар къафши, фӀэвгъэж. Дывгъашхэ-девгъафэ икӀи дывгъэгуфӀэ.

24 Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.

25 – Адэм и къуэ нэхъыжьыр губгъуэм итти, къэкӀуэжурэ унэм и гъунэгъу къыщыхъужым, уэрэд макърэ Ӏэгуауэ макърэ зэхихащ.

26 УнэӀутхэм ящыщ гуэр къриджащ, «Сыт къэхъуар?» жиӀэри щӀэупщӀащ.

27 УнэӀутым къыжриӀащ: «Уи къуэш нэхъыщӀэр къэкӀуэжащ. Уи адэм, ар узыншэу къызэригъуэтыжам щхьэкӀэ, танэ гъэшхар фӀригъэгъэжащ».

28 – Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ.

29 Ауэ абы и адэм жриӀащ: «Мис, сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэрэ, уи унафэхэми зэи сытекӀакъым. Си ныбжьэгъухэм гухэхъуэ Ӏэнэ яхутезгъэувэн щхьэкӀэ, зэи зы чыцӀи къызэптакъым.

30 Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».

31 – Апхуэдэу щыхъум, адэм къыжриӀащ: «Си къуэ! Уэ сытым щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.

32 Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan