Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЛӀы зэщӀэбэгар Хьисэ щэбэт махуэм зэригъэхъужар

1 Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.

2 ЛӀы гуэр зэщӀэбэгауэ Хьисэ и пащхьэм къиуващ асыхьэтым.

3 Хьисэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яжриӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ хьэмэрэ къемызэгърэ?

4 Абыхэм зыри жаӀакъым. Хьисэ сымаджэм теӀэбэщ, игъэхъужри иутӀыпщыжащ.

5 Хьисэ абыхэм еупщӀащ итӀанэ: – Фэ фщыщ гуэрым и шыдыр е и выр щэбэт махуэм псыкъуий мащэм ихуэмэ, занщӀэу кърихыжынукъэ?

6 Абыхэм жэуап къратыфакъым.


ХьэщӀэхэмрэ бысымымрэ зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэр

7 ХьэщӀэхэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыду гу щылъитэм, мы ущие хъыбарыр Хьисэ яжриӀащ:

8 – Зыгуэрым гухэхъуэ Ӏэнэм уригъэблагъэмэ, тхьэмадэ тӀысыпӀэм умытӀыс, абы къригъэблэгъахэм уэр нэхърэ нэхъыжь гуэр яхэтынкӀэ хъунущи.

9 Уэри ари фезыгъэблэгъа бысымым уэ къыббгъэдыхьэнурэ, абы щыгъуэ къыбжиӀэнущ: «Мы цӀыхум уи тӀысыпӀэр ет!» Апхуэдэу хъумэ, уукӀытэжауэ, нэхъ тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм утӀысын хуей хъунущ уэ.

10 УщрагъэблагъэкӀэ, тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм тӀыс. Бысымым, уэ къыббгъэдыхьэнурэ, къыбжиӀэнущ абы щыгъуэ: «Си ныбжьэгъу, тӀэкӀу къыдэкӀуэтей!» Абы адрей хьэщӀэ псоми я пащхьэм ущигъэлъэпӀэнущ;

11 зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.

12 Хьисэ и бысымым жриӀащ итӀанэ: – Уэ шэджагъуашхэ е пщыхьэщхьэшхэ щыпщӀкӀэ, уи ныбжьэгъухэри, уи къуэшхэри, уи благъэхэри, уи гъунэгъу бейхэри къыумыгъэблагъэ. Ахэр къебгъэблагъэмэ, яхуэпщӀар къыпхуащӀэжын папщӀэ урагъэблэгъэжынкӀэ хъунущ.

13 Ауэ гухэхъуэ Ӏэнэ щытебгъэувэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ.

14 ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.


Гухэхъуэ Ӏэнэм теухуа ущие хъыбарыр
( Маттэ 22:1-10 )

15 Хьисэ щӀыгъуу Ӏэнэм бгъэдэса гуэрым ар щызэхихым, жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, адрей хьэщӀэхэм я гъусэу Ӏэнэм бгъэдэсынур гъуэгу махуэ теуващ.

16 – ЛӀы гуэрым гухэхъуэ Ӏэнэ тригъэуващ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым, – цӀыху куэди къригъэблэгъащ.

17 Гухэхъуэ Ӏэнэр щытраувэну сыхьэтыр къыщысым, къеблэгъэнухэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэну: «Иджы фыкъеблагъэ, псори хьэзырщ».

18 – Ауэ псоми, зэрыгъэӀуща нэхъей, щхьэусыгъуэхэр ящӀу щӀадзащ. Япэрейм унэӀутым къыжриӀащ: «Сэ щӀы къэсщэхуащи, сыкӀуэу абы семыплъмэ, хъунукъым. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».

19 – НэгъуэщӀ зыгуэрми жиӀащ: «ВипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэ. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».

20 – Ещанэми жиӀащ: «Сэ фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым».

21 – УнэӀутым къигъэзэжри, Ӏуэхур зэрыхъуар и тепщэм къыжриӀэжащ. Апхуэдэу щыхъум, бысымыр къэгубжьри, унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми и уэрам цӀыкӀухэми псынщӀэу дыхьи, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, лъашэхэр мыбы къашэ».

22 – УнэӀутым къыщигъэзэжым, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ тӀысыпӀэ нэщӀхэр щыӀэщ иджыри».

23 – Тепщэм унэӀутым жриӀащ итӀанэ: «Гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ техьи, си унэм щӀэз хъун щхьэкӀэ, къэкӀуэну цӀыхухэм яжеӀэ.

24 Сэ нывжызоӀэ, къезгъэблэгъахэм ящыщ зыри си ерыскъым къыхэӀэбэнукъым». – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным хэлъ гугъехьыр
( Маттэ 10:37-38 )

25 Хьисэ щӀыгъуу цӀыху гупышхуэ гъуэгу тетт. Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ:

26 – Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.

27 Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.

28 – Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищӀын хуей хъумэ, япэщӀыкӀэ тӀысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иӀэрэ имыӀэрэ зригъэщӀэн хуейкъэ?

29 Армыхъумэ, лъабжьэр игъэувауэ, унэр нигъэсын щылъэмыкӀкӀэ, ар къэзылъагъу цӀыху псори къыщыдыхьэшхыурэ,

30 мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Мы лӀым унэ ищӀыну къригъэжьат, арщхьэкӀэ икӀэм хунигъэсакъым».

31 – Апхуэдэуи, зы пащтыхь гуэрым нэгъуэщӀ пащтыхьым зауэ ирищӀылӀэну игу илъмэ, япэщӀыкӀэ тӀысу, цӀыху мин тӀощӀ зиӀэ бий къыхуэкӀуэмэ, езым и цӀыху минипщӀымкӀэ пэувын лъэкӀынрэ лъэмыкӀынрэ егупсысын хуейкъэ?

32 Пэмыувыфынумэ, бийр къэмыс щӀыкӀэ лӀыкӀуэхэр хуигъэкӀуэнурэ, зэкӀужыну иригъэлъэӀунущ.

33 Абы ещхьу, фэ фщыщу, хэтуи щрети, иӀэ псори ӀэщӀыб зымыщӀым си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.


Шыугъэ зыхэмылъ шыгъур
( Маттэ 5:13 ; Марк 9:50 )

34 – Шыгъур фӀыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур?

35 ЩӀымкӀи вэнывеймкӀи ар сэбэп хъужынукъым. Апхуэдэр хыфӀадзэж. – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan