Лукас 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Гуэныхьу пщӀахэм хущӀегъуэж, армырамэ, уэр-уэру зыбгъэкӀуэдыжауэ арщ 1 ЦӀыху гуэрхэр Хьисэ деж къакӀуэри, Пилат Ӏэтащхьэм Галилейм щригъэукӀахэм я хъыбар къыхуахьащ а зэманым. А цӀыхухэм я лъымрэ я къурмэныпхъэм и лъымрэ зэхэлъадэу, Пилат и цӀыхухэм яригъэукӀыгъащ. 2 Хьисэ деж къэкӀуахэм яжриӀащ: – Ахэр апхуэдэу зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ, Галилей щыщ адрей цӀыху псоми нэхърэ ахэр нэхъ гуэныхьыщӀэу фи гугъэ? 3 Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ. 4 Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ? 5 Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори. Ахъуо жыг гъуам теухуа ущие хъыбарыр 6 Хьисэ мы ущие хъыбарыр яжриӀащ итӀанэ: – Зыгуэрым и хадэм ахъуо жыг итт. Абы къыпыкӀаӀамэ, еплъыну къыщыкӀуэм, къыпыкӀаӀауэ зыри игъуэтакъым. 7 Арати, хэдэзехьэм жриӀащ: «Мис, илъэсищ хъуауэ, мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэмэ, сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ къыпыкӀаӀауэ згъуэтыркъым. Ауэ щыхъукӀэ, къиупщӀыкӀыж, сыт щӀыр щӀигъэхьэулеин хуейр мыбы?» 8 – Хэдэзехьэм къыжриӀащ: «Зи щӀыхь ин, зы илъэс игъэт иджыри. Жыгыр ихъуреягъкӀэ къэстӀыхьынурэ, вэнывей тӀэкӀу щӀэскӀутэнущ. 9 Гъэ къакӀуэ къыпыкӀэнкӀэ хъунщ. КъыпымыкӀэмэ, къибупщӀыкӀыжынщ». Зиузэхун лъэмыкӀыу, зи тхыр ухуауэ щыт цӀыхубз гуэр Хьисэ щэбэт махуэм зэригъэхъужар 10 Хьисэ синэгуэгу гуэрым цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт щэбэт махуэм. 11 Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы. 12 Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ: – ЦӀыхубз, уи узыр иджы щыщӀэдзауэ пщхьэщыкӀащ. 13 И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ. 14 Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ. 15 – Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт? 16 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ? 17 Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ. Хъардэл хьэдзэмрэ пщагъэмрэ теухуа ущие хъыбарыр ( Маттэ 13:31-33 ; Марк 4:30-32 ) 18 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын? 19 Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хадэм хисащ. Хьардэлыр къэкӀри, и къудамэхэм къуалэбзухэр къытетӀысхьэу, жьауапӀэ яхуэхъуащ. 20 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым хуэзгъэдэн? – аргуэру жиӀащ Хьисэ. 21 – Ар зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщри, псори игъэтэджащ. Куэбжэ зэвыр ( Маттэ 7:13-14 , 21-23 ) 22 Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ ЕрусалимкӀэ кӀуэну иунэтӀащ. 23 Зыгуэр къеупщӀащ абы: – Зи щӀыхь ин, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэр мащӀэ дыдэ? 24 – Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым. 25 Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым». 26 – Абы щыгъуэ жефӀэу щӀэвдзэнущ: «Уи гъусэу дешхат икӀи дефат; ди къалэм и уэрамхэм Тхьэм и псалъэхэр щыдбгъэщӀауэ щытат». 27 – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!» 28 – Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби, адрей бегъымбар псори Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьауэ, ауэ фэ а Тепщэныгъэшхуэм фыкъыщӀахуауэ щыфлъагъукӀэ, гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ абы. 29 КъуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи къикӀынурэ, я тӀысыпӀэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щаубыдынущ цӀыхухэм. 30 Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ. Еууей, Ерусалим! Ерусалим! ( Маттэ 23:37-39 ) 31 Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи. 32 – ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ». 33 Апхуэдэу щыт пэтми, ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи си гъуэгу срикӀуэн хуейщ, бегъымбарыр Ерусалим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щылӀэ хъунукъыми. 34 – Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым. 35 АтӀэ фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым. Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху сыкъэфлъагъужынукъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden