Лукас 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ БзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ 1 Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ. 2 КъыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну гъэпщкӀуауи зыри щыӀэкъым. 3 Апхуэдэу щыхъукӀэ, жэщ кӀыфӀым щыжыфӀар цӀыхухэм махуэ нэхум зэхахыжынущ икӀи бжэкъуагъым фыӀущащэу щыжыфӀар унащхьэхэм тету щаӀуэтэжынущ. Фызыщышынэн хуейр ( Маттэ 10:28-31 ) 4 – Сэ нывжызоӀэ, си ныбжьэгъухэм, Ӏэпкълъэпкъыр ягъэкӀуэдын фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри зыхузэфӀэмыкӀыжынухэм фащымышынэ. 5 Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр. 6 Бзу цӀыкӀуитхур хъурыщитӀкӀэ* ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, абыхэм ящыщу зыри щымыгъупщауэ Тхьэм игу илъщ. 7 Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ. Аращи, фымышынэ. Бзу Ӏэджэм нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ фэ. Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм уазэрыщыщыр цӀыхухэм ебгъэщӀэныр ( Маттэ 10:32-33 ; 12:32 ; 10:19-20 ) 8 – ВжызоӀэ, сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм сэри щыжысӀэнущ. 9 Ауэ си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щыжысӀэнущ. 10 Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым. 11 – Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; 12 жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи. ЛӀы бей акъылыншэм теухуа ущие хъыбарыр 13 ЦӀыхубэм яхэту, лӀы гуэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Дин егъэджакӀуэ, ди адэм къыщӀэна мылъкур си къуэшым къыздегъэгуэш. 14 – Фызэрызэдэгуэшэну щӀыкӀэр нывжесӀэну хэт сызыгъэувар? – жриӀащ Хьисэ. 15 ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми. 16 Хьисэ ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ: – ЛӀы бей гуэрым и щӀым гъавэ бэв къытекӀат. 17 Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым». 18 – ИтӀанэ жиӀащ: «Мыращ сщӀэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэнщ, нэхъ гуэн ин езгъэщӀынщи, си гъавэ псори си мылъкури ярыслъхьэнщ. 19 СигукӀэ жысӀэнщ итӀанэ: Илъэс куэдкӀэ схурикъун фӀыгъуэ Ӏэджи сиӀэщ. Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж». 20 – Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэ уцӀыху акъылыншэщ! Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ. Мы бгъэтӀылъахэр хэт къызыхуэнэжынур?» 21 – Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур. Гузэвэгъуэм теухуауэ ( Маттэ 6:19-21 , 25-34 ) 22 – Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. 23 Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэщ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэщ. 24 Къуаргъхэм феплъыт. Абыхэм жылэ ясэркъым, гъави къахыжыркъым, гуэни гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, ауэ Тхьэм ахэр егъашхэ. Фэ бзухэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ! 25 ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур? 26 Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр? 27 – Удз гъагъэхэм къызэрыкӀым феплъыт: Ахэр лажьэркъым, цыи яджыркъым, ауэ сэ нывжызоӀэ, ягъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым. 28 Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? 29 Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ. 30 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ? 31 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхугъуэхэм я ужь фит япэщӀыкӀэ, адрейуэ къэна Ӏуэхугъуэхэр псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ. 32 – Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи. 33 Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым. 34 Фи мылъкушхуэр здэщыӀэм фигухэри щыӀэнущ. Фымыжейуэ, фысакъ ( Маттэ 24:45-51 ) 35 – Фи цеикӀэхэр дэупщӀауэ, фи уэздыгъэхэр щӀэгъэнауэ, хьэзыру фыщыт. 36 Зи тепщэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ бжэм къызэрытеуӀуэу хуӀузыхыну хьэзыру щытхэм хуэдэу фыщыт. 37 Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ. 38 Жэщ ныкъуэм е джэд Ӏуэгъуэм деж тепщэр къэкӀуэжауэ, мыжейуэ икӀи сакъыу а унэӀутхэм кърихьэлӀэжмэ, ахэр гъуэгу махуэ теуващ. 39 Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытамэ, жеинтэкъым, езым и унэми щӀигъыхьэу, щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым. 40 Фэри фыхьэзырын хуейщ, фыщимыгугъэ сыхьэт гуэрым ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къэкӀуэжынущи. 41 – Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – мы ущие хъыбарыр дэр щхьэкӀэ жыпӀэрэ хьэмэрэ псом щхьэкӀи жыпӀэрэ? 42 – Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным. 43 – А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ. 44 Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ. 45 Ауэ а унэӀутым игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу адрей унэӀут цӀыхубзхэми цӀыхухъухэми яхэуэу икӀи ефэ-ешхэурэ удафэу щиублэкӀэ, 46 а унэӀутым тепщэр къэкӀуэжыну щимыгугъэ махуэм икӀи щыпэмыплъэ сыхьэтым ар къэсынущ. А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ. 47 – И тепщэр зыхуейр ищӀэу щыта пэтми, зызымыгъэхьэзыра е тепщэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа унэӀутым удын куэд къытехуэнущ. 48 И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ. Зы унэм зэдыщӀэсхэр зэрызэгурымыӀуэнур ( Маттэ 10:34-36 ) 49 – ЩӀым мафӀэ ездзын щхьэкӀэ, сыкъэкӀуащ икӀи ар щӀэнамэ, сыту си гуапэ хъунут! 50 ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ. 51 ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ сыкъэкӀуауэ фи гугъэ? Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, аракъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ зэгурымыӀуэныгъэ фхэслъхьэн щхьэкӀэщ, 52 сыту жыпӀэмэ иджы щыщӀэдзауэ зы унэм зэдыщӀэс цӀыхуитхур лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунущ: щыр тӀум пэувынущ, тӀури щым пэувынущ; 53 лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунурэ, адэр къуэм, къуэр адэм пэувынущ; анэр пхъум, пхъур анэм пэувынущ; гуащэр нысэм, нысэр гуащэм пэувынущ. Мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр зыгурывгъаӀуэ ( Маттэ 16:2-3 ) 54 – КъухьэпӀэмкӀэ пшэ къытрихьэу флъагъумэ, «Уэшх къешхынущ» асыхьэтым жывоӀэ, апхуэдэуи мэхъу, – яжриӀащ Хьисэ цӀыхубэм. 55 – Адрейуэ, ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀ жьыр къыщепщэкӀэ, «Хуабэ дыдэ хъунущ» жывоӀэ, апхудэуи мэхъу. 56 Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт? Уи дауэгъум узэрекӀужыным и ужь ит ( Маттэ 5:25-26 ) 57 – Фэ фщӀэн хуейр фэр-фэру сыт къыщӀывгурымыӀуэр? 58 Псалъэм щхьэкӀэ, уи дауэгъум уригъусэу хеящӀэм деж ущыкӀуэкӀэ, гъуэгум фытетыху, узэрекӀужыным и ужь ит. Армырамэ, уи дауэгъум хеящӀэм* и пащхьэм уришэнущ, абы лъэхъуэщ хъумакӀуэм уӀэщӀилъхьэнущ, лъэхъуэщ хъумакӀуэм лъэхъуэщым ущӀидзэнущ. 59 Сэ бжызоӀэ, зы хъурыщи къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, уэ лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжынукъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden