Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀыр Тхьэм хуэлэжьэну зэрыригъэжьар

1 Абы и ужькӀэ Зиусхьэным цӀыху блыщӀ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щӀыпӀэу езыр здэкӀуэн хуейм мыкӀуэ щӀыкӀэ тӀурытӀу игъэкӀуащ.

2 Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. Аращи, гъавэр Ӏуахыжын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.

3 ФыкӀуэ! Дыгъужьхэм щынэ хуэдэ фахызогъыхьэ.

4 Бохъши, хъуржыни, вакъи здэвмыщтэ. Гъуэгум зыми фӀэхъус щевмых.

5 – Унэ гуэрым хьэщӀэу фыщыщӀыхьэкӀэ, япэрауэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.

6 Гузэгъэгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм ису къыщӀэкӀмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэр къритынущ. Имысмэ, гузэгъэгъуэм фи деж къигъэзэжынущ

7 А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.

8 – Къалэ гуэрым фыдыхьауэ фыщрагъэблагъэкӀэ, къыватыр фшхы.

9 Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ».

10 Ауэ къалэ гуэрым фыдыхьэрэ фыщрамыгъэблагъэмэ, абы и уэрамхэм фыдыхьи, мыпхуэдэу жыфӀэ:

11 «Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар».

12 Сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, Содом къалэм гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ!
( Маттэ 11:20-24 )

13 – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щыслэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щыслэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ, я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.

14 Ауэ къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум елъытауэ, Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.

15 Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.

16 – Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым къызэрагъэзэжар

17 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым гуфӀэгъуэр яӀэу къагъэзэжри, жаӀащ: – Зиусхьэн, уэ уи цӀэр щыжытӀэкӀэ, жин бзаджэхэри ди ӀэмыщӀэ илъ мэхъу.

18 – Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

19 – Мис, блэхэми акърэбхэми фатеувэнуи, бийм и къару псоми фытекӀуэнуи тепщэныгъэ фэстащ; зым и зэрани къывэкӀынукъым.

20 Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.


Хьисэ зэрыгуфӀар
( Маттэ 11:25-27 ; 13:16-17 )

21 Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.

22 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.

23 Езымрэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ: – Фэ фи нэхэм ялъагъур зылъагъу нэхэм я насыпщ!

24 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, бегъымбар куэди пащтыхь куэди фэ флъагъур ялъагъуну хуеящ, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.


Самарие хэкум щыщу, гущӀэгъу зыхэлъ цӀыхур

25 Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?

26 – Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?

27 – «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи къару псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жэуап къитыжащ адрейм.

28 – Пэжыр жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – А жыпӀар гъэзащӀи, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтынущ.

29 Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ: – АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?

30 – ЛӀы гуэр Ерусалим дэкӀауэ, Ерихон къалэм здэкӀуэм, хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуащ, – жиӀащ Хьисэ. – ХъунщӀакӀуэхэм ар яхъунщӀащ, и щыгъыныр щахщ, хуабжьу яубэрэжьауэ, ныкъуэлӀэу къагъанэри, щӀэпхъуэжащ.

31 Абы ирихьэлӀэу, дин пашэ гуэр а гъуэгум кърикӀуэрт. ЛӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри, ар блэкӀащ.

32 Апхуэдэ дыдэу, Левий зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым щыщу дин пашэ гуэри а щӀыпӀэм нэсри, а лӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри блэкӀащ.

33 Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури,

34 бгъэдыхьащ абы, дагъэрэ санэкӀэ еӀэзэри, и уӀэгъэр ипхащ. ИтӀанэ лӀыр къиӀэтщ, езыр зытеса шыдым трилъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым щӀихьэри кӀэлъыплъащ.

35 И жыпым динаритӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, абы етӀуанэ махуэм жиӀащ: «Уэ мы лӀым кӀэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкӀуадэми, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».

36 – Иджы уэ дауэ узэрегупсысыр: а цӀыхуищым ящыщу хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуа лӀым и гъунэгъум хуэдэу хэт хущытар? – къыщӀигъужащ Хьисэ.

37 – ГущӀэгъу хуэзыщӀарщ, – жиӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм. – Уэри кӀуэи, апхуэдэу щӀы, – жриӀащ абы Хьисэ.


Мэриемрэ Марфэрэ

38 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ адэкӀэ здэкӀуэм, жылагъуэ гуэрым дыхьащ. Марфэ зи цӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ иригъэблэгъащ.

39 Мэрием и цӀэу шыпхъу иӀэт а цыхубзым. Ар Зиусхьэным и псалъэхэм едаӀуэу, абы и лъапэм тест.

40 Марфэ ахэр гъэхьэщӀэным хуабжьу егугъуащ. Арати, Хьисэ бгъэдыхьэри жриӀащ: – Зиусхьэн, Ӏуэху псори сэ си закъуэу сщӀэну си шыпхъум сыкъызэригъэнар пфӀэемыкӀукъэ? КъыздэӀэпыкъуну жеӀэ абы.

41 – Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.

42 Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan