Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мы тхылъыр щӀэстхар

1 Ди пащхьэм щекӀуэкӀа Ӏуэхухэм я хъыбар ятхыжыным цӀыху куэд хэтащ.

2 Абыхэм ятхар а Ӏуэхухэм щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ зи нэкӀэ зылъэгъуахэмрэ Тхьэм и псалъэхэм хуэлажьэхэмрэ къызэрытхуаӀуэтэжам тетщ.

3 Аращи, сэри мы къэхъукъащӀэ Ӏуэху псори я щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ сыхуэсакъыурэ згъэунэхуа нэужь, уэ, щӀыхь зыхуэфащэ Феофил, зэкӀэлъыкӀуэу пхуэстхын мурад сщӀащ,

4 уэ узыхурагъэджа Ӏуэхухэм япэжыгъэр пщӀэн щхьэкӀэ.


ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан къызэралъхунур ДжэбрэӀил мелыӀычым зэрыжиӀар

5 Иудей хэкум и пащтыхь Ирод и тетыгъуэм Зэчрей зи цӀэ дин пашэ гуэр щыӀащ. Ар АвиекӀэ зэджэ дин пашэ гупым яхэтт. И щхьэгъусэ Елизавет Хьэрун къытехъукӀахэм ящыщащ.

6 Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.

7 Бын яӀакъым, Елизавет фыз мылъхуэт, тӀури ныбжькӀэ хэкӀуэтати.

8 Зэчрей зыхэт дин пашэ гупыр Тхьэм и унэшхуэм щылэжьэну пӀалъэр къыщысым, Зэчрей Тхьэм и пащхьэм дин пашэу Ӏуэху щищӀэрт.

9 Дин пашэхэм я хабзэм тету пхъэидзэ щащӀым, Зиусхьэным и унэшхуэм щӀыхьэу, мэ ӀэфӀ къызыпих удзыр Тхьэм щхьэкӀэ игъэсыну Зэчрейм къылъысащ.

10 Удзыр щагъэсын хуей сыхьэтыр къыщысым, Зэчрейм удзыр игъэсыху, Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм Тхьэ щелъэӀуащ цӀыху псори.

11 Удз гъэсыпӀэм ижьырабгъумкӀэ Зиусхьэным и мелыӀыч гуэр Зэчрейм къыщыхуэхутащ.

12 Ар щилъагъум, Зэчрей къащтэри, шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ.

13 МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.

14 Абы гуфӀэгъуэшхуэрэ насыпышхуэрэ къыпхудэкӀуэнущ, ар къызэралъхуам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ.

15 Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.

16 Израил цӀыху куэд Зиусхьэну я Тхьэм и гъуэгу къытригъэхьэжынущ.

17 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.

18 – Ар зэрыпэжыр дауэ къызэрысщӀэнур? – еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэм и ныбжьри хэкӀуэтащ.

19 – Тхьэм и пащхьэм ит ДжэбрэӀил мелыӀычыр сэращ, – къыжриӀащ мелыӀычым. – Мы хъыбарыфӀыр ныбжесӀэн щхьэкӀэ, сынопсэлъэну Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.

20 Аращи, си псалъэхэр уи фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀэ, а бжесӀа Ӏуэхухэр къэхъуху, умыпсэлъэфу, бзагуэу ущытынущ. ПӀалъэр къыщыскӀэ, ахэр къэхъун хуейщ.

21 Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀэмыкӀыжыр ягъэщӀагъуэу, цӀыхухэр абы пэплъащ апщӀондэху.

22 Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀэкӀыжым, цӀыхухэм епсэлъэн хузэфӀэкӀакъым. Тхьэм и унэшхуэм зыгуэр абы къызэрыщыхуэлъэгъуар къагурыӀуащ цӀыхухэм. Зыхуейр ӀэпэтэрмэшкӀэ къагуригъаӀуэу, Зэчрей бзагуэ хъуащ.

23 Тхьэм и унэшхуэм Ӏуэху щищӀэн щыхуей махуэхэр блэкӀа нэужь, Зэчрей и унэм игъэзэжащ.

24 И щхьэгъусэ Елизавет лъэщыджэ хъуащ куэд мыщӀэу, цӀыхухэм мазитхукӀи къахыхьакъым.

25 «Зиусхьэным мыр сэ къысхуищӀащ», жиӀащ абы. «Мы махуэхэм абы и нэфӀ къысщыхуэри, си мыгъуагъэр цӀыхухэм я пащхьэм щыстрихащ».


Хьисэ къызэралъхунур ДжэбрэӀил мелыӀычым Мэрием къызэрыжриӀар

26 Елизавет мазихкӀэ лъэщыджауэ, Тхьэм и мелыӀыч ДжэбрэӀил Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм къигъэкӀуащ.

27 Ар къызыхуигъэкӀуар Мэрием зи цӀэ хъыджэбз гуэрщ. Исуф зи цӀэу Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ лӀым а Мэрием къишэну къыхихауэ щытащ.

28 Мэрием здэщыӀэм къакӀуэри, мелыӀычым жиӀащ: – ГуфӀэ уэ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ.

29 МелыӀычым жиӀам Мэрием хуабжьу къигъэгузэващ икӀи а фӀэхъус псалъэу къыжриӀам къикӀым егупсысащ.

30 – Умышынэ, Мэрием, – къыжриӀащ мелыӀычым абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ.

31 Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ къэплъхунущ. Абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ.

32 Ар цӀыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ.

33 МыкӀуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиӀэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кӀэ иӀэнукъым.

34 – Ар дауэ зэрыхъунур? – еупщӀащ Мэрием мэлэӀычым. – Сэ сыхъыджэбздэсщ.

35 – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.

36 Мис, уи благъэ Елизавету фызмылъхуэщ жыхуаӀэу щытар и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуащ икӀи мазэ еханэм итщ;

37 Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.

38 – Мис, сэ Зиусхьэным сриӀуэхутхьэбзащӀэщ, – жиӀащ Мэрием. – Уэ зэрыжыпӀам тету къыздрехъу. Мэрием къигъанэри, мелыӀычыр ежьэжащ итӀанэ.


Мэрием Елизавет деж зэрыкӀуар

39 А махуэхэм Мэрием зигъэхьэзырри, Ӏуащхьэлъэ хэкум щыщу ИудэкӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъыр зыдэс жылэ гуэрым пӀащӀэу кӀуащ.

40 А жылэм щынэсым, Зэчрей и унэм щӀыхьэри, Мэрием Елизавет фӀэхъус ирихащ.

41 Елизавет Мэрием и фӀэхъус псалъэр щызэхихым, и ныбэм илъ сабийр хъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Елизавет игу куууэ хыхьэри,

42 Елизавет макъ лъагэкӀэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми нэхърэ Тхьэм и нэфӀ уэ нэхъ къыпщыхуащ, уи пкъым къыхэкӀыну сабийми Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ.

43 Сэ сыхэт, си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну?

44 Уи фӀэхъус псалъэр щызэхэсхым, си ныбэм илъ сабийм гуфӀэгъуэшхуэкӀэ зыкъигъэхъеящ.

45 Зиусхьэным къыжриӀар къехъулӀэнкӀэ зи фӀэщ хъуар гъуэгу махуэ теуващ!


Мэрием Зиусхьэным фӀыщӀэшхуэ зэрыхуищӀар

46 Мэрием жиӀащ итӀанэ: «Зиусхьэным и инагъым гурэ псэкӀэ фӀыщӀэшхуэ хузощӀ.

47 СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,

48 и пщылӀ тхьэмыщкӀэм Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ. Мис, нобэ щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми я цӀыхухэм сэ гъуэгу махуэ сытеувауэ жаӀэнущ,

49 сыту жыпӀэмэ ЛъэкӀыныгъэшхуэ ЗиӀэм Ӏуэху телъыджэхэр къысхуищӀащ. Абы и цӀэращ лъапӀэр.

50 Тхьэм езым и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм гущӀэгъу яхуещӀ, адэм къыщыщӀэдзауэ и къуэм нэсу.

51 Ӏуэху телъыджэхэр и ӀэкӀэ зэфӀигъэкӀащ. Зи гум пагагъэ илъхэр зэбгрихуащ.

52 Тепщэныгъэ зиӀэхэр я тахътэхэм къридзыхащ, зи гум пагагъэ имылъхэр къиӀэтащ.

53 ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.

54-55 Езым и пщылӀ Израил лъэпкъым кӀэлъоплъ. Ди адэшхуэхэр зэригъэгугъам тету, Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ гущӀэгъу яхуищӀыну игу илъ зэпытщ».

56 Елизавет деж мазищкӀэ щыӀа нэужь, Мэрием и унэм игъэзэжащ.


УмэхъакӀуэ Иуан къызэралъхуар

57 И лъхуэгъуэ махуэр къэсри, Елизавет къуэ къыхуэхъуащ.

58 Елизавет Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, абы и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ дэгуфӀащ.

59 Сабийр сунэт* ящӀыну цӀыхухэр еянэ махуэм щызэхуэсым, абы и адэ Зэчрей и цӀэр фӀащыжын я гугъащ.

60 Ауэ сабийм и анэм яхуидакъым. – Хьэуэ, Иуанщ абы фӀэтщынур, – жиӀащ.

61 – Апхуэдэ цӀэ зиӀэ уэ уи благъэхэм зыри яхэткъым, – къыжраӀащ абыхэм.

62 Сабийм и адэм ӀэпэтэрмэшкӀэ еупщӀащ абы цӀэуэ фӀищыну зыхуеймкӀэ.

63 Зытетхыхьын гуэр къахьыну ягуригъэӀуащ адэм. Ар къахьа нэужь, тритхащ: «Абы цӀэуэ иӀэнур Иуанщ». Ар псоми ягъэщӀэгъуащ.

64 Арыххэу, Зэчрей и бзэгур хъейщ, и бзэр къиутӀыпщыжри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ псалъэу щӀидзащ.

65 Ӏэгъуэблагъэм щыпсэу псори шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи Иудей Ӏуащхьэлъэ хэкум дэнэкӀи мы Ӏуэху псори щызэлъащӀысащ.

66 А Ӏуэхухэр зэхэзыха псоми я гум ахэр ираубыдауэ жаӀэрт: «Мы сабийр сыт зэрыхъунур?» Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и нэфӀ абы къыщыхуат.


Тхьэм Зэчрей игу кърилъхьа псалъэхэр къызэрыжиӀар

67 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а сабийм и адэ Зэчрей игу кууэу хыхьэри, мы псалъэхэр къыжригъэӀащ:

68 «Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.

69 Тхьэм и ӀуэхутхьэбзащӀэ Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлынур къытхуигъэкӀуащ,

70 пасэрей зэманым къыщыщӀэдзауэ абы и бегъымбар лъапӀэхэм ягу кърилъхьэу, зэрыжригъэӀауэ щытам тету.

71 Абы ди бийхэм дащихъумэурэ, дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ, ди жагъуэгъухэми дакъыӀэщӀихыжынущ.

72 Апхуэдэу Тхьэм ди адэшхуэхэм гущӀэгъушхуэ къахуещӀ, зэгурыӀуэныгъэ лъапӀэу езымрэ ди адэшхуэу Ибрэхьимрэ я зэхуакум псалъэ быдэкӀэ къыдилъхьари егъэзащӀэ.

73 А псалъэ быдэр мыращ:

74 Дэ ди бийхэм дакъыӀэщӀихыжынущ икӀи шынагъуэ дигу имылъу езым дыхуэлэжьэн тлъигъэкӀынущ,

75 езым и пащхьэм гукъабзагъэрэ щыпкъагъэрэ игъащӀэкӀэ щыдиӀэу».

76 ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.

77 Уэ Зиусхьэным и лъэпкъым ебгъэщӀэнущ я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъумкӀэ ахэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыр.

78 Ди Тхьэм и гущӀэгъур инщ. Дыгъэ къыкъуэкӀым хуэдэу, ар уафэм къикӀынурэ къытхуэкӀуэнущ,

79 лӀэныгъэм и шынагъуэм хэтхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэтхэмрэ ятепсэн икӀи мамырыгъэ гъуэгум дытригъэхьэн щхьэкӀэ».

80 Сабийр къэхъури, игукӀи и псэкӀи зиужьащ. Израил цӀыхухэм я пащхьэм къыщихьэну махуэм нэсыху, губгъуэ нэщӀым исащ ар.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan