Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иудэ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


ФӀэхъус

1 Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.

2 Тхьэм къыбгъэдэкӀыу гущӀэгъушхуэ, гузэгъэгъуэшхуэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ къыфлърес.


Дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр
( 2 Петр 2:1-17 )

3 ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.

4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.

5 Мыр фщӀэми, фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ: Зиусхьэным езым и лъэпкъыр Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми, абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр иужькӀэ игъэкӀуэдащ.*

6 Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт.

7 Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.

8 Апхуэдэу, я нэкъыфӀэщӀхэм щхьэкӀэ мы цӀыхухэм япкъхэр ягъэуфӀей; тепщэныгъэ зиӀэхэр ядэркъым, уафэм щӀыхьышхуэ щызиӀэхэми хуошхыдэ.

9 Япэ мелыӀычу Михаилрэ шейтӀанымрэ Мусэ бегъымбарым и хьэдэр щызэпаубыдам щыгъуэ Михаил шейтӀаныр псалъэ ткӀыбжькӀэ игъэкъуэншэну тегушхуакъым, «Зиусхьэным къыпхуремыдэ!» жриӀа къудейщ.

10 А цӀыхухэр зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэми хущӀоджэ; ауэ акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм езыхэм къыдалъхуауэ я хьэлкӀэ Ӏуэхугъуэхэр зэрызыхащӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэм зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэр арщ ахэр зытеунахъуэр.

11 Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.

12 ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.

13 Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.

14 Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ.

15 КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».

16 Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.


Теубыдагъэ зивгъэӀэ

17 Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и апостолхэм къэхъуну къыжаӀа Ӏуэхугъуэхэр фи гум къэвгъэкӀыж.

18 КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ.

19 Мыпхуэдэ цӀыхухэращ фызэгурызымыгъаӀуэр. Абыхэм къыдалъхуауэ я хьэлым къызэрыришэкӀым тету псэухэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъкъым.

20 Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.

21 Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь гущӀэгъу къыфхуищӀу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ къызэрывитынум фыпэплъэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.

22 ЗэхэщӀыкӀ зивгъэӀи, ди фӀэщхъуныгъэмкӀэ шэч зиӀэ цӀыхухэм гущӀэгъу яхуэфщӀ.

23 НэгъуэщӀхэри мафӀэм къыхэфшыжи, мыкӀуэду къевгъэл. ИтӀанэ нэгъуэщӀ цӀыхухэми фахуэсакъыурэ, гущӀэгъу яхуэфщӀ. Япкъхэм ягъэуфӀея щыгъынхэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Тхьэм щӀыхь хуэдвгъэщӀ

24 И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.

25 Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan