Иуан 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Къызэралъхурэ нэф зылӀ Хьисэ зэригъэхъужар 1 Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ. 2 И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра? 3 – Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. 4 – Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым. 5 Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ. 6 Ар жиӀэри, Хьисэ щӀым теубжьытхащ, ӀупсымкӀэ ятӀэ зэхищӀэри, а зэхищӀар нэфым и нэхэм щихуащ. 7 Нэфым жриӀащ итӀанэ: – Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ. 8 Гъунэгъухэми ар нэфу зэрыщытар зылъагъуахэми жаӀащ: – ФакъырэӀус щӀэлъэӀуу щысар мыракъэ? 9 Аращ, – жаӀащ языныкъуэхэм. – Хьэуэ, абы ещхь къудейщ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми. – Сэращ, – жиӀащ езы лӀым. 10 – Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр. 11 – Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым. 12 – Дэнэ щыӀэ а лӀыр? – къеупщӀащ ахэр. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы. Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр фарисейхэм зэрагъэунэхуар 13 Нэфу щытар фарисейхэм я деж яшащ. 14 Хьисэ ятӀэ зэхищӀэу, нэфым и нэхэр къыщигъэплъэжа махуэр щэбэт махуэт. 15 Арати, фарисейхэр а лӀым еупщӀащ: – Уи нэхэр дауэ къызэрыплъэжар? – Си нэхэм ятӀэ щихуэри, зыщыстхьэщӀыжым, слъагъу хъуащ, – жиӀащ а лӀым. 16 – Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ. 17 – Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым. 18 Апхуэдэу щыт пэтми, зи нэхэр къэплъэжа лӀым и адэ-анэр кърагъашэу, абыхэм еупщӀыху, а лӀыр нэфу зэрыщытари и нэхэр къызэрыплъэжари журтхэм я фӀэщ хъуакъым. 19 – Нэфу къалъхуауэ жыхуэфӀэ фи къуэр мыра? – еупщӀащ абыхэм. – Абы илъагъуу зэрыхъужар дауэ? 20 – Мыр зэрыдикъуэри нэфу къызэралъхуари дощӀэ, – жаӀащ лӀым и адэ-анэм. 21 – Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ. 22 ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат. 23 Аращ лӀым и адэ-анэм щӀыжаӀар: «И ныбжьыр ирикъуащ, езым феупщӀ». 24 Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ. 25 – Ар гуэныхьыщӀэми, сэ сщӀэркъым, – жиӀащ нэфу щытам, – ауэ мы зыр сощӀэ: сэ нэфу сыщытащ, иджы слъагъу хъуащ. 26 – Сыт уэ къыуищӀар? – еупщӀащ ахэр. – Уи нэхэр дауэ къызэригъэплъэжар? 27 – Зэ нывжесӀакӀэщ, ауэ фыкъедэӀуакъым, сыт иджыри ар зэхэфхыну фыщӀыхуейр? – къажриӀащ нэфу щытам. – Абы и гъуэгу фрикӀуэну фыхуей фэри? 28 Ар щажриӀэм, къешхыдащ: – Уэ мы лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщщ, дэ Мусэ бегъымбарым и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщщ. 29 Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым. 30 – Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым. 31 – Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр. 32 Нэфу къалъхуа цӀыхур зыгуэрым къигъэплъэжауэ цӀыхухэм зэикӀ зэхахакъым. 33 Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щымытатэмэ, зыри хузэфӀэкӀынутэкъым. 34 – Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ. Фарисейхэр щӀэнэфыр 35 А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ: – Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ? 36 – Зи щӀыхь ин, – жэуап къритыжащ лӀым, – фӀэщхъуныгъэ сиӀэн щхьэкӀэ, а жыхуэпӀэр хэт, къызжеӀэ! 37 – Ар уэ плъэгъуащ, иджыпсту къопсалъэр аращ, – жриӀащ Хьисэ. 38 – ФӀэщхъуныгъэ сиӀэ хъуащ, Зиусхьэн, – жиӀэри, а лӀыр Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иуващ. 39 – Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ. 40 Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ: – Дэри дынэфу ара-тэ? 41 – Фэ нэфу фыщытатэмэ, гуэныхь фтелъынтэкъым, ауэ «Долъагъу» жывоӀэри, фи гуэныхьыр къыфтонэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden