Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Зинэ ищӀэу яубыда цӀыхубзыр

1 Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.

2 Нэху щыщым, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ аргуэру икӀи цӀыху псори абы деж къэкӀуащ. Хьисэ тӀысри, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.

3 Абы ирихьэлӀэу, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ цӀыхубз гуэр, зинэ ищӀэу къаубыдар, Хьисэ къыхуашэщ, утыкум кърагъэувэри,

4 къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мы цӀыхубзым зинэ ищӀэу яубыдащ.

5 Мыпхуэдэхэм мывэкӀэ деуэурэ дыукӀыну, Торэт хабзэм ипкъ иткӀэ, Мусэ бегъымбарым унафэ къытхуигъэнащ. Уэ дауэ уеплърэ?

6 Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.

7 Зэпымыууэ къеупщӀ щыхъум, Хьисэ зыкъиӀэтыжри, яжриӀащ: – Фэ фщыщу гуэныхь зимыӀэр япэ иреуэ цӀыхубзым мывэкӀэ.

8 Аргуэру зригъэзыхри, щӀым тетхыхьу щӀидзэжащ.

9 Ар щызэхахым, ягукӀэ загъэкъуаншэурэ, я нэхъыжьхэр япэ иту, зыр зым и ужь иту, псори ӀукӀыжащ. Хьисэ и закъуэу къэнащ, цӀыхубзри утыкум къинащ.

10 Хьисэ зыкъиӀэтыжри, цӀыхубзым фӀэкӀ зыри щымыту щилъагъум, абы жриӀащ: – ЦӀыхубз, дэнэ щыӀэ узыгъэкъуэншахэр? Зыми уигъэкъуэншэжыркъэ иджы?

11 – Зыми, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым. – Сэри узгъэкъуаншэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – КӀуэж, нобэ щыщӀэдзауэ гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ.


Мы дунейм и нэхур Хьисэщ

12 Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.

13 – Уэр-уэру щыхьэт узытохъуэж, – къыжраӀащ фарисейхэм. – Уи щыхьэтыгъэр ирикъунукъым.

14 – Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым.

15 Мы дунейм и цӀыхухэм Ӏуэхухэм хьэкум зэрытращӀыхьым хуэдэу, фэ хьэкум фощӀ. Сэ зыми хьэкум тесщӀыхьыркъым.

16 Зыгуэрым хьэкум тесщӀыхь хъумэ, тесщӀыхь хьэкумыр щыпкъэщ, сэ си закъуэкъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри си гъусэщи.

17 ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.

18 Сэр-сэру щыхьэт сызытохъуэж, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри щыхьэт къыстохъуэ.

19 ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.

20 Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.


Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэн флъэкӀынукъым

21 Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.

22 – ЗиукӀыжыну арауэ пӀэрэ «Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» щӀыжиӀэр? – жаӀащ журтхэм.

23 – Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым.

24 «Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.

25 – Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр. – Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

26 – Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.

27 Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым.

28 Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.

29 СыкъэзыгъэкӀуар си гъусэщ сэ, си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащӀэри.

30 Хьисэ а псалъэхэр щыжиӀэм, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Щыпкъагъэм щхьэхуит фищӀыжынущ

31 ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.

32 Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщӀэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищӀыжынущ.

33 – Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?

34 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри гуэныхь щӀэным и пщылӀщ.

35 ПщылӀыр унэм игъащӀэкӀэ исынукъым. Адэм и къуэр арщ унэм игъащӀэкӀэ исынур.

36 Аращи, Къуэ лъапӀэм щхьэхуит фищӀыжмэ, щхьэхуит щыпкъэ фыхъунущ.

37 Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.

38 Си Адэм деж щыслъэгъуа Ӏуэхухэращ сэ жысӀэр, ауэ фэ фи адэм деж щыфлъэгъуа Ӏуэхухэращ влэжьыр.


Фи адэр шейтӀаныращ

39 – Дэ ди адэр Ибрэхьимщ, – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ. – Ибрэхьим фрибыну щытатэмэ, Ибрэхьим и Ӏуэхухэр вгъэзэщӀэнт, – яжриӀащ Хьисэ.

40 – Ауэ сывукӀыну си ужь фитщ иджы. Тхьэм жиӀэу зэхэсха щыпкъагъэр нывжесӀа пэтрэ, сывукӀыну си ужь фитщ. Ибрэхьим апхуэдэ ищӀэртэкъым.

41 Фэ фи адэм игъэзащӀэ Ӏуэхухэр фэри фогъэзащӀэ. – Дэ зинэкӀэ дыкъалъхуакъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Адэ закъуэу диӀэр Тхьэр аращ.

42 – Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.

43 ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.

44 Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.

45 Ауэ сэ щыпкъагъэр зэрыжысӀэм щхьэкӀэ, жысӀэр фи фӀэщ хъуркъым.

46 Сэ гуэныхь сщӀауэ фэ фщыщ гуэрым сигъэкъуэншэн лъэкӀыну? ЩӀыпкъагъэр жысӀэ пэтми, жысӀэр фи фӀэщ щӀэмыхъур сыт?

47 Тхьэм и бынхэр абы и псалъэхэм йодаӀуэ, фэ Тхьэм и псалъэхэм фыщӀемыдаӀуэр Тхьэм фрибынкъыми, арщ.


Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ

48 – Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.

49 – Сэ жин бзаджэм сиӀыгъкъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм щӀыхь хузощӀ сэ, итӀанэ фэ фыкъысхущӀоджэ.

50 ЩӀыхь згъуэтыным и ужь ситкъым сэ, ауэ щӀыхь къыслъигъэсыну и ужь иту, цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхь щыӀэщ.

51 Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.

52 Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.

53 Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?

54 – Сэ сызыщытхъужмэ, ар пщӀэншэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Ауэ сэ си щӀыхьыр зыӀэтыр си Адэу фэ фи Тхьэуэ жыхуэфӀэр арщ.

55 Ар фэ фщӀэркъым, сэ сощӀэ ар. Ар сымыщӀэу жысӀатэмэ, фэ фхуэдэу сэри пцӀыупс сыхъунт. Ауэ сэ ар сощӀэ, абы и псалъэхэри согъэзащӀэ.

56 Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икӀи гуфӀэрт. Ар илъэгъуащ икӀи щыгуфӀыкӀащ.

57 – Илъэс щэ ныкъуэ уи мыныбжьу, Ибрэхьим плъэгъуауэ жыбоӀэ, – къыжраӀащ журтхэм.

58 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

59 Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan