Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм деж лӀы гуэр зэрыщигъэхъужар

1 Журт махуэшхуэ къэсащ абы и ужькӀэ икӀи Хьисэ Ерусалим къэкӀуащ.

2 Мэл Куэбжэ зи цӀэм деж псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэ, журтыбзэкӀэ ВифездэкӀэ еджэу, Ерусалим щыӀэщ. Щхьэ зытелъ сэхитху а зыгъэпскӀыпӀэм иӀэщ.

3 Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт,

4 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт.

5 Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът.

6 Ар щилъагъум, куэд щӀауэ зэрысымаджэр ищӀэрти, Хьисэ абы еупщӀащ: – Ухъужыну ухуей? – жери.

7 – Зи щӀыхь ин, – жиӀащ сымаджэм, – псыр щыщэнауэкӀэ, зыгъэпскӀыпӀэм сыхэзышэн гъусэ сиӀэкъым. Сэ сынэмысурэ, нэгъуэщӀ гуэр сяпэ йощри, псым хохьэ.

8 КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ, – жиӀащ Хьисэ.

9 А лӀыр напӀэзыпӀэм хъужащ, и алэрыбгъур къищтэри къикӀухьащ. Ар къыщыхъуар щэбэт махуэт.

10 Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.

11 – Сэ сызыгъэхъужам «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къызжиӀащ, – къажриӀэжащ а лӀым абыхэм.

12 – «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къыбжезыӀар хэт хъуну? – жаӀэри еупщӀащ.

13 ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.

14 А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.

15 А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ.

16 Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.

17 – Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.

18 Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.


Къуэ лъапӀэм иӀэ тепщэныгъэр

19 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.

20 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъу. Абы илэжь псори езым и Къуэм кърегъэлъагъу, мы Ӏуэхухэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэхэри къригъэлъагъунущ и Къуэм, флъэгъумэ фымыгъэщӀэгъуэн флъэмыкӀыну.

21 Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.

22 Адэ лъапӀэм зыми хьэкум трищӀыхьыркъым, хьэкум Ӏуэху псори абы и Къуэм иритащ,

23 цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.

24 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.

25 Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.

26 Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.

27 Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.

28 – Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ.

29 ФӀы зыщӀахэр псэуну къэтэджыжынущ, Ӏей зыщӀахэри я къуаншагъэм хуэфащэр ягъуэтыжыну къэтэджыжынущ.

30 Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.


Хьисэ щыхьэт техъуэхэр

31 – Сэр-сэру щыхьэт сызытехъуэжмэ, си щыхьэтыгъэр ирикъунукъым,

32 щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.

33 – Фэ Иуан лӀыкӀуэхэр хуэвгъэкӀуащ, езыри щыпкъагъэм щыхьэт техъуащ.

34 Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.

35 Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.

36 – Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.

37 Адэ лъапӀэу сэ сыкъэзыгъэкӀуар езым и щхьэкӀэ щыхьэт къыстехъуащ. Абы и макъыр фэ зэи зэхэфхакъым, езыми фытеплъакъым.

38 Абы сыкъызэригъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывимыӀэм щхьэкӀэ, абы и псалъэхэр фигу илъ зэпыткъым.

39 Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.

40 Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.

41 – ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.

42 Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.

43 Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.

44 Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?

45 – Адэ лъапӀэм и пащхьэм сэ фыщызгъэкъуэншэну фи мыгугъэ. Фэ фызыщыгугъ Мусэ бегъымбарырщ фызыгъэкъуэншэнур.

46 МусэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀатэмэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ фиӀэнт, Мусэ зи гугъу ищӀар сэращи.

47 Абы итхар фи фӀэщ щымыхъукӀэ, дауэ сэ жысӀэр фи фӀэщ зэрыхъунур?

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan