Иуан 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Самарие щыщ цӀыхубзым Хьисэ зэрепсэлъар 1 Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм нэхърэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр нэхъыбэ хъуурэ, Хьисэ ахэр зэриумэхъым и хъыбарыр фарисейхэм зэралъэӀэсар Хьисэ къищӀащ. 2 (Ахэр зыумэхъыу щытар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр арщ, езы Хьисэкъым.) 3 А хъыбарыр щызэхихым, Иудей хэкум икӀри, Галилей хэкум кӀуэжащ Хьисэ. 4 Самарие хэкум кӀуэцӀрыкӀыну къыпэщытт Хьисэ. 5 КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут. 6 А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар. 7 Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ. Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ. 8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ. 9 Уэ ужуртщ, сэ Самарие сыщыщ цӀыхубзщ, – къыжриӀащ самарие цӀыхубзым Хьисэ. – Псы уезгъэфэну дауэ укъызэлъэӀуфрэ? – (Апхуэдэу щӀыжиӀар журтхэмрэ самарие цӀыхухэмрэ зэхыхьэу щыттэкъыми, аращ.) 10 – Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым. 11 – Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур? 12 Ди адэшхуэ Екъубщ мы псыкъуийр къытхуэзыгъэнар. Езыри и къуэхэри мы псым щыщ ефэу, и былымхэри иригъафэу щытащ. Абы нэхърэ унэхъыщхьэ уэ? 13 – Мы псым щыщ хэт ефэми, псы хуэлӀэжынущ, – жэуап иритыжащ Хьисэ. 14 – Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ. 15 – Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псы сыхуэмылӀэжыну, псыхьи сыкъэмыкӀуэжыну а псым щыщ къызэт. 16 – КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. 17 – Щхьэгъусэ сиӀэкъым, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Щхьэгъусэ узэримыӀэр пэжу жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ цӀыхубзым. 18 – Уэ щхьэгъуситху уиӀащ, иджы уиӀэр уи щхьэгъусэкъым. А къыжыпӀар пэжщ. 19 – Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. 20 – Ди адэжьхэр мы Ӏуащхьэм Тхьэм щелъэӀуу щытащ, ауэ фэ, журтхэм, жывоӀэ Тхьэм ущелъэӀун хуейр Ерусалим дежу. 21 – Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ. 22 Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи. 23 Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр. 24 Тхьэр псэщ, абы елъэӀухэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи щыпкъагъэкӀи елъэӀун хуейщ. 25 – ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ. 26 – А жыхуэпӀэр сэращ, иджыпсту къопсалъэрщ, – жриӀащ Хьисэ абы. 27 Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу. 28 А цӀыхубзым и кхъуэщыныр къигъанэщ, къалэм дыхьэжри, цӀыхухэм яжриӀащ: 29 – ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр? 30 Къалэм къыдэкӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ цӀыхухэр. 31 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ. 32 Хьисэ яжриӀащ: – Фэ фи мынэӀуасэ шхыныгъуэ сиӀэщ. 33 Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ. 34 – Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 35 – МазиплӀ дэкӀмэ, гъавэ Ӏухыжыгъуэр къэсынущ, аракъэ фэ жыфӀэр? АтӀэ сэ нывжызоӀэ, фи напӀэр къэфӀэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Ӏухыжыгъуэр къэсащ. 36 Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ. 37 «Зым жылэ есэ, адрейм гъавэр Ӏуехыж» жыхуаӀэ псалъэжьыр пэж хъуащ. 38 Фэ гугъу фызыдемыхьа гъавэр Ӏуфхыжыну фызгъэкӀуащ. А гъавэм нэгъуэщӀхэр гугъу дехьащ, ауэ фэри абыхэм я Ӏуэхум фыхыхьащ. 39 А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ. 40 Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ. 41 Хьисэ и псалъэхэр щызэхахым, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъыбэж хъуащ. 42 – Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм и къуэр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 8:5-13 ; Лука 7:1-10 ) 43 А махуитӀыр дэкӀа нэужь, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, Галилей хэкум кӀуащ; 44 бегъымбарым езыр щапӀа къалэм щӀыхь къызэрыщыхуамыщӀыр Хьисэ и нэгу щӀэкӀати. 45 Хьисэ Галилей хэкум къыщыкӀуэм, абы ис цӀыхухэм ирагъэблэгъащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр махуэшхуэм Ерусалим щыӀати, а махуэхэм Хьисэ абы щилэжьа псори щалъэгъуат. 46 Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът. 47 Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ. 48 – Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фэ фымылъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъунукъым, – жриӀащ абы Хьисэ. 49 – Зи щӀыхь ин, си къуэр мылӀэ щӀыкӀэ къакӀуэ, – къыжриӀащ Хьисэ пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм. 50 – КӀуэж, уи къуэр псэунущ, – жиӀащ Хьисэ. Хьисэ жриӀа псалъэхэр и фӀэщ хъури, а лӀыр кӀуэжащ. 51 Ӏэтащхьэр кӀуэжу гъуэгу здытетым, абы и унэӀутхэр къыпежьэри къыжраӀащ: – Уи къуэр псэунущ. 52 – Сыхьэтыр дапщэм деж нэхъыфӀ хъууэ щыщӀидзар? – еупщӀащ абыхэм Ӏэтащхьэр. – Дыгъуасэ шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр зым деж плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ, – къыжраӀащ унэӀутхэм. 53 Ар къыщыжраӀэм, Ӏэтащхьэм игу къэкӀыжащ и къуэм плъыржьэрыр щыщхьэщыкӀар «Уи къуэр псэунущ» жиӀэу Хьисэ къыщыжриӀэгъа сыхьэт дыдэм зэрытехуэр. Езыми езым и унагъуэми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абы и ужькӀэ. 54 Иудейм къикӀыжу Галилейм къыщыкӀуам, етӀуанэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу Хьисэ къигъэлъэгъуар аращ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden