Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ

1 Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт.

2 Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.

3 – Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.

4 – ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?

5 – Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.

6 ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.

7 «ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ.

8 Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.

9 – Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.

10 – Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.

11 – Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.

12 Мы дунейм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀащ, фэ фи фӀэщ хъуркъым. Уафэм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀэмэ, дауэ фи фӀэщ зэрыхъунур?

13 Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ.

14 Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,

15 езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэ зыми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.

16 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.

17 Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.

18 Тхьэм езым и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъэкъуэншэнукъым, ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ дэтхэнэри Тхьэм игъэкъуэншакӀэщ и Къуэ закъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрымыхъуам щхьэкӀэ.

19 Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.

20 Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым.

21 Ауэ щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри нэхум йокӀуалӀэ, Тхьэм и псэм зэрыщыщым папщӀэ а Ӏуэхухэр зэрилэжар нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Иуан Хьисэ зэрытепсэлъыхьар

22 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.

23 Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.

24 А зэманым Иуан лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым.

25 Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ.

26 И гъуэгу ирикӀуэхэр и деж къакӀуэри, Иуан къыжраӀащ: – Равви, еплъ, Иорданыпсым и адрыщӀым уэ узигъуса икӀи щыхьэт узытехъуа лӀым цӀыхухэр щеумэхъ икӀи цӀыху псори абы и деж къокӀуэ.

27 – Тхьэм лъимыгъэкӀмэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым, – жиӀащ Иуан.

28 – «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.

29 НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ.

30 Ар нэхъ ин хъун хуейщ, сэ нэхъ цӀыкӀу сыхъун хуейщ.


Уафэм къехыр

31 – ИщхьэкӀэ къехыр псоми ящхьэжщ. Ауэ щӀылъэм щыщыр щӀылъэм ейщ, щӀылъэм тетхэр зэрыпсалъэм хуэдэу ари мэпсалъэ. Уафэм къехыр псоми ящхьэщ.

32 Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым.

33 Абы и щыхьэтыгъэр зыдам Тхьэр зэрыщыпкъэр идауэ мэхъу.

34 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.

35 Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.

36 Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan