Иуан 21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуиблым закъызэрыригъэлъэгъуар 1 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ: 2 Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт. 3 – Бдзэжьеящэ сыкӀуэнущ, – яжриӀащ Симон Петр адрейхэм. – Дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ, – къыжраӀащ адрейхэм. ИтӀанэ ежьэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэри кӀуащ, ауэ а жэщым зыри къаубыдакъым. 4 Нэху щыщам, Хьисэ псы Ӏуфэм Ӏуутт, ауэ ар зэры-Хьисэр и гъуэгу ирикӀуэхэм къацӀыхужакъым. 5 – Ныбжьэгъухэ, бдзэжьей къэвубыда? – къеупщӀащ Хьисэ. – Хьэуэ, зыри къэдубыдакъым, – къыжраӀащ абыхэм. 6 – Кхъуафэжьейм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ хъыр хэвдзи, къэвубыдынущ, – яжриӀащ Хьисэ. Ар щажриӀэм, хъыр хадзэри, хъым апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къихьати, къыхахыжын яхузэфӀэкӀакъым. 7 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэм Петр жриӀащ: – Мыр Зиусхьэныращ. Ар зэры-Зиусхьэныр щызэхихым, Симон Петр и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихати, ар зришэкӀыжри, псым зыхидзащ. 8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм бдзэжьей зэрылъ хъыр къыздалъэфурэ, кхъуэфэжьейкӀэ къэсащ. Ахэр псы Ӏуфэм пэжыжьэтэкъым, ӀэфракӀэ щитӀым хуэдиз къудейт зэрыӀукӀар. 9 Псы Ӏуфэм къыщысым, фӀамыщӀ мафӀэр зэщӀэгъэнауэ, абы бдзэжьей пэрылъу, щӀакхъуи бгъэдэлъу ялъэгъуащ. 10 – Къэвубыда бдзэжьейхэм ящыщ къэфхь иджы! – яжриӀащ Хьисэ. 11 Симон Петр кхъуафэжьеймкӀэ кӀуэри, бдзэжьей инхэр зэрыз хъыр псы Ӏуфэм кърилъэфэлӀащ. Хъым илъа бдзэжьейхэр щэрэ тхущӀрэ щырэ хъурт. Апхуэдиз илъа пэтми, хъыр итӀани зэфӀэтхъакъым. 12 – ФыкъакӀуи, пщэдджыжьышхэр фышхэ, – яжриӀащ Хьисэ. «Уэ хэт ущыщ?» жиӀэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ зыри абы еупщӀыну тегушхуакъым. Ар зэры-Зиусхьэныр къащӀат. 13 Хьисэ къакӀуэщ, щӀакхъуэр къищтэри, яритащ. Бдзэжьейри яритащ. 14 Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм абдеж ещанэрейуэ закъригъэлъэгъуауэ арат. Хьисэ Петр зэрепсэлъар 15 Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ: – Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ? – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ. 16 – Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы. – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ. 17 – Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ. 18 – Пэж дыдэр бжызоӀэ, уэ уи щӀалэгъуэм щыгъуэ уи бгым бгырыпх уэр-уэру щӀэпкъузэрти, уздыхуейм укӀуэрт. Ауэ жьы ухъумэ, уи Ӏэхэр пшиинурэ, нэгъуэщӀ гуэрым бгырыпхыр уи бгым къыпхущӀикъузэнурэ, уздэкӀуэну узыхуэмейм уишэнущ. 19 Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур, Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь: – Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Хьисэрэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъэгъуамрэ 20 Петр къыщызэплъэкӀым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр я ужь зэритым гу лъитащ. А лӀыращ пщыхьэщхьэшхэм щыгъуэ Хьисэ бгъэдэсу Ӏэнэм здыпэрысыр къеупщӀыгъар: «Зиусхьэн, тепщэныгъэ зиӀэхэм хэт уезыгъэубыдынур?» – жиӀэу. 21 Петр а лӀыр щилъагъум, Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы лӀыр дауэ хъуну? 22 – Сэ дунейм сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр? – жиӀащ Хьисэ. – Уэ си ужь къиувэ! 23 Арати, «Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыр лӀэнукъым», жаӀэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшхэм хъыбар ирахьэжьащ. Ауэ «Ар лӀэнукъым», жиӀэу Хьисэ Петр жриӀатэкъым. Хьисэ къыжриӀар мыращ: «Сэ сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр?» 24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыращ мы Ӏуэхухэм щыхьэт ятехъуэри ахэр зытхари. Абы и щыхьэтыгъэр зэрыпэжыр дэ дощӀэ. 25 Хьисэ нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди ищӀащ. Сэ зэрыслъытэмкӀэ, а Ӏуэху псори зырызурэ тхылъ пщӀатэмэ, а тхылъхэр мы дунейм техуэжынтэкъым. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden