Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
( Маттэ 28:1-10 ; Марк 16:1-8 ; Лука 24:1-12 )

1 Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ.

2 Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.

3 Петррэ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэ адрей лӀымрэ унэм щӀэкӀри, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.

4 А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ.

5 Зригъэзыхщ, щӀэплъэри, джэбынхэр щылъу илъэгъуащ, ауэ кхъэлэгъунэм щӀыхьакъым.

6 Абы и ужь иту, Симон Петр нэсри, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, джэбынхэр абдежым щылъу илъэгъуащ.

7 Хьисэ и щхьэм ешэкӀауэ щыта джэбыныр адрей джэбынхэм ябгъэдэмылъу, щхьэхуэу, зэкӀуэцӀышыхьауэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ деж щылът.

8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ;

9 сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.

10 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж ягъэзэжащ итӀанэ.


Хьисэ Магдалэ жылэм щыщ Мэрием зыкъызэрыригъэлъэгъуар
( Марк 16:9-11 )

11 Мэрием кхъэлэгъунэм деж щыту гъырт. Гъыурэ, кхъэлэгъунэм щӀэплъэну зыщригъэзыхым,

12 мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.

13 Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ: – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.

14 Ар зэрыжиӀэу къызэплъэкӀри, Хьисэ абдежым щыту илъэгъуащ, ауэ ар зэры-Хьисэр къицӀыхужакъым.

15 – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – къыжриӀащ Хьисэ. – Хэт узылъыхъуэр? Мэрием, ар жыг хадэр зыгъэкӀ лӀырауэ къыфӀэщӀри, абы жриӀащ: – Зи щӀыхь ин, ар щӀэзыхар уэрамэ, здэпхьар къызжеӀи, сэ ар къэсхьыжынущ.

16 – Мэрием, – жиӀащ Хьисэ. Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ: – Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)

17 – УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».

18 Ар къыщыжриӀэм, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж кӀуэри, Зиусхьэныр зэрилъэгъуари а псалъэхэр къызэрыжриӀари яхуиӀуэтэжащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм закъызэрыригъэлъэгъуар
( Маттэ 28:16-20 ; Марк 16:14-18 ; Лука 24:36-49 )

19 А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!

20 Ар жиӀэри, и Ӏэхэри и джабэри къаригъэлъэгъуащ. Зиусхьэныр щалъагъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр гуфӀащ.

21 – Фигу ирезагъэ! – къажриӀащ Хьисэ аргуэру. – Адэ лъапӀэм сэ сыкъызэригъэкӀуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакӀуэ.

22 Ар жиӀа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм епщэри яжриӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фигу илъ ирехъу.

23 Гуэныхьхэр зыхуэвгъэгъум хуэгъунущ, зыхуэвмыгъэгъум хуэгъунукъым.


«Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ» жиӀэу Фомэ Хьисэ зэрыжриӀар

24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым языр, Фомэ, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэр, Хьисэ къыщыкӀуам, адрейхэм я гъусатэкъым.

25 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ: – Зиусхьэныр тлъэгъуащ. – ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.

26 Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!

27 Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.

28 – Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.

29 – Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.


Мы тхылъыр щӀэттхар

30 Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм нэмыщӀ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я пащхьэм мы тхылъым имыт нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къыщигъэлъэгъуащ.

31 Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan