Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Канэ жылэм щыӀа хьэгъуэлӀыгъуэр

1 Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм хьэгъуэлӀыгъуэ щыӀащ ещанэ махуэм. Хьисэ и анэри абы ирихьэлӀащ.

2 Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.

3 Фадэр щаухым, анэм Хьисэ жриӀащ: – Санэ яӀэжкъым.

4 – А цӀыхубз, сыт сэ си Ӏуэхуу абы хэлъыр? Си пӀалъэр иджыри къэсакъым, – жриӀащ Хьисэ и анэм.

5 – Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.

6 Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.

7 – Псылъэхэм псы изу ивгъахъуэ, – яжриӀащ Хьисэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм. Арати, изыбзэу ирагъэхъуащ.

8 Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Псылъэхэм хуэм-хуэмурэ къифхи, хьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм зэфэн хуэфхь. Апхуэдэуи ящӀащ.

9 Тхьэмадэр фадэ хъуа псым еӀубащ. Санэр къыздикӀар ищӀэртэкъым, а псыр псылъэхэм къизыха ӀуэхутхьэбзащӀэхэрт зыщӀэр. ХьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм щауэр къриджэри,

10 жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.

11 Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.

12 И анэри, и къуэшхэри, и гъуэгу ирикӀуэхэри и гъусэу, Хьисэ Капернаум къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ. Махуэ зыщыплӀкӀэ щыӀащ а къалэм.


Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар
( Маттэ 21:12-13 ; Марк 11:15-17 ; Лука 19:45-46 )

13 Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ.

14 Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, выхэр, мэлхэр, тхьэрыкъуэхэр зыщэхэри, ахъшэ зыхъуэжхэри Ӏэнэхэм пэрысу абы щӀилъэгъуащ.

15 КӀапсэм щӀопщ къыхищӀыкӀри, еуэурэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт псори, выхэри мэлхэри я гъусэу, къыщӀихуащ. Ахъшэ зыхъуэжхэми я Ӏэнэхэр щхьэпридзащ, я ахъшэхэри ирикъухьащ.

16 – Мыхэр Ӏуфх. Си Адэм и унэр сатущӀыпӀэ фымыщӀ, – яжриӀащ Хьисэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм.

17 «Уэ уи унэм сызэрыфӀэлӀыкӀым щхьэкӀэ согузавэ» псалъэхэр Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягу къэкӀыжащ абдежым.

18 Журтхэм Хьисэ къыжраӀащ абы щыгъуэ: – Мыр пщӀэну хуитыныгъэ зэрыуиӀэм и щыхьэту сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ дыбгъэлъагъун?

19 – Мы тхьэ унэр зэхэфкъути, сэ махуищкӀэ зэтезгъэувэжынщ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм.

20 – Мы тхьэ унэр илъэс плӀыщӀрэ хыкӀэ ящӀащ, – жаӀащ журтхэм, – уэ ар махуищкӀэ зэтебгъэувэжыфынуи?

21 Хьисэ тхьэ унэ жыхуиӀар езым и пкъырат.

22 Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


ЦӀыху псоми ягу илъыр Хьисэ ещӀэ

23 ӀутӀыж махуэшхуэм Ерусалим щыщыӀэм, Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къигъэлъэгъуахэр я нэгу щӀэкӀати, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

24 Ауэ Хьисэ цӀыхухэм дзыхь яхуищӀыртэкъым, ахэр псори фӀыуэ ицӀыхурти.

25 ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan