Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Пилат зауэлӀхэм Хьисэ яригъэубыдри, щӀопщкӀэ иригъэуащ абы и ужькӀэ.

2 ЗауэлӀхэм банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж яблэри, Хьисэ и щхьэм фӀалъхьащ. Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀэгъащ.

3 Къыбгъэдыхьэри къыщӀэнакӀэрт зауэлӀхэр: – Упсэу, журтхэм я пащтыхь! – жаӀэурэ. Ар жаӀэурэ, абы енэпэфауэрт.

4 Преторием къыщӀэкӀыжри, Пилат журтхэм яжриӀащ: – Зэрызгъэкъуэншэн зыри зэрезмыгъуэтылӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, езыр къыфхущӀызош.

5 Хьисэ банэ тажыр щхьэрыгъыу, абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхьыр щыгъыу къыщӀэкӀащ. Пилат цӀыхухэм яжриӀащ: – Мис езыр!

6 Хьисэ щалъагъум, дин пэшэшхуэмрэ хъумакӀуэхэмрэ зэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – Ар фэ фшэи, жорым ефӀулӀ, – яжриӀащ Пилат, – сэ зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀакъым.

7 Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.

8 А псалъэхэр щызэхихым, Пилат хуабжьу къэшынащ.

9 Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.

10 – Уэ укъызэпсэлъэну ухуэмейуэ, ара? – жриӀащ Пилат Хьисэ. – УзутӀыпщыжынуи жорым урезгъэӀулӀынуи лъэкӀыныгъэ зэрызиӀэр пщӀэркъэ?

11 – Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.

12 Абы къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ зэриутӀыпщыжыным и ужь итащ Пилат. Ауэ журтхэр зэрыгъэкӀийрт: – Ар бутӀыпщыжмэ, кесарым уриныбжьэгъукъым. Пащтыхь зыфӀэзыщ дэтхэнэри кесарым и бийщ.

13 А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ къыщӀишри, Пилат хеящӀэ тӀысыпӀэм тетӀысхьащ. А тӀысыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм и цӀэр Лифостротонщ, журтыбзэкӀэ Гаввафэщ.

14 А махуэр ӀутӀыж махуэшхуэм и пэ къихуэ мэрем махуэт. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар. – Мис фи пащтыхьыр! – яжриӀащ Пилат журтхэм.

15 – Ӏуш, Ӏуш, жорым еӀулӀ ар, – зэрыгъэкӀиящ ахэр. – Фи пащтыхьыр жорым есӀулӀынуи? – яжриӀащ Пилат. – Кесарым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ пащтыхь диӀэкъым, – жаӀащ дин пашэшхуэхэм.

16 Апхуэдэу щыхъум, Пилат Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ. Хьисэ здашэри ӀукӀыжащ итӀанэ.


Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
( Маттэ 27:32-44 ; Марк 15:21-32 ; Лука 23:26-43 )

17 Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.

18 А щӀыпӀэм Хьисэ жорым щраӀулӀащ. ЦӀыхуитӀ ибгъу зырызым къыщыту, Хьисэ я зэхуакум дэту, жорхэм ираӀулӀащ.

19 Пхъуэбгъу кӀапэм «Назарет щыщ Хьисэу журтхэм я Пащтыхьыр» жиӀэу, Пилат и зауэлӀхэм трыригъатхэри, жорым трыригъэӀулӀащ. Ар журтыбзэкӀи, алыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи тратхат.

20 Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэр къалэм и гъунэгъути, журтхэм ящыщу а тхыгъэм еджар куэд хъурт.

21 Журтхэм я дин пашэшхуэхэм Пилат жраӀащ: – «Журтхэм я пащтыхьыр» жыпӀэу томытхэ, атӀэ Хьисэ «Сэ журтхэм срапащтыхьщ» жиӀэу зэрыщытар тетхэ.

22 – Сэ стхар тхауэ щрет, – жиӀащ Пилат.

23 ЗауэлӀхэм Хьисэ жорым щраӀулӀым, и щыгъынхэр ящтэри, дэтхэнэ зауэлӀми зы Ӏыхьэ иратурэ, ӀыхьиплӀу ягуэшащ. Джанэри ящтащ, арщхьэкӀэ джанэр мыдауэ, пщэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс зы щэкӀышхуэу зэӀущауэ щытт.

24 – Мыр зэпыдмыгъэжу, пхъэидзэ дывгъэщӀи, зытехуэм еттынщ, – жаӀащ абыхэм. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Си щыгъынхэр зэхуагуэшащ, си джанэм щхьэкӀэ пхъэидзэ ящӀащ». А псалъэхэм тетущ зауэлӀхэм Хьисэ и щыгъыныр зэрагуэшар.

25 Хьисэ и анэри, и анэм и шыпхъури, Клеопэ зи цӀэм и щхьэгъусэ Мэриемри, Магдалэ жылэм щыщ Мэриеми Хьисэ и жорым бгъэдэтт.

26 Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ: – Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!

27 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэм жриӀащ итӀанэ: – Мыращ иджы уи анэр! Асыхьэтым къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу зым езым и унэм Хьисэ и анэр ишащ, ар псэупӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.


Хьисэ зэрылӀар
( Маттэ 27:45-56 ; Марк 15:33-41 ; Лука 23:44-49 )

28 И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.

29 Серчэ изу фалъэ щытт абдежым. ЩӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэр быдэу зыщӀрагъэфщ, хьиссопкӀэ зэджэ къамыл башым ар фӀаӀури, Хьисэ и жьэм ирахьэлӀащ.

30 Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ: – Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ. И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.

31 Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ: – Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ, хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.

32 Арати, зауэлӀхэр къакӀуэри, япэрейм и лъэдийр зэпаудащ. Хьисэ и гъусэу адрей жорым еӀулӀам и лъэдийри зэпаудащ.

33 Хьисэ къыбгъэдыхьэхэри, зэрылӀар щалъагъум, абы и лъэдийр зэпамыуду къагъэнащ.

34 ЗауэлӀхэм ящыщ гуэр Хьисэ и джабэм бжыкӀэ епыджащ. Зэрепыджу лъырэ псырэ къыщӀэкӀащ абы.

35 Къэхъуар зылъэгъуар а Ӏуэхум щыхьэт техъуащ, и щыхьэтыгъэри пэжщ. Ар зэрыпэжыр езыми ещӀэ. Фэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ ар щыхьэт щӀэхъур.

36 Мы Ӏуэху псори апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Абы и къупщхьэхэм ящыщ зыри зэпыудынукъым».

37 Абы нэмыщӀу, Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Зэпыджам худэплъеинущ».


Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
( Маттэ 27:57-61 ; Марк 15:42-47 ; Лука 23:50-56 )

38 Аримафей жылэм щыщу, Исуф зи цӀэ лӀы гуэр щыӀащ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щэхуу ящыщт. А Ӏуэхугъуэр щӀибзыщӀыр журтхэм ящышынэти, аращ. Ар Пилат деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀэсхыжыну хуит сыщӀ, – жиӀэри. Пилат хуит щищӀым, кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀихыжащ Исуф.

39 Исуф и гъусэу Никодими къэкӀуащ. Никодимщ Хьисэ деж жэщым къакӀуэуэ щытар. Мэ ӀэфӀ къызыпих удзу смирнэрэ алоерэ литрищэу хуэдиз зэхищӀари къыздихьащ абы.

40 А тӀум Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, журтхэм хьэдэр зэрыщӀалъхьэж хабзэм тету, мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэр и гъусэу, джэбынхэр хьэдэм ирашэкӀащ.

41 Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэм жыг хадэ щыӀэт. А хадэм хьэдэ зэи зыщӀамылъхьа кхъэлэгъуныщӀэ итт.

42 Журтхэм щэбэт махуэм зыщыхуагъэхьэзыр махуэт, а кхъэлэгъунэри гъунэгъути, Хьисэ и хьэдэр абы щӀалъхьащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan