Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ зэраубыдар
( Маттэ 26:47-56 ; Марк 14:43-50 ; Лука 22:47-53 )

1 Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Кедрон псым зэпрыкӀащ. Абдежым жыг хадэ итт. Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а хадэм ихьащ.

2 Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.

3 Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.

4 Хьисэ къыщыщӀыну псори езым ищӀэжырти, япежьэри еупщӀащ: – Хэт фызылъыхъуэр?

5 – Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэращ ар, – яжриӀащ Хьисэ. Хьисэ абыхэм езыгъэубыдыну Иудэр абыхэм яхэтт.

6 «Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.

7 Хэт фызылъыхъуэр? – аргуэру еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.

8 – Сэращ ар, нывжесӀакъэ? – яжриӀащ Хьисэ. – Фызылъыхъуэр сэрамэ, зыри евмыщӀэу, си гъусэхэр футӀыпщыж.

9 Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар езым Адэ лъапӀэм жриӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Уэ сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм ящыщ зыри сфӀэкӀуэдакъым».

10 Симон Петр джатэ иӀыгъти, ар кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэлъэтащ. А унэӀутым и цӀэр Малхт.

11 – Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


Хьисэ дин пашэшхуэм и пащхьэм зэрырашар
( Маттэ 26:57-58 ; Марк 14:53-54 ; Лука 22:54 )

12 Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.

13 Аннэ зи цӀэм деж яшащ япэщӀыкӀэ. Аннэ а илъэсым и дин пашэшхуэу Кайафэ зи цӀэм и щыкъу адэт.

14 А Кайафэращ адрей журтхэм мыпхуэдэ чэнджэщ езытауэ щытар: «Дэ ди лъэпкъ псори кӀуэд нэхърэ, зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, нэхъыфӀщ».


Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
( Маттэ 26:69-70 ; Марк 14:66-68 ; Лука 22:55-57 )

15 Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрымрэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. А лӀыуэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэр дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытти, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм дыхьащ Хьисэ щӀыгъуу.

16 Петр пщӀантӀэм дэмыхьэу куэбжэпэм къыӀунащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ лӀыуэ дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытыр къыдэкӀыжщ, куэбжэӀут хъыджэбзым жриӀэри, Петри пщӀантӀэм дишащ абы и ужькӀэ.

17 – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ куэбжэӀут хъыджэбзыр Петр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр.

18 Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.


Дин пашэшхуэр Хьисэ зэреупщӀар
( Маттэ 26:59-66 ; Марк 14:55-64 ; Лука 22:66-71 )

19 Дин пашэшхуэр Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр хэт хъуну? ЦӀыхухэм уэ ебгъащӀэ Ӏуэхухэр сыт зищӀысыр?

20 – СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.

21 Сыт укъыщӀызэупщӀыр? Псалъэу яжесӀар зэхэзыхахэм еупщӀ. Абыхэм сэ жысӀар ящӀэркъэ?

22 Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ: – Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?

23 – Мыхъун жысӀамэ, сызэрыщыуар къызжеӀэ – жриӀащ абы Хьисэ. – Пэжыр жысӀамэ, сыт укъыщӀызэуэр?

24 Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.


Петр Хьисэ имыцӀыхуу аргуэру зэрыжиӀар
( Маттэ 26:71-75 ; Марк 14:69-72 ; Лука 22:58-62 )

25 Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху. – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.

26 Дин пашэшхуэм и унэӀутхэм ящыщу зи тхьэкӀумэ Петр къыпигъэлъэтам и благъэ гуэрым жиӀащ: – А лӀым уригъусэу жыг хадэм ущыслъэгъуакъэ?

27 – Хьэуэ, ар пэжкъым, – жиӀэри Петр аргуэру идакъым. Ар зэрыжиӀэу, адакъэ Ӏуащ.


Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
( Маттэ 27:1-2 , 11-14 ; Марк 15:1-5 ; Лука 23:1-5 )

28 Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.

29 Арати, Пилат Ӏэтащхьэр преторием щӀэкӀри, яжриӀащ: – Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?

30 – Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.

31 – Фшэжи, фи хабзэм тету, ищӀам хуэфащэу хьэкум тефщӀыхь, – яжриӀащ Пилат. – Дэ зыгуэрым укӀ тетлъхьэну дыхуиткъым, – къыжраӀащ журтхэм Пилат.

32 Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.

33 Пилат преторием щӀыхьэжщ, Хьисэ къригъашэри еупщӀащ: – Журтхэм урапащтыхь?

34 – Ар уэр-уэру жыпӀэрэ, хьэмэрэ сэ къыстеухуауэ нэгъуэщӀхэр къопсэлъа? – жиӀащ Хьисэ.

35 – Сэ сыжурт-тӀэ? – жэуап къитыжащ Пилат. – Уи лъэпкъымрэ дин пашэшхуэхэмрэ укъысхуашащ. Сыт уэ пщӀар?

36 – Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.

37 – АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.

38 – Щыпкъагъэу жыхуэпӀэр сыт? – щӀэупщӀащ Пилат. Пилат ар жиӀэщ, журтхэм я деж щӀэкӀыжри, яжриӀащ: – Мы лӀыр зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.


Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
( Маттэ 27:15-31 ; Марк 15:6-20 ; Лука 23:13-25 )

39 Ауэ лъэхъуэщым щӀэс гуэр Ӏутыж мэхуэшхуэ къэс къыфхуэзутӀыпщыжу фи хабзэщ. Аращи, «Журтхэм я пащтыхьу» жыхуаӀэр къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей?

40 – Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan