Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ Тхьэм зэрелъэӀуар

1 А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.

2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.

3 ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.

4 Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.

5 Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.

6 Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ.

7 Сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псори уэ къызэрыббгъэдэкӀар абыхэм иджы ящӀэ;

8 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

9 Сэ абыхэм щхьэкӀэ сынолъэӀу. Дунейм и цӀыхухэракъым сызыхуэлъаӀуэр, атӀэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэращ, ахэр ууейщи.

10 Сэ си ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэр псори ууейщ, уэ уи цӀыху псори сысейщ. Абыхэми си щӀыхьышхуэр къагъэнахуэ.

11 Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ.

12 Сэ абыхэм сыщрагъусам, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр схъумащ икӀи сахуэсакъащ. КӀуэдын хуей цӀыхум фӀэкӀа абыхэм ящыщ зыри кӀуэдакъым, Тхьэм и псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэ.

13 – Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ.

14 Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.

15 Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым.

16 Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым.

17 Абыхэм пэжыгъэкӀэ зыкъыуатын щӀы. Уэ уи псалъэхэращ щыпхъэр.

18 Уэ дунейм сыкъызэрыбгъэкӀуам хуэдэу, сэри ахэр дунейм згъэкӀуащ.

19 Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ уэ зыныузот, абыхэми пэжу зыкъыуата хъун щхьэкӀэ.

20 – Сэ сызыхуэлъаӀуэр абыхэм я закъуэкъым, абыхэм я псалъэхэмкӀэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну цӀыхухэми сахуолъаӀуэ.

21 А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.

22 Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ:

23 Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.

24 – Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.

25 – Си Адэ захуэ, дунейм и цӀыхухэм уэ уащӀэркъым, ауэ сэ узощӀэ. Си цӀыхухэм уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар ящӀэ.

26 Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan