Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 – Мы Ӏуэху псори щӀывжесӀар си гъуэгу фытемыкӀын щхьэкӀэщ.

2 Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.

3 Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.

4 А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм илэжь Ӏуэхухэр

5 – Сэ сыкъэзыгъэкӀуам деж сыкӀуэжынущ иджы. Ауэ фэ фщыщ зыри сэ къызэупщӀыркъым: «Дэнэ уздэкӀуэр?» жиӀэу.

6 Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ.

7 Пэжыр вжызоӀэ, сэ сызэрыфхэкӀыжыр фэркӀэ нэхъыфӀщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыфхэмыкӀыжмэ, фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуэкӀуэнукъым. Сэ сыщыкӀуэжкӀэ, ар къыфхуезгъэхынущ.

8 Фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыщыкӀуэкӀэ, гуэныхь щӀэныр зыхуэдэри, щыпкъагъэр зыхуэдэри, Тхьэм мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьынури захригъэщӀыкӀынущ:

9 сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрымыхъуар зэрыгуэныхьыр абыхэм захригъэщӀыкӀынущ;

10 сигу щыпкъагъэ зэрилъри захригъэщӀыкӀынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынурэ, сыфлъагъужынукъыми;

11 Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.

12 – Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.

13 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.

14 Абы си щӀыхьыр иӀэтынущ, фигъэщӀэну Ӏуэхухэр сэ къызбгъэдэкӀхэращи.

15 Адэ лъапӀэм иӀэ псор сысейщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэм сэ жысӀэ Ӏуэхухэр зэрывигъэщӀэнур щӀывжесӀар аращ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэрихъуэкӀынущ

16 – Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущи.

17 Хьисэ ар щыжиӀэм, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – «Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» икӀи «Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ» жыхуиӀэм сыту пӀэрэ къригъэкӀыр?

18 Абыхэм жаӀэрт: – «Куэд мыщӀэу» жыхуиӀэм къригъэкӀыр тщӀэркъым.

19 Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?

20 Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ.

21 ЦӀыхубзым бын щигъуэткӀэ, гугъуехь ешэч, гугъу щехьын сыхьэтыр къэсащи. Ауэ сабийр дунейм къытехьа нэужь, мэгуфӀэ, гугъуехьу ишэчар щогъупщэж, дунейм цӀыхущӀэ къытехъуащи.

22 Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.

23 А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.

24 Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.


Сэ дунейм сытекӀуащ

25 – Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.

26 А махуэм Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ фелъэӀунущ. Фэ фтеухуауэ Адэ лъапӀэм селъэӀуну вжесӀэркъым;

27 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ сэ фӀыуэ сызэрыфлъэгъуам, Тхьэм сызэрыщыщымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, езы Адэ лъапӀэми фӀыуэ фыкъелъагъу.

28 Адэ лъапӀэм сыщыщу дунейм сыкъытехьащ. Дунейм аргуэру сытекӀыжынурэ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ.

29 – Ущие хъыбар хэмыту, нахуэу уопсалъэ иджы, – жаӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.

30 – Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.

31 – ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуа иджы? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.

32 – Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.

33 – Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan