Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр зэрахуитхьэщӀар

1 ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.

2 Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.

3 И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,

4 Хьисэ Ӏэнэм пэрыкӀщ, и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихщ, напэӀэлъэщӀ къищтэри, и бгым иришэкӀащ.

5 Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀри, и бгым иришэкӀа напэӀэлъэщӀымкӀэ яхуилъэщӀыжу щӀидзащ итӀанэ.

6 Хьисэ Симон Петр щыбгъэдыхьэм, абы къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ си лъакъуэхэр птхьэщӀ хъуну?

7 Сэ сщӀэр иджыпсту уэ къыбгурыӀуэркъым, ауэ итӀанэ къыбгурыӀуэнущ, – жиӀащ Хьисэ.

8 Сэ си лъакъуэхэр зэи уэзгъэтхьэщӀынукъым, – къыжриӀащ Петр. – ПхуэзмытхьэщӀмэ, си гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.

9 Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.

10 – ЗызыгъэпскӀам и лъакъуэхэм фӀэкӀа итхьэщӀын хуейкъым, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэрыщыту къабзэщ. Фэри фыкъабзэщ, ауэ псори фыапхуэдэкъым.

11 Хьисэ «псори фыапхуэдэкъым» щӀыжиӀар езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынур абыхэм зэрахэтыр ищӀэрти, аращ.

12 Абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀщ, и щыгъыныр зыщитӀэгъэжри, щытӀысыжым, Хьисэ щӀэупщӀащ: – ФхуэсщӀар къывгурыӀуэрэ?

13 Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.

14 Сэ фи Зиусхьэну икӀи фи дин егъэджакӀуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщӀащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщӀын хуейщ.

15 ФщӀэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщӀам хуэдэ фэри фщӀэн щхьэкӀэ.

16 Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.

17 Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.

18 – Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».

19 – Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.

20 Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым ар тепщэныгъэ зиӀэхэм зэраригъэубыдынур къызэрыжиӀар
( Маттэ 26:20-25 ; Марк 14:17-21 ; Лука 22:21-23 )

21 Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.

22 Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ.

23 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.

24 Симон Петр Хьисэ къыбгъэдэсым Ӏэ хуищӀащ, Хьисэ жыхуиӀамкӀэ иригъэупщӀыну.

25 Хьисэ дежкӀэ зигъазэри, а лӀыр абы еупщӀащ: – Хэт ар жыхуэпӀэр, Зиусхьэн?

26 – Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.

27 Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.

28 Хьисэ ар абы щӀыжриӀар Ӏэнэм пэрысхэм ящыщ зыми къыгурыӀуакъым.

29 Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.

30 ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.


УнафэщӀэр

31 Иудэ унэм щыщӀэкӀым, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр ялъагъунущ иджы, абыи Тхьэм и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ.

32 Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.

33 – Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.

34 – УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.

35 ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.


«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ» жиӀэу, Хьисэ Петр зэрыжриӀар
( Маттэ 26:31-35 ; Марк 14:27-31 ; Лука 22:31-34 )

36 Симон Петр Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дэнэ уздэкӀуэр? – Сэ сыздэкӀуэм уэ иджы укъыскӀэлъыкӀуэфынукъым, ауэ итӀанэ укъыскӀэлъыкӀуэнущ, – жриӀэжащ Хьисэ абы.

37 – Зиусхьэн, иджы сыкъыпкӀэлъыкӀуэн сыт щӀыслъэмыкӀынур? Сэ си псэр уэр щхьэкӀэ стынущ, – жиӀащ Петр.

38 – Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan