Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэрием Хьисэ и лъакъуэхэм дагъэ лъапӀэ къазэрыщыщихуар
( Маттэ 26:6-13 ; Марк 14:3-9 )

1 ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт.

2 Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.

3 Нард зи цӀэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу, мэ гуакӀуэ къызыпихым щыщ зы барщыбэ къищтэщ, Хьисэ и лъакъуэхэм щихуэри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ Марфэ. Дагъэм и мэ гуакӀуэр унэм щӀэз хъуащ.

4 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Иудэ Симон Искариот, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынум, жиӀащ:

5 Мы дагъэ лъапӀэр динар щищкӀэ тщэуэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм щӀедмытар сыт?

6 Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.

7 А цӀыхубзым и ужь икӀ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сыщыщӀалъхьэжыну махуэм щхьэкӀэ мы дагъэр схуихъумащ абы.

8 ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.

9 Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт.

10 Арати, дин пашэшхуэхэм Лазари яукӀыну мурад ящӀащ,

11 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пашэхэм журт Ӏэджэ ябгъэдэкӀри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат Лазар и фӀыгъэкӀэ.


ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар
( Маттэ 21:1-11 ; Марк 11:1-11 ; Лука 19:28-40 )

12 Махуэшхуэм щхьэкӀэ къекӀуэлӀа цӀыху куэдым Хьисэ Ерусалим къызэрыкӀуэр зэхахащ етӀуанэ махуэм.

13 Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»

14 Хьисэ зы шыд шыщӀэ къигъуэтри, шэсащ итӀанэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:

15 «Умышынэ, Сион къалэ. Мис, уи пащтыхьыр шыд шыщӀэм тесу къокӀуэ».

16 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.

17 Хьисэ и гъуса цӀыху куэдым адрейхэм зэпымыууэ хуаӀуэтэу щытащ Хьисэ Лазар еджэу, кхъэлэгъунэм къыщӀигъэкӀыжу, лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар.

18 А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр къызэригъэлъэгъуар цӀыху куэдым зэхахати, Хьисэ пежьэну дэкӀащ.

19 Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ: – Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.


Хьисэ езыр зэраукӀынур къызэрыжиӀар

20 Махуэшхуэм щыгъуэ Тхьэм елъэӀуну къэкӀуахэм алыдж гуэрхэр яхэтт.

21 Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.

22 Филипп кӀуэри, Индрисым жриӀащ. ИтӀанэ Филиппрэ Индрисрэ кӀуэри, Хьисэ жраӀащ.

23 – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.

24 – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ.

25 Зи псэр фӀыуэ зылъагъум и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр мы дунейм щызылъагъу мыхъум ар игъащӀэкӀэ щыӀэну къригъэлынущ.

26 Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.

27 – Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.

28 Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.

29 Ар щызэхахым, абдеж цӀыху куэдым жаӀащ: – Уафэр къэгъуэгъуащ. – МелыӀыч гуэр абы къепсэлъащ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми.

30 – А макъыр сэракъым, фэращ къыщӀэхуэӀуар, – жиӀащ Хьисэ.

31 – Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.

32 Ауэ цӀыхухэм сэ сыкъыщаӀэткӀэ, цӀыху псори си деж къесшэлӀэнущ.

33 Езыр зэрылӀэну щӀыкӀэр абыхэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэщ Хьисэ а псалъэхэр щӀыжиӀар.

34 – Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?

35 – Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.

36 Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.


Журтхэм я фӀэщмыхъуныгъэр

37 Абыхэм я пащхьэм апхуэдиз нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр Хьисэ къыщигъэлъэгъуа пэтми, итӀани абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуакъым.

38 ЩӀэмыхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Зиусхьэн, цӀыхухэм хъыбару едгъэщӀар хэт зи фӀэщ хъуар? Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хэт нахуэ зыхуэхъуар?»

39 – А псалъэхэр пэжщ. А цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун ялъэкӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым иту нэгъуэщӀ щӀыпӀэм деж къызэрыщыжиӀам хуэдэу:

40 «Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».

41 Хьисэ иӀэ хъуну щӀыхьышхуэр зэрилъэгъуам щхьэкӀэ, Ешайа бегъымбарым а псалъэхэр жиӀащ. Зи гугъу ищӀар Хьисэщ.

42 Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.

43 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.

44 Хьисэ макъ лъагэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъум фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀэр си закъуэкъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэ мэхъу.

45 Сэ сызылъагъум сэ сыкъэзыгъэкӀуари елъагъу.

46 СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.

47 – Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.

48 Сэ нэмыплъ къызэзыту, си псалъэхэри зымыдэм езыр зыгъэкъуэншэн гуэр бгъэдэлъщ. Псалъэу къыжысӀаращ къемэтмахуэм а цӀыхур зыгъэкъуэншэнур.

49 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэр-сэру си псалъэхэр къыжысӀакъым, атӀэ Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам жысӀэнумкӀэ унафэ къысхуищӀащ.

50 Абы и унафэм цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэригъэхъур сощӀэ. Аращи, сэ къыжысӀэ псори Адэ лъапӀэм къызэрыжиӀам тету къыжызоӀэж.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan