Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Лазар зэрылӀар

1 Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.

2 А Мэриемыр арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр.

3 Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.

4 Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.

5 Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт.

6 Лазар зэрысымаджэр щызэхихым, Хьисэ здэщыӀэ щӀыпӀэм махуитӀкӀэ зыщиӀэжьащ.

7 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы и ужькӀэ: – Иудей хэкум дывгъэкӀуэж.

8 Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.

9 – Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.

10 Ауэ жэщу зекӀуэр мэлъэпэрапэ, нэхум хэткъыми.

11 А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.

12 – Зиусхьэн, ар щыжеякӀэ хъужынущ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.

13 Хьисэ жыхуиӀар Лазар зэрылӀарт, ауэ и гъусэхэм къазэрыгурыӀуар Хьисэ жейм тепсэлъыхьущ.

14 Хьисэ щхьэихауэ яжриӀащ итӀанэ: – Лазар лӀащ.

15 Ар щылӀэм сызэрыримыхьэлӀар си гуапэщ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ. ФынакӀуэ, абы деж дывгъакӀуэ.

16 Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ: – ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.


ЛӀахэр къигъэтэджыжурэ, гъащӀэ езытыр Хьисэщ

17 ЗдэкӀуэм щынэсым, Лазар кхъэлэгъунэм махуиплӀ хъуауэ зэрыщӀалъхьэжар къищӀащ Хьисэ.

18 Вифание жылэр стадие пщыкӀутхукӀэ Ерусалим пэжыжьэт.

19 Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ.

20 Хьисэ къызэрыкӀуэр щызэхихым, Марфэ абы къыпежьащ, Мэрием унэм къыщӀэнащ.

21 – Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.

22 Тхьэм сыт ищӀыскӀэ уелъэӀуми, абы къызэрыпхуищӀэнур сощӀэ.

23 – Уи дэлъхур къэтэджыжынущ, – жиӀащ Хьисэ.

24 – ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.

25 – ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;

26 апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.

27 – Мэхъу, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ. – Тхьэм и Къуэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеяр уэрауэ зэрыщытыр си фӀэщ мэхъу.

28 Ар жиӀа нэужь, Марфэ игъэзэжщ, и шыпхъу Мэрием къриджэри, щэхуу жриӀащ: – Дин егъэджакӀуэр къэкӀуауэ къоджэ.

29 Ар щызэхихым, епӀэщӀэкӀыу къэтэджри, Мэрием Хьисэ деж къэкӀуащ.

30 Хьисэ жылэм иджыри дыхьатэкъым, Марфэ къыщыӀущӀа щӀыпӀэм деж щытт.

31 Абыхэм къахуэгузэвэну къэкӀуа журту Мэрием и гъусэу унэм щӀэсахэм Мэрием епӀэщӀэкӀыу къэтэджу, унэм щӀэкӀыу щалъагъум, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, и дэлъхур абы щигъеин я гугъэри, и ужь иуващ.

32 Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.

33 Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.

34 – Дэнэ хьэдэр щыщӀэфлъхьэжар? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Зиусхьэн, кӀуэи, еплъ, – къыжраӀащ абыхэм.

35 Хьисэ къэгъащ абдежым.

36 Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ: – Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.

37 – А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.


ЛӀахэм Лазар Хьисэ къазэрыхигъэтэджыкӀыжар

38 Хьисэ, игу хэщӀу, кхъэлэгъунэмкӀэ кӀуащ. Ар бгъуэнщӀагът, абы мыви Ӏуалъхьэжат.

39 – Мывэр Ӏуфх, – жиӀащ Хьисэ. ЛӀам и шыпхъу Марфэ Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн, ар зэрылӀэрэ махуиплӀ мэхъу, мэ щоу.

40 – Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.

41 Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.

42 Си лъэӀухэм дапщэщи укъызэредаӀуэр сощӀэ, ауэ мыбдеж щыт цӀыхухэм сыкъэзэрыбгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэщ, мы псалъэхэр щӀыжысӀар.

43 Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!

44 ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
( Маттэ 26:1-5 ; Марк 14:1-2 ; Лука 22:1-2 )

45 Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр щалъагъум, Мэрием деж къэкӀуа журтхэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

46 Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ.

47 Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.

48 Абы зыри едмыщӀэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цӀыху псоми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыӀэщӀэлъхэр къэкӀуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкӀуэдынущ.

49 Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу щыт Кайафэ зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ: – Фэ зыри фщӀэркъым.

50 Ди лъэпкъ псор кӀуэд нэхърэ, лъэпкъым щхьэкӀэ зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, дэркӀэ зэрынэхъыфӀыр къывгурыӀуэркъэ?

51 Ар езыр-езыру къыжиӀакъым, атӀэ а гъэм дин пашэшхуэу щытти, Хьисэ и псэр журт лъэпкъым щхьэкӀэ зэритынур Тхьэм абы игу кърилъхьэри къыжригъэӀащ.

52 Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.

53 Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.

54 Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.

55 Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.

56 Хьисэ къалъыхъуэрт абы щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту цӀыхухэр зэупщӀыжырт: – Дауэ феплърэ? Махуэшхуэм щхьэкӀэ ар къэкӀуэну пӀэрэ?

57 Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan