Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Иуан 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ МэлыхъуэфӀыр

1 Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.

2 ЧэтыбжэмкӀэ щӀыхьэр мэлхэр зыгъэхъур арщ.

3 ХъумакӀуэм мэлыхъуэм бжэр къыхуӀуех, мэлхэри мэлыхъуэм и макъым йодаӀуэ. Мэлыхъуэр и мэлхэм я цӀэкӀэ йоджэри, къыщӀеш.

4 Мэлыхъуэм и мэл псори къыщӀиша нэужь, езыр япэ иту йожьэ. Мэлхэм мэлыхъуэм и макъыр яцӀыхури, абы и ужь иту макӀуэ.

5 Ауэ хамэ гуэрым и ужь иувэркъым, зэбгрож, хамэм и макъыр яцӀыхуркъыми.

6 Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар къажриӀащ, ауэ абы къикӀыр къагурыӀуакъым.

7 Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.

8 Сяпэ къэкӀуауэ щыта псори дыгъуакӀуэт икӀи хъунщӀакӀуэти, мэлхэр абыхэм едэӀуакъым.

9 Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.

10 ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.

11 – МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.

12 Мэлхэр имейуэ пщӀэкӀэ лажьэр мэлыхъуэ хъуркъым. Дыгъужьыр къакӀуэу илъагъумэ, мэлхэр къегъанэри, ар щӀопхъуэж. Дыгъужьыр къахолъадэри, мэлхэр зэбгреху.

13 А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.

14-15 – МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.

16 Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.

17 Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур.

18 Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.

19 А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.

20 – Ар жин бзаджэм иӀыгъщ, жиӀэр ищӀэжыркъым. Сыт абы фыщӀедаӀуэр? – жаӀэрт абыхэм ящыщ куэдым.

21 НэгъуэщӀхэми жаӀэрт: – А псалъэхэр жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхум ейкъым. Жин бзаджэм нэфым и нэхэр къигъэплъэжын лъэкӀыну?


Журтхэм Хьисэ зэрамыдар

22 И унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъам щхьэкӀэ Ерусалим щагъэлъапӀэ мэхуэшхуэхэр къэсащ. ЩӀымахуэт.

23 Хьисэи Тхьэм и унэшхуэм кӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм къыщикӀухьырт.

24 Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ: – ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.

25 – Сэ вжесӀат, ауэ фи фӀэщ хъуакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм и цӀэкӀэ сэ злэжь Ӏуэхухэр щыхьэт къыстохъуэж.

26 Ауэ фэ фи фӀэщ хъуркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си мэлхэм фащыщкъым, зэрывжесӀам хуэдэу.

27 Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.

28 Абыхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ язот, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынукъым. Ахэр зыми сӀэщӀихын хузэфӀэкӀынукъым.

29 Ахэр къызэзыта си Адэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Ахэр си Адэм къыӀэщӀихыну зыми хузэфӀэкӀынукъым.

30 Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.

31 Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.

32 Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?

33 – Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.

34 – Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.

35 Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.

36 Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ?

37 Си Адэм и Ӏуэхухэр сымылэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зивмыгъэӀэ.

38 Ауэ си Адэм и Ӏуэхухэр злэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ фимыӀэми, а ӀуэхухэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэри Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри къэфщӀэнущ итӀанэ икӀи къывгурыӀуэнущ.

39 Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.

40 Абы и ужькӀэ Хьисэ Иорданыпсым аргуэру зэпрыкӀыжщ, Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щыта щӀыпӀэм кӀуэри, абы къыщынащ.

41 ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.

42 ЦӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абдежым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan