ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Зым и хьэлъэ адрейм дреӀэт 1 Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ. 2 Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ. 3 Зыгуэрым, цӀыкӀу пэтрэ, ину зилъытэжмэ, езым и щхьэрщ къигъэпцӀэжыр. 4 Езым и Ӏуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Ӏуэхур фӀымэ, нэгъуэщӀ цӀыхум и Ӏуэхум емыплъу, езым и Ӏуэхур зытетым ирипэгэн лъэкӀынущ, 5 хэти и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщи. 6 Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ. 7 ЗыкъэвмыгъэпцӀэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцӀэнукъым. ЦӀыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ. 8 И гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цӀыхум кӀуэдыныгъэр игъуэтыжынущ. Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хьэсэм тезысэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ игъуэтынущ. 9 ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ. 10 Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр. Галатие цӀыхухэм иужьрей Ӏуэхуу Паул ягуригъаӀуэхэмрэ Тхьэм щӀыхь зэрыхуищӀымрэ 11 Флъагъурэ сэ си ӀэкӀэ ныфхуэстха къомыр! 12 Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ. 13 Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ. 14 Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ. 15 Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ. 16 Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ. 17 ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ. 18 Ди къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фигухэм къащрехуэ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden