Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихь щхьэхуитыныгъэ къызэрыдитар

1 Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.

2 Сэ, Паул, нывжесӀэм федаӀуэ, цӀыхухэм сунэт зевгъэщӀмэ, Мэссихь и фӀагъ къывэкӀынукъым.

3 Иджыри щыхьэт сохъу, сунэт зезыгъэщӀ дэтхэнэми Торэт хабзэм ит псори игъэзэщӀэн хуейщ.

4 Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым.

5 Дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщогугъэ. Апхуэдэу зэрыхъунум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми дыщегъэгугъ.

6 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.

7 Гъуэгу захуэм хъарзынэу фрикӀуэрт. Щыпкъагъэм фримыгъэдаӀуэу, хэт фэ къыфпэрыуар?

8 Апхуэдэу фэзыгъэщӀар зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр аркъым.

9 «Пщагъэ мащӀэми тхьэв псор егъэтэдж».

10 Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Ӏуэхухэр сэ зэрызэхэсщӀыкӀым хуэдэу, фэри зэхэфщӀыкӀынкӀэ сыфщогугъ. Хэтуи щрет, фызыгъэгулэзым и къуаншагъэм пэкӀур игъуэтыжынущ.

11 Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.

12 Фызыгъэгулэзхэр лъэныкъуэ ирагъэзакӀэщэрэт!

13 Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.

14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм ит псори мы зы унафэ закъуэм къеубыд: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».

15 Ауэ зэпымыууэ фызэдзэгъуу икӀи фызэрышхыу щытмэ, зыр зым зэримыгъэкӀуэдыным фыхуэсакъ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэмрэ цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэмрэ

16 Аращи, нывжызоӀэ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэриущийм тету фыпсэу. Фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсым фыдишэхынукъым абы щыгъуэ.

17 ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейм поув. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейри цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейм поув. Фызыхуейр фымыщӀэфыну ахэр зэпоув.

18 Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фызэриущийм тету фыпсэумэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм фыщӀэтыжынукъым.

19 ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр;

20 тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр,

21 зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.

22 Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,

23 гущабагъэр, зышыӀэныгъэр. Мы Ӏуэхухэм къапэув хабзэ щыӀэкъым.

24 Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.

25 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ гъащӀэ къыдэзытар, абы дызэриущийм тету дыпсэун хуейщ.

26 ДыкъызыфӀэщӀыжу, дызэрыгъэгубжьу икӀи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan