ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Адэм и мылъкур къызыхуэнэну къуэр цӀыкӀуху, мылъку псори абы лъысынуми, ар унэӀутым хуэдабзэщ. 2 Абы зи нэӀэ тет цӀыхухэмрэ и мылъкур зезыхьэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн хуейщ, и адэм игъэува махуэм нэсыху. 3 Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ. 4 Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. 5 Тхьэм ар къыщӀигъэкӀуар абы Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтхэр къыщӀишыжу, я щхьэхэр ищэхужын папщӀэщ, Тхьэм дэ псори и бын хуэдэу дилъытэн щхьэкӀэ. 6 Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ. 7 Аращи, уэ уунэӀутыжкъым, атӀэ къуэ ухъуащ. Къуэ узэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъигъэсыр уэри къыплъигъэсынущ. Галатие цӀыхухэм Паул зэрахуэгузавэр 8 БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ. 9 Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей? 10 Хэха махуэри, мазэри, зэманри, илъэсри вгъэлъапӀэ. 11 Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ? 12 СыныволъэӀу, си къуэшхэ, сэ схуэдэ фыхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри фэ хуэдэ сыхъуащ. Фэ мыхъумыщӀагъэ къызэфщӀакъым. 13 ЗэрыфщӀэщи, Тхьэм и хъыбарыфӀыр япэ дыдэ къыщӀыфхуэсӀуэтар сызэрысымэджар арщ. 14 Си сыщысымаджэм гугъу фыкъыздехьами, нэмыплъ къызэфтакъым икӀи Ӏумпэми сыфщӀакъым, Тхьэм сримелыӀыч хуэдэ, е сы-Мэссихь Хьисэ хуэдэ фыкъысхущытащ. 15 Куэду фыкъысщыгуфӀыкӀащ. ФлъэкӀыну щытатэмэ, фи нэхэр къифтхъыу къызэфтыным хуэдэт – абы щыхьэт сытохъуэ. 16 НтӀэ, щыпкъагъэр зэрывжесӀам щхьэкӀэ, сэ фи бий сыхъуа сэ? 17 А цӀыхухэр фэ къывогугъу, ауэ абыхэм я мурадыр фӀыкъым. Ахэр дэ фыдбгъэдашыным хущӀокъу, фэ езыхэм фызрагъэгугъун щхьэкӀэ. 18 Мурадыр фӀымэ, зыр зым егугъуныр сыт щыгъуи фӀыщ, сэ фи деж сыщыщыӀэ къудейм и мызакъуэу. 19 Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху. 20 Фи деж иджы сыщыӀатэмэ, си макъыр макъ щабэкӀэ сщӀыну сыхуейт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэр щхьэкӀэ жысӀэнур сщӀэркъым. Хьэджэррэ Сарэрэ 21 КъызжефӀэ, фэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтыну хуейхэм, Торэт хабзэм итхэр зэхэфщӀыкӀыркъэ? 22 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Ибрэхьим къуитӀ зэриӀар, зыр и унэӀут цӀыхубзым, адрейр щхьэгъусэ щхьэхуитым къилъхуауэ. 23 УнэӀут цӀыхубзым и къуэр сабий къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэу къалъхуащ, ауэ и щхьэгъусэм и къуэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ къалъхуащ. 24 А Ӏуэхум мыхьэнэ щэху хэлъщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзитӀыр зэгурыӀуэныгъитӀым хуэбгъэдэн плъэкӀынущи. УнэӀут цӀыхубзу Хьэджэр зи цӀэр Тхьэм езымрэ Мусэ бегъымбарымрэ яку Синай бгым щыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэм хуэдэщ. А цӀыхубзым къыщӀэхъуахэр пщылӀт. 25 Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ. 26 Ауэ уафэм щыӀэ Ерусалим щхьэхуитщ. Ар дэ псоми анэ къытхуохъу. 27 Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ, сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз. Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар, Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ, лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ». 28 Ди къуэшхэ, Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ, Исхьэкъ Ибрэхьим и бын зэрыхъуам хуэдабзэу, дэри Тхьэм и бын дыхъуащ. 29 Хьэджэр зи цӀэ унэӀут цӀыхубзымкӀэ Ибрэхьим къыщӀэхъуа къуэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету абы къыхуалъхуа къуэм а зэманым гугъуехь иригъэшэчащ. Иджыри апхуэдэщ. 30 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтыр сыт? «Мы унэӀут цӀыхубзымрэ абы и къуэмрэ зыбгъэдэгъэкӀыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэгъусэ щхьэхуитым и къуэм къыхуэнэж мылъкумкӀэ унэӀут цӀыхубзым и къуэм Ӏыхьэ лъысынукъым». 31 Аращи, си къуэшхэ, унэӀут цӀыхубзым дрибынкъым, атӀэ щхьэгъусэ щхьэхуитым дрибынщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden