ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Торэт хабзэм и гъуэгу дрикӀуэн, хьэмэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу дрикӀуэн? 1 Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар? 2 Мы зы закъуэр сывгъэщӀэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъ зэрыхъуар Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀэным и гъуэгукӀэ, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и гъуэгукӀэ? 3 Апхуэдизу фыакъылыншэхэ? Къыщывублам щыгъуэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыщыгугъащ, иджы цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фи лъэкӀыныгъэкӀэ фыхунэсыну фыхуей? 4 Апхуэдиз гугъуехь куэд пщӀэншэу фшэча? Хьэуэ, ар пщӀэншэу щытакъым, пэжкъэ? 5 Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фигухэм кърелъхьэ, Ӏуэху телъыджэхэри фи деж щелэжь. Апхуэдэу щӀищӀэр Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀауэ ара, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуар ара? 6 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ». 7 Аращи, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Ибрэхьим и бын пэжу зэрыщытыр зэвгъащӀэ. 8 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ. 9 Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ. 10 Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ». 11 Торэт хабзэм итхэр зэрагъэзащӀэ гъуэгукӀэ Тхьэм дежкӀэ зыми щыпкъагъэ зэримыгъуэтыр нахуэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ». 12 Торэт хабзэм итхэр бгъэзэщӀэным и Ӏуэхур фӀэщхъуныгъэ уиӀэным и Ӏуэхум епхауэ щыткъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр абыкӀэ псэунущ». 13 Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ». 14 Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ. Торэт хабзэмрэ Тхьэм дыкъызэригъэгугъамрэ зэрызэхуэмыдэр 15 Си къуэшхэ, мы дунейм и Ӏуэхухэр щапхъэ ирехъу: ЦӀыхухэм зэдащта зэгурыӀуэныгъэр ягъэпэжа нэужь, ар игъэкӀуэдын зыми лъэкӀынукъым, абы хигъэхъуэни зыми лъэкӀынукъым. 16 Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым. 17 Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ дилъхьэу илъэс щиплӀрэ щэщӀрэ дэкӀауэ къежьа Торэт хабзэм а зэгурыӀуэныгъэр игъэкӀуэдын лъэкӀынукъым. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀри къимыгъэхъун лъэкӀынукъым Торэт хабзэм. 18 Тхьэм цӀыхухэм ӀыхьэфӀыр къалъигъэсыныр Торэт хабзэм итхэм я гъэзэщӀэным епхауэ щытмэ, абы щыгъуэ Тхьэм ахэр къызэригъэгугъам ӀыхьэфӀыр епхакъым. Ауэ, ипэжыпӀэкӀэ, Тхьэм къызэригъэгугъам щхьэкӀэщи, аращ и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ а ӀыхьэфӀыр Ибрахьим щӀылъигъэсар. 19 Торэт хабзэр щӀыщыӀэр сыт абы щыгъуэ? Хабзэм текӀыныр зыхуэдэр цӀыхухэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, Тхьэм Торэт хабзэр къаритащ. Ибрэхьим къытехъукӀыну быну Тхьэм къызэригъэгугъар къэкӀуэху, Торэт хабзэм тепщэныгъэ иӀэн хуеящ. Тхьэм Торэт хабзэр мелыӀычхэм яӀэщӀилъхьэри, абыхэми ар лӀыкӀуэ гуэрым ӀэщӀалъхьэжащ. 20 Зы фӀэкӀа нэгъуэщӀ щымыӀэмэ, лӀыкӀуэ хуэныкъуэкъым, атӀэ Тхьэр закъуэщ. ПщылӀхэмрэ къуэхэмрэ 21 Торэт хабзэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэм япэуврэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ зыщӀыфын хабзэ щыӀатэмэ, а хабзэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэ хъунт. 22 Дунейм и цӀыху псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэм зэрилъыр Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ а цӀыхухэм ягъуэтыжын папщӀэщ. 23 ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэмылъэгъуауэ, Торэт хабзэм дызэкӀуэцӀипхауэ, Ӏэпхлъэпх дищӀауэ гъэру диӀыгъащ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэлъэгъуэху. 24 Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм папщӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм Хьисэ Мэссихь деж дишэну, пашэ къытхуэхъуащ. 25 Ауэ иджы, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэлъэгъуа нэужь, Торэт хабзэм тепщэныгъэ къытхуиӀэжкъым. 26 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ. 27 Фэ псоми, Мэссихь зи псэм хэлъыну яумэхъахэм, Мэссихь и щэныр фащэ фшӀащ. 28 Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ. 29 Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden