Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Адрей апостолхэм Паул къабыл зэращӀар

1 ИтӀанэ, илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь, Ерусалим сыкӀуащ Варнавэ си гъусэу. Тити здэсшащ.

2 Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.

3 Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым.

4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.

5 Ауэ хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр мыкӀуэду къыфхуэдгъэнэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэм дахуикӀуэтакъым икӀи дахуэӀурыщӀакъым.

6 Къуэшхэм пашэу ялъытэу щытахэр, пашэу щытахэми щымытахэми, си зэхуэдэщ; Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ – а пашэхэм сэ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀым зыри хагъэхъуакъым.

7 Ауэ сунэт ящӀахэм хъыбарыфӀыр ялъигъэӀэсыну Тхьэм Петр и пщэм къызэрыдилъхьам хуэдэу, сунэт ямыщӀахэм хъыбарыфӀыр ялъэзгъэӀэсыну Тхьэм си пщэм къызэрыдилъхьар ягурыӀуащ.

8 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Петр сунэт ящӀахэм апостолу Ӏуэху яхуищӀащ, сэри сунэт ямыщӀахэм сыапостолу Ӏуэху яхуэсщӀащ, а зы Тхьэр Петри сэри къыддэлэжьащ.

9 Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.

10 «Ди тхьэмыщкӀэхэм фадэӀэпыкъуну зыщывмыгъэгъупщэ», жаӀэу, а зы закъуэрщ къызэрыдэлъэӀуар. А Ӏуэхум си фӀэщу сыхэтащ.


КифэкӀэ зэджэ Петрым Паул зэрыпэувар

11 Кифэ Антиохие къалэм къыщыкӀуам, Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ къуаншэ хъуати, и пащхьэм сихьэри, сыпэуващ.

12 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Екъуб деж лӀы гуэрхэр къикӀын и пэкӀэ, Петр мыжуртхэм ядэшхэу щытащ. Ауэ а лӀыхэр къыщыкӀуэм, Петр къикӀуэтыжри, и щӀыбагъыр мыжуртхэм яхуигъэзащ, сунэт ящӀахэм ящышынати.

13 Адрей журтхэми Петр и фитӀнагъэ Ӏуэхум зыдрагъэшэхащ. Уеблэмэ Варнави абыхэм я фитӀнагъэм зыӀэпишащ.

14 ХъыбарыфӀым и щыпкъагъэм зэрытемытыр щыслъагъум, псоми я пащхьэм Петр щыжесӀащ: «Уэ ужурт пэтми, журт хабзэхэм утемыту, хамэ лъэпкъхэм я хабзэхэм утету уопсэу. АтӀэ сыт журт хабзэкӀэ мыжуртхэр бгъэпсэуну ущӀыхэтыр?»


Адрей лъэпкъхэм яхуэдэу, Хьисэ МэссихькӀэ журтхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэмэ, мыкӀуэду къелынущ

15 Дэ журту дыкъалъхуащ. Гуэныхь зыщӀэ хамэхэм дащыщкъым.

16 Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.

17 Ауэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщыгугъыурэ, гуэныхь зытелъ цӀыхуу дыкъыщӀэкӀамэ, Мэссихь гуэныхь дигъэщӀауэ хъунутэкъэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.

18 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ зэхэскъутар зэхэзгъэувэжмэ, абы щыгъуэ Тхьэм и унафэхэм сызэрытекӀар хьэкъщ.

19 Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ.

20 Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.

21 Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan