Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэхъус

1 Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.

2 Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.

3 Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.

4 Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.

5 МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр абы ейщ. Ӏэмин.


НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ щыӀэкъым

6 Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Тхьэуэ зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджам и гъуэгу фытекӀыу, апхуэдэу псынщӀэу нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэм и гъуэгу фызэрытехьар ину согъэщӀагъуэ.

7 НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.

8 ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ.

9 ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.

10 Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


Паул апостол зэрыхъуар

11 Си къуэшхэ, сэ фхуэсӀуэта хъыбарыфӀыр цӀыхум къызэрыбгъэдэмыкӀар фщӀэну сыхуейщ.

12 Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.

13 Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.

14 Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.

15-16 Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым.

17 Сэ сяпэ апостол хъуа цӀыхуу Ерусалим дэсахэм я деж сыкӀуакъым, ауэ Аравие къэралым сыкӀуэри, Дамаск къалэм згъэзэжащ итӀанэ.

18 Илъэсищ щыдэкӀым, дызэрыщӀэн щхьэкӀэ Петр деж Ерусалим сыкӀуащ, абы деж махуэ пщыкӀутху сыщыӀащ.

19 Зиусхьэным и къуэш Екъуб нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым.

20 Ныфхуэстхар зэрымыпцӀымкӀэ Тхьэ соӀуэ.

21 Абы и ужькӀэ Сирие, Киликие хэкухэм сыкӀуащ.

22 Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.

23 Абыхэм цӀыхухэм мыпхуэдэу къызэрыжаӀэр зэхахыу щыта къудейщ: «Нэхъапэм гугъуехь дэзыгъэшэча лӀыуэ ди фӀэщхъуныгъэр зыгъэкӀуэдыну и ужь иту щытам а фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыфӀыр иджы цӀыхухэм яхуеӀуатэ».

24 Арати, сэр щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀырт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan