ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ. 2 Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу. 3 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым. 4 ХъуанэцӀанэр, зыри къызэрымыкӀ гушыӀэ мышыур фэ фхуэфащэкъым, фхуэфащэр Тхьэм щӀыхь хуэфщӀынырщ. 5 Мы Ӏуэхур зэвгъащӀэ: Зинэ зыщӀэ цӀыхум, е зи гур мыкъабзэм, е нэпсейм – апхуэдэ цӀыхум тхьэ нэпцӀ егъэлъапӀэ, – апхуэдэм Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысынукъым. 6 Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи. 7 Аращи, апхуэдэ цӀыхухэм гъусэ фахуэмыхъу. 8 Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу, 9 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ псори, захуагъэ псори, щыпкъагъэ псори нэхум къыпокӀуэ. 10 Зиусхьэным игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр вгъэунэху икӀи зэвгъащӀэ. 11 ПщӀэ зимыӀэ кӀыфӀым и Ӏуэхухэм фи Ӏуэхур хэвмылъхьэ, атӀэ а Ӏуэхухэр зыхуэдэр къыщӀэвгъэщ. 12 Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ. 13 Ауэ нэхум Ӏуэху псори ӀупщӀ щищӀкӀэ, ахэр къолъагъуэ, къэлъагъуэ псори нэху мэхъури. 14 Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ». 15 Аращи, фи псэукӀэмкӀэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфӀагъэ зимыӀэхэм фахуэмыдэу, акъылыфӀагъэ зиӀэхэм фахуэдэу фыпсэу. 16 Игъуэр блэвмыгъэкӀ, мы махуэхэр махуаещи. 17 Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ. 18 Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ. 19 УэрэдхэмкӀи, тхьэщӀыхь уэрэдхэмкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэмкӀи фызэдежьу. Фигу псомкӀи Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀурэ, абы уэрэд хужыфӀэ. 20 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ. 21 Мэссихь и фӀэлӀыкӀ фи гум илъурэ, фызэхуэӀурыщӀэ. Фызымрэ лӀымрэ зэрызэхущытын хуейр 22 Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ. 23 Мэссихь члисэ зэхуэсым и щхьэу зэрыщытым хуэдэу, лӀыри и фызым и щхьэу щытщ. Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъыу щытщ, езыращ а пкъыр мыкӀуэду къезыгъэлыр. 24 Члисэ зэхуэсыр Мэссихь зэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, фызри и лӀым сыт ищӀысымкӀи хуэӀурыщӀэн хуейщ. 25 Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу. 26 Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ. 27 Абы нэмыщӀу, Мэссихь и псэр щӀитар члисэ зэхуэсым дахагъэ иӀэу, е бжьыгъэ, е зэлъагъэ, е апхуэдэ щыщӀагъэ лъэпкъ имыӀэу, атӀэ гукъабзэу, къуаншагъэ зыри бгъэдэмылъу, езым и пащхьэм иригъэувэн папщӀэщ. 28 Апхуэдэу, лӀым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ. Зи фызыр фӀыуэ зылъагъум и щхьэри фӀыуэ елъагъуж. 29 Зыми езым и пкъыр илъагъу мыхъуу зэи щытакъым, атӀэ пкъыр зыхуэныкъуэр ирегъэгъуэт икӀи йогугъу, Зиусхьэныр члисэ зэхуэсым зэрегугъум хуэдэу; 30 Мэссихь и пкъым дыщыщщ, и лым дыщыщщ, и къупщхьэми дыщыщщ. 31 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр и адэ-анэхэм яхэкӀынурэ, и фызым гъусэ хуэхъунурэ, а тӀур зыпкъ хъунущ». 32 А псалъэхэм яхэлъ щэхур щэхушхуэщ: Сэ къызэрызгурыӀуэмкӀэ, а псалъэхэр зытеухуар Мэссихьрэ члисэ зэхуэсымрэщ. 33 Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden