Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и гъуэгум Щаул зэрытехьар
( Апостол. 22:6-16 ; 26:12-18 )

1 Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр хуабжьу игъэбийуэ, «Хьисэ и гъуэгум фытемыкӀмэ, фыдукӀынущ» яжриӀэ зэпытт. Дин пашэшхуэм деж кӀуэри елъэӀуащ:

2 – Дамаск къалэм щыӀэ синэгуэгухэм тхылъ яхуэтхи, къызэт. Щаул апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ и гъуэгу тетхэр Дамаск къыщигъуэтмэ, цӀыхухъуми цӀыхубзми, Ӏэпхлъэпх иригъэщӀурэ Ерусалим къригъэшэну арат.

3 Гъуэгум тетурэ, Дамаск гъунэгъу щыхуэхъум, уафэм нэхугъэ гуэр напӀэзыпӀэм къехри, Щаул къиухъуреихьащ.

4 ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул: – Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?

5 – Уэ ухэт, Зиусхьэн? – жиӀащ Щаул. – Хьисэ гугъу ебгъэхьыр сэращ, – жиӀаш абы, – выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи щхьэм лей ибохыж.

6 Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.

7 Щаул и гъусэхэр зы псалъэ яхужымыӀэрэ я пӀэм ижыхьауэ къэнащ. Макъыр зэхахат, ауэ цӀыху зыри ялъэгъуакъым.

8 Щаул къэтэджри, и нэхэр къызэтрихыжащ, ауэ абыхэм зыри ялъагъужыртэкъым. Арати, Щаул и Ӏэр яӀыгъыу Дамаск дашащ.

9 Щаул махуищкӀэ зыри имылъагъужу щытащ, а зэманым къриубыдэу зыри ишхакъым, ирифакъым.

10 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящыщу Ананий зи цӀэ гуэр Дамаск дэст. Зиусхьэныр абы къыхуэхутэри къеджащ: – Ананий! – Сэращ, Зиусхьэн, – иритыжащ жэуап Ананий.

11 – Тэджи, «Уэрам ЗанщӀэ» жыхуаӀэ уэрамым тет Иудэ и унэм кӀуэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным Ананий. – Абы Щаул и цӀэу Тарс къалэм щыщым щыщӀэупщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Тхьэм йолъэӀу.

12 Абы и нэхэр къигъэплъэжын щхьэкӀэ, Ананий и цӀэу лӀы гуэр къыхуэкӀуауэ, и Ӏэхэр къытрилъхьэу илъэгъуащ.

13 – Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.

14 Иджы дин пашэшхуэхэм хуит закъригъэщӀри, мыбы къэкӀуауэ уэ къолъэӀу цӀыху псоми Ӏэхъулъэхъу ярыригъэлъхьэну хэтщ.

15 Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.

16 Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.

17 Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ: – Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.

18 Ар щыжиӀэм, бдзэжьеифэхэм хуэдэу Щаул и нэхэм зыгуэрхэр къыщӀэлъэлъащ, ялъагъууи хъужащ. Щаул къэтэджри, Ананий ар иумэхъащ.

19 Абы и ужькӀэ Щаул шхащ, къаруи игъуэтыжащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Дамаск дэсхэм я деж Щаул махуэ зыбжанэкӀэ щыӀащ.


Щаул хъыбарыфӀыр Дамаск къалэм зэрыщиӀуэтар

20 ЗанщӀэуи щӀидзащ Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр синэгуэгухэм цӀыхухэм щахуиӀуатэу.

21 Ар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀагъуэу жаӀэрт: – Мы лӀыракъэ Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ерусалим гугъуехь щезыгъэшэчу щытар? Мыбы ар къыщӀэкӀуар Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ӏэхъулъэхъу иригъащӀурэ дин пашэшхуэхэм яхуишэну аракъэ?

22 Ауэ Щаул нэхъ лъэкӀыныгъэ иӀэ хъуащ. Хьисэ зэры-Мэссихьыр игъэщыпкъэжурэ, Дамаск дэс журтхэм езым къыжраӀэнур ямыщӀэу къигъэнащ.


Щаул журтхэм къазэраӀэщӀэкӀар

23 Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Щаул яукӀыну мурад ящӀащ журтхэм.

24 Абыхэм я мурадыр Щаул къищӀащ. Ар яукӀын щхьэкӀэ, жэщи махуи куэбжэхэм Ӏуту пэплъэрт журтхэр.

25 Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Щаул жэщу къыдашри, къалэ блыным иӀэ гъуанэмкӀэ чы матэшхуэм ису блыным кърагъэхащ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ерусалим дэсхэм я деж Щаул зэрыкӀуар

26 Ерусалим щынэсым, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну хэтащ Щаул, ауэ абы ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуар абыхэм я фӀэщ яхуэмыщӀурэ щышынэрт.

27 Варнавэ здишэри, Щаул апостолхэм я деж кӀуащ. Щаул Зиусхьэныр гъуэгум зэрыщилъэгъуари, Зиусхьэныр Щаул къызэрепсэлъари, Дамаск дэс цӀыхухэм Хьисэ и цӀэкӀэ Щаул хъыбарыфӀыр тегушхуауэ щахуиӀуатэу зэрыщытари Варнавэ абыхэм яхуиӀуэтэжащ.

28 Апхуэдэу щыхъум, Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхэкӀ-яхыхьэу Ерусалим дэсащ, тегушхуауэ цӀыхухэм хъыбарыфӀыр Зиусхьэным и цӀэкӀэ яхуиӀуатэу.

29 Алыджыбзэм техьа журтхэми епсалъэрт икӀи едауэрт, ауэ абыхэм ар къаукӀыну хэтащ.

30 Къуэшхэм ар къыщащӀэм, Щаул Кесарие къалэм ирашэхри, Тарс къалэм ягъэкӀуащ.

31 Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.


Петр Еней зэригъэхъужар

32 Петр хэкур къыщызэхикӀухьым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Лиддэ къалэм дэсхэм я деж кӀуащ.

33 Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.

34 – Еней, – жриӀащ Петр, – Хьисэ Мэссихь уегъэхъуж. Къэтэджи, уи пӀэр Ӏухыж. Ар зэрыжиӀэу, Еней къэтэджащ.

35 Лиддэ къалэм* дэс псори, Сарон губгъуэ тафэм тес псори, Еней щалъагъум, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ.


Петр Тавифэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар

36 Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.

37 А махуэхэм сымаджэ къэхъури, ар дунейм ехыжащ. И хьэдэр ягъэпскӀри, унэм и етӀуанэ къатым драхьеящ.

38 Лиддэ къалэр Иоппие къалэм пэгъунэгъути, Петр абы зэрыщыӀэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щызэхахым, «ЗумыӀэжьэу, ди деж къакӀуэ!» жраӀэну, лӀыкӀуитӀ Петр деж ягъэкӀуащ.

39 Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.

40 Петр цӀыхухэр унэм щӀигъэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ. Хьэдэм зыхуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Тавифэ, къэтэдж! Тавифэ и нэхэр къызэтрихри, Петр щилъагъум, къэтӀысащ.

41 Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ.

42 А хъыбарыр Иоппие къалэм дэс псоми зэлъащӀысащ, цӀыху куэдми ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

43 Симон зи цӀэ фащӀэ гуэрым деж Петр махуэ куэдкӀэ Иоппие къалэм хьэщӀэу къыдэнащ абы и ужькӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan