Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.


Члисэ зэхуэсым щыщхэр Щаул къызэрихуэкӀыу зэрыщытар

2 Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ.

3 Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Филипп хъыбарыфӀыр Самарие хэкум цӀыхухэм щахуиӀуатэу зэрыщытар

4 ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт.

5 Филипп Самарие хэкум щыщ къалэ гуэрым кӀуэри, абы дэс цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ.

6 ЦӀыхубэр Филипп и псалъэхэм едаӀуэурэ, абы илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъукӀэ, и псалъэхэр я гум хыхьэрт;

7 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.

8 А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.

9 А къалэм Симон зи цӀэ гуэр дэст. Зэман зыкъомкӀэ удыгъэм хэтауэ, цӀыхушхуэу закъыфӀигъэщӀурэ, Самарие дэсхэр ихьэхуат абы.

10 «Мы лӀыр Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу „ЛъэкӀыныгъэ Ин“ жыхуаӀэращ», жаӀэрэ, цӀыху псоми, инми цӀыкӀуми, я гум хыхьауэ, Симон жиӀэхэм едаӀуэрт.

11 УдыгъэкӀэ зэрыдихьэхрэ куэд щӀати, абы ахэр ягуапэу едаӀуэрт.

12 Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ.

13 Езы Симони ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъущ, зригъэумэхъри, Филипп и ужь ит хъуащ. Филипп къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри илэжьа Ӏуэху телъыджэхэри щилъагъукӀэ, Симон игъэщӀагъуэрт.

14 Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ.

15 Абы щынэсым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум хыхьэну Петррэ Иуанрэ Тхьэм яхуелъэӀуащ;

16 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм ящыщ зыми иджыри къахуехатэкъым, Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ Филипп ахэр иумэхъа къудейт.

17 Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.

18 Апостолхэм я Ӏэхэр тралъхьэу, а цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъ зэрыхъуар Симон щилъагъум, апостолхэм ахъшэ къахуихьри, мыпхуэдэу жиӀащ:

19 – Си Ӏэхэр цӀыху гуэрым щытеслъхьэкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум хыхьэн щхьэкӀэ, сэри мы лъэкӀыныгъэр къызэфт.

20 – Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр.

21 – Уэ уи гур Тхьэм дежкӀэ щыпкъэу зэрыщымытым къыхэкӀкӀэ, мы Ӏуэхум ущыщкъым, уи Ӏыхьи хэлъкъым.

22 Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;

23 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэныр уэ уи гум хэпщӀауэ, бзаджагъэм узэщӀиубыдауэ зэрыщытыр солъагъу.

24 – Фэ жыфӀам щыщ зыри къысщымыщӀыну Тхьэм фысхуелъэӀу, – жиӀащ Симон.

25 Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.


Филиппрэ Ефиопие къэралым щыщ Ӏэтащхьэмрэ

26 – Тэдж, Ерусалим дэкӀи, Газэ къалэм кӀуэ гъуэгум шэджагъуэм деж техьэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым Филипп. Ар губгъуэ нэщӀым ухуэзышэ гъуэгущ.

27 Арати, Филипп тэджри, гъуэгу техьащ. КӀуэурэ, Ефиопие къэралым щыщ лӀы гуэр къыӀущӀащ. А лӀыр Ефиопием и пащтыхь Кандакие зи цӀэ цӀыхубзым хуэлажьэ Ӏэтащхьэхэм ящыщт. Пащтыхьым и мылъку псори абы и ӀэмыщӀэ илът. А Ӏэтащхьэр, Тхьэм елъэӀун папщӀэ, Ерусалим къэкӀуат.

28 Ар и къэралым гум ису здэкӀуэжым, Ешайа бегъымбарым и тхылъым еджэрт.

29 – А гум бгъурыхьи, бгъэдэтурэ кӀуэ, – къыжриӀащ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп.

30 Гум бгъурыхьэри, а лӀыр Ешайа бегъымбарым и тхылъым зэреджэр щилъагъум, Филипп жиӀащ: – Узэджэм къикӀыр къыбгурыӀуэрэ?

31 – Зыгуэрым зэхызимыгъэщӀыкӀмэ, дауэ къызэрызгурыӀуэнур? – жиӀащ Ӏэтащхьэм. Ар Филипп елъэӀуащ: – КъыдэкӀуеи, къызбгъэдэтӀысхьэ.

32 Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.

33 Езыр ягъэпудащ икӀи хабзэм къемызэгъыу хьэкум тращӀыхьащ. А зэманым псэуа цӀыхухэм я бзаджагъэр здынэсыр къипщын зылъэкӀынур хэт? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и псэр мы дунейм щыхахащ».

34 – КъызжепӀэну сынолъэӀу: Бегъымбарыр зытепсэлъыхьыр хэт? Езыра хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэр? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Филипп.

35 Апхуэдэу къыщеупщӀым, Филипп Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт а псалъэ дыдэхэмкӀэ къыщӀидзэри, Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр Ӏэтащхьэм хуиӀуэтащ.

36 Гъуэгум ирикӀуэурэ, псы гуэр деж нэсауэ, Ӏэтащхьэм жиӀащ: – Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?

37 – Уигу псомкӀи фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, узумэхъ хъунущ, – жриӀащ Филипп. – Хьисэ Мэссихь Тхьэм зэри-КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, – жиӀащ Ӏэтащхьэм.

38 Ӏэтащхьэм гущхьэӀыгъым къригъэгъэувыӀэщ, Ӏэтащхьэмрэ Филиппрэ псым хыхьэри, Филипп Ӏэтащхьэр иумэхъащ.

39 Псым къызэрыхэкӀыжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым напӀэзыпӀэм ихьащ, Ӏэтащхьэми Филипп илъагъужакъым. ГуфӀэгъуэм хэту, Ӏэтащхьэр и гъуэгу техьэжащ.

40 Филипп Азот къалэм къыщыхутащ. Кесарие къалэм нэсыху, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щахуиӀуатэурэ, къалэ псори къызэхикӀухьащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan