Апостол. 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Стефан Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм къызэрыщыпсэлъар 1 Дин пашэшхуэр Стефан еупщӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхухэм уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? 2 Ди къуэшхэри ди адэхэри фыкъэдаӀуэ! – жиӀащ Стефан. – Ди адэшхуэ Ибрэхьим Харан къалэм дэтӀысхьэн и пэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэр абы Месопотамием къыщыхуэлъэгъуащ. 3 Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ: «Уэ уи къэралми уи благъэхэми яхэкӀи, сэ пхуэзгъэлъэгъуэну къэралым кӀуэ!» 4 Арати, Ибрэхьим Халдей хэкум икӀщ, Харан къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ. И адэр лӀа нэужь, фэ фызэрыс мы къэралым Тхьэм къигъэкӀуащ. 5 Тхьэм Ибрэхьим мылъку зыри къыщритакъым мыбы, щӀым щыщи лъакъуапӀэ хуэдиз къритакъым. Ауэ Ибрэхьим а зэманым бын имыӀа пэтми, мы къэралыр езымрэ езым къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къэрал яхуэхъуну Тхьэм къигъэгугъащ. 6 Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр хамэ къэралым илъэс щиплӀкӀэ щыпсэунущ, цӀыхухэм ахэр ягъэпщылӀурэ, хьэкӀэкхъуэкӀагъэ кърахынущ. 7 Ауэ ахэр зыгъэпщылӀ лъэпкъым сэ езгъэпшыныжынущ. Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр а къэралым къикӀыжынурэ, мы щӀыпӀэм сыщагъэлъэпӀэнущ абы и ужькӀэ». 8 Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ зэрыдилъхьам и дамыгъэу Ибрэхьим сунэт щӀыныр къыхуигъэнащ. Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуэхъури, ар еянэ махуэм сунэт ищӀащ. И ныбжь щынэсым Исхьэкъ къишэри, Екъуб къыхуэхъуащ. Екъуб ди адэшхуэ пщыкӀутӀым адэ яхуэхъуащ. 9 – Ауэ ди адэшхуэхэр я къуэш Исуф ефыгъуэрти, Мысырым пщылӀу яшэну лӀы гупым иращащ. Тхьэр Исуф и гъусэти, 10 ар гугъуехь псоми къыхишыжащ. Тхьэм Исуф акъылыфӀагъэ къритри, Мысырым и пащтыхь Фирхьэун зи цӀэм и нэфӀ къыщригъэхуащ. Фирхьэуным Мысырри езым и сэрейри зэрихьэну Исуф ӀэщӀилъхьащ. 11 – Гъаблэшхуэрэ гузэвэгъуэшхуэрэ Мысыр къэрал псоми Ханаан къэралми къыщыхъуащ абы и ужькӀэ. Ди адэшхуэхэм шхын ягъуэтыртэкъым. 12 Мысырым гъавэ щыӀэу щызэхихым, Екъуб ди адэжьхэр абы игъэкӀуащ. 13 И къуэшхэр Мысырым етӀуанэу къыщыкӀуэм, Исуф закъригъэцӀыхужащ. Фирхьэунми Исуф и унагъуэр зригъэцӀыхуащ. 14 Исуф и къуэшхэр игъакӀуэри, и адэ Екъубым хъыбар хуригъэхьащ езы Екъуби и унэкъуэщхэри, цӀыху блыщӀрэ тхурэ хъууэ, Мысырым къэкӀуэну. 15 Екъуб Мысырым кӀуащ. Абы езыри ди адэжьхэри щылӀащ. 16 Абыхэм я хьэдэхэр Сихэм къалэм яхьыжри, Ибрэхьим дыжьын ахъшэкӀэ Хъамор и къуэхэм я деж къыщищэхуа кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ. 17 – Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъар щигъэщыпкъэжын зэманыр нэхъ къэблэгъэху, ди лъэпкъыр Мысырым зэпымыууэ нэхъыбэ щыхъурт; 18 абы тетащ Исуф зымыцӀыху нэгъуэщӀ лӀы гуэр пащтыхь хъуху. 19 А пащтыхьым ди цӀыхухэм хьэгъэщагъэ къакӀэлъызэрихьэрт, ди цӀыхухэм я сабийхэр имыгъэпсэун щхьэкӀэ, ахэр хыфӀригъэдзэжурэ ди адэжьхэм хьэкӀэкхъуэ-кӀагъэ къакӀэлъызэрихьэрт. 20 – Мусэ бегъымбарыр къалъхуащ а зэманым. Ар Тхьэм дежкӀэ сабий дахэт. Адэм и унэм мазищкӀэ щапӀа нэужь, губгъуэм яхьри къранащ. 21 Губгъуэм къыщранэм, фирхьэуным и пхъум ихьри, ар и къуэ хуэдэ ипӀащ. 22 Мысыр цӀыхухэм акъылыфӀагъэу яӀэу щыта псори Мусэ ирагъэщӀащ, Мусэ и псалъэкӀи илэжьа ӀуэхукӀи лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыху хъуащ. 23 – Мусэ и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щынэсым, и къуэш израил цӀыхухэр зригъэлъагъуну мурад ищӀащ. 24 Мысырым щыщ лӀы гуэр израил лӀыхэм ящыщ гуэрым екъуэншэкӀыу щилъагъум, дэӀэпыкъуэгъу хуэхъущ, къуаншагъэ зыщӀар ищӀам пэкӀуэу иубэрэжьри иукӀащ. 25 Мусэ и къуэшхэм зэхащӀыкӀыну и гугъат Тхьэм езым ахэр гугъуехьым къызэрыхригъэшыжынур, ауэ зэхащӀыкӀакъым. 26 И къуэшхэм ящыщу цӀыхуитӀ зэзауэу Мусэ етӀуанэ махуэм щилъагъум, ахэр зэригъэкӀужын щхьэкӀэ, яжриӀащ: «Фэ лӀитӀыр фызэкъуэшщ, сыт зыр адрейм фыщӀекъуэншэкӀыр?» 27 – Ауэ и къуэшым екъуэншэкӀым Мусэ къыӀуидзури, къыжриӀащ: «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар? 28 Дыгъуасэ мысыр лӀыр зэрыбукӀам хуэдэу, сыбукӀыну ухуейуэ ара?» 29 А псалъэхэр щызэхихым, щӀэпхъуэжщ, Мадиам къэралым кӀуэри, Мусэ абы щыпсэуащ. Абы къуитӀ къыщыхуэхъуащ. 30 – Илъэс плӀыщӀ дэкӀа нэужь, Синай бгым деж губгъуэ нэщӀым итрэ мафӀэ зыщӀэна пыжь банэм хэту, мелыӀыч гуэр Мусэ и пащхьэм къихутащ. 31 Ар щилъагъум, Мусэ игъэщӀэгъуащ. Нэхъ ӀупщӀу еплъыну щекӀуалӀэм, Зиусхьэным и макъыр къэӀуащ: 32 «Уэ уи адэжьхэм я Тхьэуэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр сэращ». Шынэри, Мусэ абы еплъын тегу-шхуакъым. 33 – Зиусхьэным къыжриӀащ: «Уи вакъэхэр зыщых, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ узытет щӀыгур щӀыгу лъапӀэщ. 34 Сэ си лъэпкъыр Мысырым гузэвэгъуэ зэрыщыхэтыр слъэгъуащ, я гузасэ макъхэри зэхэсхащ. Ахэр гугъуехьым къыхэсшыжыну сыкъехащ сэ. Уэ Мысырым узгъэкӀуэжынущ». 35 (Стефан щӀигъужащ:) – Абыхэм «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар?» зыжраӀэу ямыдэгъа Мусэ хъужыращ ар. А Мусэ дыдэращ абыхэм пашэ яхуэхъунуи щхьэхуит ищӀынуи Тхьэм къигъэкӀуар, пыжь банэм хэту Мусэ къыхуэлъэгъуа мелыӀычым и дэӀэпыкъуэгъукӀэ. 36 Мусэщ израил цӀыхухэр Мысырым къизышыжар, Мысырми, Хы Плъыжьми, губгъуэ нэщӀми илъэс плӀыщӀкӀэ Ӏуэху телъыджэхэри щызылэжьар, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къыщызыгъэлъэгъуар. 37 А Мусэращ израил цӀыхухэм яжезыӀар: «Фэ фи къуэшхэм ящыщу, сэ схуэдэу, бегъымбар гуэр Зиусхьэну Тхьэм къыфхуигъэкӀуэнущ». 38 А Мусэрщ губгъуэ нэщӀым щызэӀущӀа ди адэжьхэм яхэтар. Мусэ Синай бгыщхьэм къыщепсэлъа мелыӀычым и гъусащ; мыкӀуэдыжын псалъэхэри, ди деж къихьэсын папщӀэ, къыӀэщӀыхьащ Мусэ. 39 – Ауэ ди адэжьхэм Мусэ едэӀуэн ядакъым. Мусэ зрамыпэсу, я гур МысырымкӀэ плъэ хъуащ. 40 Абыхэм Хьэрун жраӀащ: «Дяпэ иту яхьыну тхьэ сурэтхэр тхуэщӀ! Мысырым дыкъизышыжа Мусэ къыщыщӀар тщӀэркъым». 41 ШкӀэ теплъэ зиӀэ тхьэ нэпцӀ а махуэхэм ящӀри, абы къурмэн хуаукӀащ. Тхьэ нэпцӀ ӀэрыщӀхэм щыгуфӀыкӀыу, абыхэм ефэ-ешхэшхуэ ящӀащ. 42 Ауэ Тхьэм и щӀыб абыхэм къахуигъазэри, ахэр езым и пӀэкӀэ уафэм и вагъуэхэм хуэлэжьэну къигъэнащ, бегъымбархэм я тхылъым зэритым хуэдэу: «Фэ, израил цӀыхухэр, илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым фыщитым, къурмэныпхъэу фӀэвгъэжар сэра зыхуэвукӀар? 43 Хьэуэ, сэракъым къурмэн зыхуэфщӀу щытар, атӀэ фэ къыздефхьэкӀыу щытар фи тхьэ нэпцӀу Молох зи цӀэм и тхьэлъэӀупӀэ шэтырыращ, фи тхьэ нэпцӀу Ремфан и вагъуэм и сурэтырщ. Ахэращ фызэлъэӀуну фщӀа тхьэ нэпцӀхэр. Аращи, Бабилэн къалэшхуэм нэхърэ нэхъ жыжьэ фи бийхэм фезгъэшэнущ». 44 – Ди адэжьхэм щыхьэтыгъэм и тхьэлъэӀупӀэ шэтырыр губгъуэ нэщӀым щаӀэт. А шэтырыр Тхьэм Мусэ унафэ къызэрыхуищӀам тету ящӀыгъащ, Мусэм илъэгъуа шэтырым ещхьу. 45 Ди адэжьхэм къащӀэна шэтырыр къыздахьащ абы и ужькӀэ. Тхьэм абыхэм я пащхьэм хамэ лъэпкъхэр ирихуурэ, Нун и къуэ Ехьошуа ди адэжьхэм я пашэу, а лъэпкъхэм я къэралыр къыщытрахым, а шэтырыр къыздахьащ. Даут пащтыхьым и махуэхэм нэсыху, шэтырыр а къэралым къинащ итӀанэ. 46 Тхьэм и нэфӀыр Даут къыщыхуащ. Ар Тхьэм елъэӀуащ: «Уэ Екъуб ури-Тхьэщ, унэшхуэ пхуэсщӀыну хуит сыщӀ», жиӀэурэ. 47 Ауэ Сэлмэн пащтыхьырщ Тхьэм унэшхуэ хуэзыщӀар. 48 – Ауэ цӀыхухэм я унэ ӀэрыщӀым щӀэскъым Тхьэуэ Лъагэр. Зиусхьэным къызэрыжиӀэр бегъымбарым и тхылъым зэритым хуэдэущ: 49 «Уафэращ сэ си пащтыхь тахътэр, щӀылъэращ си лъэгущӀэтыныр. Сыт хуэдэ унэ схуэфщӀынур? Дэнэ щыӀэ зыщызгъэпсэхужын щӀыпӀэр? 50 Мы псори къэзыгъэщӀар сэракъэ?» 51 – ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ. 52 Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ. 53 МелыӀычхэм Торэт хабзэр къызыӀэщӀалъхьар фэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, Торэт хабзэм итыр фэ вгъэзащӀэркъым. МывэкӀэ еуэурэ, Стефан зэраукӀар 54 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм Стефан жиӀэм здедаӀуэм, къызэрыгъэплъурэ, я дзэхэр зэрагъэшхырт. 55 Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Стефан и гум хуабжьу хыхьэщ, ар уафэм дэплъейри, Тхьэм и щӀыхьышхуэри Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ Хьисэ зэрыщытри къилъэгъуащ. 56 – Феплъ, – жиӀащ Стефан, – уафэхэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэту солъагъу. 57 Ар щызэхахым, абыхэм я тхьэкӀумэхэр ӀуапӀэри, зэрыгъэкӀийурэ къебгъэрыкӀуащ. 58 Стефан къалэм далъэфри, мывэкӀэ еуэурэ яукӀыу щӀадзащ. Щыхьэтхэм я щыгъынхэр Щаул зи цӀэ щӀалэ гуэрым и лъакъуэхэм деж щагъэтӀылъащ. 59 ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых! 60 Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden