Апостол. 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ КъадэӀэпыкъун лӀибл апостолхэм къызэрыхахар 1 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъ куэд щыхъум, алыджыбзэкӀэ псалъэ журтхэм, зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэм яхуэтхьэусыхэу, жаӀащ а махуэхэм: – Махуэ къэс шхын щывгуэшкӀэ, ди фызабэхэм нэмыплъ ивот. 2 Арати, апостол пщыкӀутӀым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори къраджэри, жаӀащ: – Шхын гуэшыным щхьэкӀэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэныр зэпыдгъэу хъунукъым. 3 Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм. 4 Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ. 5 Абдеж кърихьэлӀа псоми ягу ирихьащ а псалъэхэр. Арати, фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ хуабжьу зи гум илъ Стефан къыхахащ. Абы нэмыщӀ, Филипп, Прохор, Никан, Тимон, Пармен, къинэмыщӀауэ Антиохие къалэм щыщу журт хъуа Николай сымэ къыхахащ. 6 Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ. 7 Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Стефан зэраубыдар 8 Стефан Тхьэм и нэфӀыр ину зыщыхуауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу щытащ. Абы Ӏуэху телъыджэхэр илэжьырт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри цӀыхухэм я пащхьэм щигъэлъагъуэрт. 9 Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ. 10 Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым. 11 Апхуэдэу щыхъум, абыхэм зыгуэрхэм мыпхуэдэу жрагъэӀащ: – Мы лӀыр Мусэ бегъымбарымрэ Тхьэмрэ хущӀэджэу зэхэтхащ. 12 Ар щызэхахым, цӀыхухэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри а псалъэхэм къызэщӀагъэплъащ. Абыхэм яубыдри, Стефан Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашащ. 13 Щыхьэт нэпцӀхэри къашащ. А щыхьэт нэпцӀхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀыр мы щӀыпӀэ лъапӀэмрэ Торэт хабзэмрэ хущӀэджэ зэпытщ. 14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Назарет щыщ Хьисэ мы щӀыпӀэр зэхикъутэнущ, Мусэ бегъымбарым къытхуигъэна хабзэхэри зэрихъуэкӀынущ – аращ мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхар. 15 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псоми я нэхэр Стефан траубыдащ. Абы и нэкӀур мелыӀыч нэкӀум хуэдэ къащыхъуащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden