Апостол. 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ананийрэ Сапфирэрэ я хъыбар 1 Ананий и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Абырэ и щхьэгъусэ Сапфирэрэ я мылъкум щыщ ящащ. 2 Фызым къыдищӀэу, Ананий мылъкум къыщӀаха уасэм и щхьэм папщӀэ зы тӀэкӀу къыхихщ, къэнар ихьри, апостолхэм я пащхьэм ирилъхьащ. 3 Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа? 4 ЩӀыр пщэн и пэкӀэ ууейуэ щытакъэ? Пща нэужь, ахъшэм узыхуейр епщӀэну ухуиттэкъэ? Мыпхуэдэу пщӀэну уи гум къихьэнкӀэ щхьэ хъуа? ПцӀы зыхуэбупсар цӀыхухэракъым, Тхьэращ. 5 А псалъэхэр щызэхихым, къытехуэри, Ананий и псэр хэкӀащ. Къэхъуар зэхэзыха псори шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ. 6 ЩӀалэ ныбжьыщӀэ гуп къакӀуэщ, хьэдэм джэбын ирашэкӀщ, унэм щӀахри щӀалъхьэжащ. 7 Сыхьэтищ хуэдиз дэкӀа нэужь, къэхъуар имыщӀэу, Ананий и щхьэгъусэр унэм щӀыхьэжащ. 8 – КъызжеӀэ, – жриӀащ Петр абы, – щӀыр мыпхуэдиз ахъшэкӀэ фща? – Пэжщ, апхуэдиз ахъшэщ зэрытщар, – жиӀащ цӀыхубзым. 9 – Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ. 10 Петр и лъабжьэм къыщӀэхуэри, цӀыхубзым и псэр хэкӀащ асыхьэтым. ЩӀалэ ныбжыщӀэхэр унэм къыщыщӀыхьэм, абы и хьэдэм кърихьэлӀащ. Хьэдэр унэм щӀахщ, дахри, и щхьэгъусэм бгъуралъхьэжащ. 11 Члисэ зэхуэсым щыщ псори, къэхъуар зэхэзыха псори шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ. Апостолхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд зэрагъэлъэгъуари Ӏуэху телъыджэ куэд зэралэжьари 12 ЦӀыхухэм я пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд щагъэлъагъуэрт икӀи Ӏуэху телъыджэ куэд щалэжьырт апостолхэм. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгурыӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм щызэӀущӀэрт. 13 ЦӀыхухэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну тегушхуэртэкъым, ауэ абыхэм пщӀэ хуащӀырт. 14 ЦӀыху нэхъыбэ, цӀыхухъууи цӀыхубзуи, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, абыхэм ягухьэ зэпытт. 15 Арати, Петр щыблэкӀкӀэ, нэгъуэщӀ мыхъуми, и ныбжьыр сымаджэхэм къатридзэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я сымаджэхэр пӀэхэм зэрилъу, е алэрыбгъухэм телъу къахьырти, уэрамхэм къыдалъхьэрт. 16 Ерусалим и гъунэгъу къалэхэми цӀыху куэд къикӀырти, я сымаджэхэмрэ жин бзаджэхэм зэщӀаубыдахэмрэ къахьырт, апостолхэм а псори ягъэхъужырт. Журт пашэхэм апостолхэр къызэрырахуэкӀар 17 Дин пашэшхуэми дин пашэшхуэм и гъусэ псоми я гум фыгъуэр къихьащ итӀанэ. Дин пашэшхуэм и гъусэхэр динырылажьэ саддукей гупкӀэ зэджэм ящыщт. 18 Апостолхэр яубыдри, къалэ лъэхъуэщым щӀадзащ. 19 Ауэ жэщым Зиусхьэным и мелыӀычым лъэхъуэщым и бжэхэр Ӏуихщ, ахэр къыщӀишыжри, жиӀащ: 20 – ФыкӀуэжи, Тхьэм и унэшхуэм фыщӀыхьэ, мы гъащӀэщӀэ лъапӀэм и хъыбар псори цӀыхухэм яхуэфӀуэтэж. 21 Апостолхэр абы едаӀуэщ, нэху щыщым Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, а хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ. Дин пашэшхуэмрэ абы и гъусэхэмрэ къыщыкӀуэм, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр (израилхэм я нэхъыжьхэращ) къызэхуашэсри, апостолхэр кърагъэшэну хъумакӀуэхэр лъэхъуэщым ягъэкӀуащ. 22 ХъумакӀуэхэр лъэхъуэщым щынэсым, апостолхэр абы щӀагъуэтакъым. Арати, къагъэзэжри жаӀащ: 23 – Лъэхъуэщыр быдэу гъэбыдауэ, хъумакӀуэхэри бжэхэм Ӏуту дрихьэлӀащ, ауэ бжэхэр Ӏутхыу дыщыщӀыхьэм, зыри щӀэдгъуэтакъым. 24 Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ ар щызэхахым, зыхуахьынур ящӀакъым. 25 Абы ирихьэлӀэу зыгуэр къакӀуэри, хъыбар къахуихьащ: – Фэ лъэхъуэщым щӀэвдза цӀыхухэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэтщ, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр хуаӀуатэри. 26 Ар щызэхахым, хъумакӀуэхэм я пашэр, цӀыхухъухэр и гъусэу, кӀуэри, апостолхэр залымыгъэ кӀэлъызэрамыхьэу къашащ, цӀыхухэр мывэкӀэ къеуэурэ яукӀынкӀэ шынэрти. 27 Апостолхэр къашэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирагъэуващ. Дин пашэшхуэр еупщӀу щӀидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ: 28 – «Мы лӀым и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри евмыгъащӀэ!» жытӀэри, унафэ быдэ фхуэтщӀатэкъэ? Ауэ фэ цӀыхухэм евгъэщӀа Ӏуэхухэр Ерусалим дэз хъуащ. Мы лӀым и лъыр къыттевгъэхуэну фигу илъщ иджы. 29 – ЦӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэӀуэн хуейщ, – жэуап къатыжащ Петррэ адрей апостолхэмрэ. 30 – Ди адэжьхэм я Тхьэм Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Ар фэ пкъом ефӀулӀри вгъэлӀащ. 31 Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ. 32 Дэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри а Ӏуэху псоми дращыхьэтщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абы едаӀуэ цӀыхухэм я гум кърелъхьэ. 33 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ. 34 Ауэ Гамалиил и цӀэу, цӀыху псоми щӀыхь зыхуащӀ фарисей икӀи торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэсти, къэтэджри, апостолхэр пэшым щӀашыну унафэ ищӀащ. 35 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм яжриӀащ итӀанэ: – Израил цӀыхухэ, мы лӀыхэм ефщӀэнум фӀыуэ фегупсыс, 36 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Февдэ и цӀэу лӀы гуэр зэрыпсэурэ куэд щӀакъым. Абы цӀыху ин гуэру закъыфӀигъэщӀурэ, лӀы щиплӀ хуэдизи гъусэ къыхуэхъуащ, арщхьэкӀэ ар яукӀащ, и гъусэхэри зэбгрыкӀыжри кӀуэдыжащ. 37 Абы и ужькӀэ, цӀыхухэр щабж гъэм, Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цӀэ лӀыр къежьэри, цӀыху куэд гъусэ къыхуэхъуащ. ЦӀыхухэм ари яукӀри, и гъуса псори зэбгрыкӀыжащ. 38 Мыр нывжызоӀэ иджы: Мы лӀыхэм я ужь фикӀи, щхьэхуиту футӀыпщыж. Абыхэм я мурадри я Ӏуэхури къызыбгъэдэкӀыр цӀыхухэрауэ щытмэ, кӀуэдыжынущ. 39 Ауэ я Ӏуэхур къызыбгъэдэкӀыр Тхьэрауэ щытмэ, ахэр къэвгъэувыӀэн флъэкӀынукъым. Фызыхуэсакъыж, Тхьэм фызэрыпэувыр къыщӀэщыжынкӀи мэхъу. 40 Арати, мис а Гамалиил жиӀам едэӀуащ. Апостолхэр къраджэжри, щӀопщкӀэ еуащ итӀанэ. Хьисэ и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри жрамыӀэну унафэ хуащӀри, яутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ. 41 Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ. 42 Тхьэм и унэшхуэми я унэхэми цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щрагъащӀэ, хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр цӀыхухэм хуаӀуатэ зэпытт махуэ къэси. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden