Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


27-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Рим къалэшхуэм кӀуэну, Паул кхъухьым зэритӀысхьар

1 Дэ Италием кхъухькӀэ дригъэшэну Фест Ӏэтащхьэм щытриубыдэм, Паулрэ лъэхъуэщым щӀэс нэгъуэщӀ гупрэ кесарым и цӀэкӀэ зэджэ лӀы щих хъу дзэ гупым я пашэхэм щыщу ИулийкӀэ зэджэм ӀэщӀилъхьащ.

2 Адрамит къалэм щыщу Асие хэкум и хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэм кӀуэн хуей кхъухьым дитӀысхьэри, абдежым дыщежьащ. Македоние хэкум ит Фессалоникэ къалэм щыщу Аристарх зи цӀэр ди гъусэт.

3 ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ.

4 Абдежым дэ дыкъыщежьэри, жьыр къызэрытпеуэм щхьэкӀэ, Кипр хытӀыгум дыкӀуащ.

5 Киликие, Памфилие хэкухэм хуэзанщӀэ хым дызэпрыкӀри, Ликие хэкум щыщ Мирэ къалэм дынэсащ.

6 Александрие къалэм щыщу Италием кӀуэну кхъухь гуэр дзэ пашэм абдежым къыщигъуэтри, абы дригъэтӀысхьащ.

7 Махуэ зыкъомкӀэ хуэмурэ дыкӀуэурэ, гугъу дехьу, Книд къалэм хуэзанщӀэ дыхъуащ. Жьым занщӀэу дигъэкӀуэртэкъыми, хым къыхэщ щӀы къуапэу Салмон зи цӀэм дыблэкӀыурэ, Крит хытӀыгум и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурытурэ дыкӀуащ.

8 ХытӀыгум дыбгъурыту гугъу дехьу дыкӀуэурэ, Ласей къалэм и гъунэгъуу «Кхъухь тедзапӀэфӀхэр» жыхуаӀэ щӀыпӀэм дынэсащ.

9 Зэман куэд тфӀэкӀуэдат, кхъухькӀэ узекӀуэнри шынагъуэ хъуат, нэщӀ махуэр блэкӀагъащӀэти. Арати, лӀыхэм ягуригъаӀуэурэ,

10 Паул мыпхуэдэу яжриӀащ: – ЦӀыхухъу гуп, сэ къызэрысфӀэщӀымкӀэ, мы ди гъуэгуанэм узыщышынэн хэлъщ. Хьэлъэхэмрэ кхъухьымрэ я мызакъуэу, ди псэхэри тфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъуэщ.

11 Дзэ пашэр Паул жиӀам нэхърэ кхъухь пашэми кхъухьыр зейми жаӀахэм нэхъ едаӀуэрт.

12 ЩӀымахуэр щитхын кхъухь тедзапӀэфӀ абы зэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ, а щӀыпӀэм дыщежьэу, Ӏэмал иӀэмэ, Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэм дынэсу, щӀымахуэр абы щыдгъэкӀуэну нэхъыбэр зэгурыӀуащ. Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэр Крит хытӀыгум и кхъухь тедзапӀэхэм ящыщт икӀи ипщэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи ищхъэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи хуэгъэзауэ щытт.


Хым борэнышхуэ къызэрыщыхъуар

13 Ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀыу жьы тӀэкӀу къепщэ щыхъум, я мурадыр къехъулӀауэ къафӀэщӀри ежьащ. Крит хытӀыгум бгъурыту кӀуэрт ахэр.

14 Ауэ куэд дэмыкӀауэ, «Ищхъэрабгъу-къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ борэнышхуэр» хытӀыгумкӀэ къикӀри къажьэхэуащ.

15 Борэнышхуэм апхуэдизкӀэ хиубыдат, кхъухьыр абы пэлъэщыртэкъыми дэ толъкъукнхэм дызэрахьэрт, я ӀэмыщӀэ зитлъхьауэ.

16 Клавдэ зи цӀэ хытӀыгу цӀыкӀу гуэрым и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурыту дыкӀуэурэ, гугъу дыдехьу, кхъухьым ит къуафэжьейр щӀимылъафэу къедгъэлащ.

17 Къуафэжьейр къухьым къраха нэужь, кӀапсэшхуэхэр кхъухьым и щӀагъкӀэ щӀалъэфри, борэнышхуэм зэпкъримыудын щхьэкӀэ, кхъухьым кърашэкӀащ. Кхъухьыр Сыртис зи цӀэ чэнжыпӀэм къытенэнкӀэ шынэрти, жьыху чэтэнхэр ирахьэхри, борэнышхуэм зрагъэхуу щӀадзащ.

18 Борэнышхуэр етӀуанэ махуэм нэхъ иныжь хъуати, хьэлъэхэр хым хадзэу хуежьащ.

19 Хьэпшыпхэр хым ди ӀэкӀэ хэддзащ ещанэ махуэм.

20 Махуэ зыкъомкӀэ дыгъи вагъуи дымылъагъурэ, борэнышхуэри мыувыӀэу екӀуэкӀати, дыкъелынкӀэ гугъапӀэ диӀэжтэкъым.

21 ЛӀыхэр куэд щӀауэ шхатэкъыми, Паул абыхэм я пащхьэм къиувэри, жиӀащ: – Фэ лӀы гупыр, сэ фыкъызэдаӀуэу, Крит хытӀыгум фыкъыщемыжьатэмэ, мыр къыфщыщӀынтэкъым, икӀи зыри ффӀэкӀуэдынтэкъым.

22 Ауэ фымыгужьей вжызоӀэ иджы, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщ зыри кӀуэдынукъыми. Кхъухьым и закъуэщ кӀуэдынур.

23 Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри,

24 къызжиӀащ: «Умышынэ, Паул! Кесарым и пащхьэм уиувэн хуейщ. Кхъухьым къыбдис псори, Тхьэм и нэфӀ уи хьэтыркӀэ къащыхуэнурэ, мыкӀуэду къелынущ».

25 Аращи, фымыгужьей, лӀы гуп. Тхьэм къызэрызжиӀам хуэдэу зэрыхъунумкӀэ абы сыщогугъ.

26 Борэнышхуэм хытӀыгу гуэрым дрихулӀэн хуейщ.

27 ЕпщыкӀуплӀанэ жэщым Адриэ хым дыхэту, борэнышхуэм кхъухьыр ихуурэ, жэщ ныкъуэм деж щӀым гъунэгъу дызэрыхуэхъум лӀыхэм гу лъатащ.

28 Хым и куууагъыр къапщри, ӀэплӀакӀуэ тӀощӀ хъуащ. ТӀэкӀу дэкӀауэ хым и куууагъыр аргуэру къыщапщым, ӀэплӀакӀуэ пщыкӀутху хъуащ.

29 Борэнышхуэм кхъухьыр мывэшхуэхэм яфӀигъэнэнкӀэ шынэрти, кхъухьыпхэмкӀэ хъурзиплӀ щрадзыхри, нэху щыщыным гузэвэгъуэр яӀэу пэплъэу щӀадзащ.

30 ЩӀэпхъуэжын мурад ящӀати, кхъухьыпэмкӀэ хъурзэ зыкъом щрадзых хуэдэу защӀри, кхъуафэжьейр хым ирагъэлэлэхащ кхъухьзехуэхэм.

31 Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэмрэ зауэлӀхэмрэ яжриӀащ: – А лӀыхэр кхъухьым къимынэмэ, фи псэхэр къевгъэлын флъэкӀынукъым.

32 Паул апхуэдэу щажриӀэм, зауэлӀхэм и кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, кхъуафэжьейр ирагъэхуэхащ.

33 Нэху ща нэужь, Паул, псоми шхэну елъэӀуурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Нобэ махуэ пщыкӀуплӀ мэхъу фыгузавэурэ фэ зыри зэрывмышхрэ.

34 Аращи, фышхэну быдэу сыныволъэӀу, фыкъелыну фыхуеймэ, ар Ӏэмал зимыӀэщ. Фэ фщыщу зыми и щхьэц налъэ хэхунукъым.

35 Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.

36 Псоми я гур къызэрыгъуэтыжри, шхащ.

37 Кхъухьым исыр цӀыху 276-рэ дыхъурт.

38 Абыхэм зыщагъэнщӀым, гуэдз зэрылъ къэпхэр хым хадзэурэ, кхъухьыр нэхъ псынщӀэ ящӀащ.


Кхъухьыр зэрызэхэкъутар

39 Нэху щыщым, хы Ӏуфэр къацӀыхужакъым, ауэ псы дэлъэдапӀэ пшахъуавэ къалъэгъуащ. Ӏэмал иӀэмэ, кхъухьыр абы ирахулӀэну траубыдащ.

40 Хъурзэхэм я кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, хым къыханащ. Псыр зэрыщӀатхъу хьэнцэхэм я кӀапсэшхуэхэри ятӀэтащ а дакъикъэ дыдэм. Жьыху чэтэн цӀыкӀур борэнышхуэм хуагъазэри, хы Ӏуфэм хуаунэтӀащ итӀанэ.

41 Ауэ кхъухьыр пшахъуавэм хыхьэри, абы къытенащ. Кхъухьым и пэр мыхъеижу чэнжыпӀэм тенащ, толъкъун лъэщхэм кхъухьым и гупхэр зэпкърауду щӀадзащ.

42 Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ гуэр есурэ щӀэмыпхъуэжын щхьэкӀэ, зауэлӀхэм я мурадт ахэр яукӀыну.

43 Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ.

44 Къэнахэми, пхъэбгъухэмрэ кхъухьым щыщ къутахуэхэмрэ ятелъу, я псэр хы Ӏуфэм нахьэсыну яжриӀащ. А щӀыкӀэм тету псори хы Ӏуфэм нэсри, псэууэ къелащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan