Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


26-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Агриппэ пащтыхьым и пащхьэм Паул зызэрыщиухеяр

1 Агриппэ Паул жриӀащ абы и ужькӀэ: – Зыбухейуэ упсэлъэну ухуитщ. Паул и Ӏэр къиӀэтри, зиухейуэ жиӀащ:

2 Агриппэ пащтыхь, журтхэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псомкӀи уи пащхьэм зызэрыщызухейр си дежкӀэ насыпу солъытэ.

3 Апхуэдэу щӀэслъытэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр журтхэм я хабзэхэри щӀызэныкъуэкъу Ӏуэху псори фӀыуэ зэрыпщӀэрщ. Аращи, жысӀэнум гупсэфэу укъедэӀуэну сынолъэӀу.

4 Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ си лъэпкъым сыхэту Ерусалим сызэрыщыпсэур журт псоми фӀыуэ ящӀэ.

5 Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ.

6 Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхум сэ сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ хеящӀэм и пащхьэм сыкърашащ иджы.

7 Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр.

8 Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?

9 Назарет щыщу Хьисэ зи цӀэм зэрыслъэкӀкӀэ сыпэувыжын хуейуэ къысщыхъуу щытащ сэ.

10 Ерусалим щысщӀэри арат. Дин пашэшхуэхэм хуитыныгъэ къеӀысхри, си цӀыхухэм Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ куэд лъэхъуэщым щӀезгъадзэу щытащ. Тепщэныгъэ зиӀэхэм укӀ хьэкум абыхэм щытралъхьэм, ар сэри игъуэу слъытащ.

11 Синэгуэгу псоми абыхэм куэдрэ гугъуехь щезгъэшэчащ икӀи Хьисэ Ӏей зэрыхужезгъэӀэным сыхэтащ. АпхуэдизкӀэ гужьгъэжь яхузиӀэти, гугъуехь езгъэшэчын щхьэкӀэ, хамэ къалэхэм нэс сакӀэлъыкӀуэрт.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум зэрытехьам и хъыбарыр Паул къызэриӀуэтар
( Апостол. 9:1-19 ; 22:6-16 )

12 – Дин пашэшхуэхэм хуит зезгъэщӀри, а Ӏуэхур си пщэм къыдалъхьауэ, Дамаск сыкӀуэу гъуэгу сытетт.

13 Гъуэгум сыздрикӀуэм, щэджагъуэ хъуауэ, дыгъэм нэхърэ нэхъ лыду нэхугъэ гуэр уафэм къехауэ, си гъусэхэмрэ сэрэ дыкъиухъуреихьу слъэгъуащ, ди пащтыхь.

14 Псори щӀым дытеджалэри, макъ гуэрым журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр? Выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи зэран зыбогъэкӀыж».

15 – «Уэ ухэт, Зиусхьэн?» – жысӀэри сеупщӀащ. – «Гугъу ебгъэхь Хьисэ сэращ», жиӀащ Зиусхьэным.

16 «Ауэ иджы къэтэджи, къызэфӀэувэж. Си ӀуэхутхьэбзащӀэ ухъуну, плъэгъуамрэ уэзгъэлъагъунумрэ щыхьэт уатехъуэну узгъэуващ икӀи зыкъозгъэлъэгъуащ.

17 Уэ уи лъэпкъымрэ узыхуэзгъэкӀуэну хамэхэмрэ уакъыӀэщӀэсхыжынущ.

18 Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Журтхэмрэ хамэ лъэпкъхэмрэ я пащхьэм Паул Хьисэ щыхьэт зэрыщыхуэхъуар

19 – Аращи, Агриппэ пащтыхь, уафэм къехыу зыкъызэзыгъэлъэгъуам сыпэувыжакъым.

20 Дамаск къалэм дэсхэм, итӀанэ Ерусалим дэсхэм, Иудей хэку псом ис цӀыхухэм, хамэ лъэпкъхэм щыщхэм гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу, Тхьэм и гъуэгум техьэн зэрыхуейри, гуэныхьу ящӀам зэрыхущӀегъуэжам хуэфащэ Ӏуэхухэр ящӀэн зэрыхуейри яжесӀэу екӀуэкӀащ япэщӀыкӀэ.

21 Иджы, мис, аращ Тхьэм и унэшхуэм сыщаубыду саукӀыну журтхэр щӀыхэтар.

22 ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:

23 Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.


Паул Агриппэ фӀэщхъуныгъэ зригъэӀэну зэрелъэӀуар

24 Паул апхуэдэу зиухей щыхъум, Фест макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Паул, уэ уделэщ. Уэ уи щӀэныгъэшхуэм уи щхьэр зэригъэкӀуэкӀащ.

25 – Сэ си щхьэр зэкӀуэкӀакъым, щӀыхь зыхуэфащэ Фест, – жиӀащ Паул, – сэ жысӀэр псалъэ пэжщ, псалъэ захуэщ.

26 Пащтыхьыр мы Ӏуэхухэм щыгъуазэщ, сытегушхуауэ абы и пащхьэми сыкъыщопсалъэ. Абы гу зылъимыта а Ӏуэхухэм зэрыхэмылъымкӀэ дзыхь хузощӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэху псори къуэгъэнапӀэ гуэрым къыщыхъуакъым.

27 Агриппэ пащтыхь, бегъымбархэм ятхахэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ? ФӀэщхъуныгъэ узэриӀэр сощӀэ.

28 – Мэссихь и гъуэгу апхуэдэу псынщӀэу сытебгъэхьэфыну къыпфӀэщӀрэ? – къыжриӀащ Агриппэ Паул.

29 – ПсынщӀэми мыпсынщӀэми, уэ уи мызакъуэу, нобэ сызэхэзыха псори сэ схуэдэ хъуну, ауэ Ӏэхъулъэхъу ярымылъыну Тхьэм солъэӀу, – жиӀащ Паул.

30 Абы и ужькӀэ пащтыхьи, Ӏэтащхьэри, Вереники, абыхэм я гъусэхэри къэтэджыжри, пэшым щӀэкӀыжащ.

31 Пэшым щыщӀэкӀыжым, абыхэм жаӀащ: – УкӀ е лъэхъуэщ къыщӀихьын Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.

32 Агриппэ Фест жриӀащ итӀанэ: И хьэкумыр кесарым къытрищӀыхьыну мылъэӀуатэмэ, мы лӀыр щхьэхуиту дутӀыпщыжын тлъэкӀынт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan