Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


25-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ «Кесарым си Ӏуэхум хьэкум трырещӀыхь», жиӀэу Паул Фест Ӏэтащхьэм зэрелъэӀуар

1 Фест Ӏэтащхьэр хэкум къихьэу махуищ дэкӀа нэужь, Кесарие къалэм дэкӀри, Ерусалим кӀуащ.

2 Дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я пашэхэмрэ Паул щхьэкӀэ Фест деж тхьэусыхакӀуэ кӀуащ абы щыгъуэ.

3 Къытрагъэзэжурэ, Фест елъэӀуащ ахэр я хьэтыр къилъагъуу зауэлӀхэм Паул Ерусалим къригъэшэну, гъуэгу здытетым ар щэхуу яукӀыну я мурадти.

4 Ауэ Фест яжриӀащ: – Паул Кесарие дэт лъэхъуэщым исщ. Куэд мыщӀэу сэри абы сыкӀуэнущ.

5 А лӀым бзаджагъэ гуэр ищӀамэ, фи пашэхэм ящыщ зы гуп си гъусэу ирекӀуи, иретхьэусыхэ.

6 Махуэ зыбгъупщӀ нэхъыбэ абыхэм я деж щымыӀэу, Фест Кесарием кӀуащ. ЕтӀуанэ махуэм хьэкумыщӀ тӀысыпӀэм тетӀысхьэри, зауэлӀхэм Паул къригъэшащ.

7 Паул къыщашэм, Ерусалим къикӀа журтхэм къаувыхьри, кӀэрымылъ фӀеягъэ куэд кӀэралъхьэу щӀадзащ, ауэ жаӀэр пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀыртэкъым.

8 Паул зиухейурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Журтхэм я Торэт хабзэми, Тхьэм и унэшхуэми, кесарми яхуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ сщӀакъым.

9 Журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Фест Паул къеупщӀащ: – Мы ӀуэхумкӀэ хьэкум птесщӀыхьын щхьэкӀэ, Ерусалим укӀуэну ухуей?

10 – Кесарым и хьэкумыр си Ӏуэхум тезыщӀыхьын хуей хеящӀэм и пащхьэм ситщ сэ, – жиӀащ Паул. – Уэ фӀыуэ зэрыпщӀэщи, журтхэм мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ есщӀакъым сэ.

11 УкӀ къыщӀэсхьын мыхъумыщӀагъэ гуэр сщӀауэ щытмэ, ажалым зыщысхъумэну сыхуейкъым. Ауэ журтхэр къызэрызэдауэм пэж лъэпкъ хэмылъмэ, абыхэм саӀэщӀилъхьэн зыми лъэкӀынукъым. Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ!

12 И дэӀэпыкъуэгъухэм епсэлъа нэужь, Фест жиӀащ: – «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жыпӀэу къызэрыжыпӀам щхьэкӀэ Кесарым деж уезгъэшэнущ.


Фест Ӏэтащхьэм Паул и хъыбарыр Агриппэ пащтыхьым зэрыжриӀар

13 Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Агриппэ пащтыхьымрэ абы и шыпхъу Вереникэрэ Фест ялъагъуну Кесарием къэкӀуащ.

14 Ахэр махуэ зыкъомкӀэ абы щыӀа нэужь, Паул и Ӏуэхур пащтыхьым и пащхьэм ирилъхьэри, Фест жиӀащ: – ЛӀы гуэр лъэхъуэщым щӀэсу, Феликс къысхуигъэнащ.

15 Сэ Ерусалим сыщыщыӀэм, дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я нэхъыжьхэмрэ си деж къакӀуэри, а лӀым едауэурэ, къуаншэу къэслъытэну къызэлъэӀуащ.

16 – Ауэ сэ абыхэм мыпхуэдэ жэуап естащ: «Ягъэкъуаншэр къедауэхэм я пащхьэм къихьэу, зэрагъэкъуаншэмкӀэ жэуап яритурэ зиухеину хуит ямыщӀмэ, апхуэдэм укӀ тралъхьэну Рим хабзэм къезэгъыркъым».

17 Ахэр си деж къыщыкӀуэм, Ӏуэхур сымыгъэгувэу етӀуанэ махуэм хьэкум тесщӀыхьыну си хьэкум тӀысыпӀэм сытетӀысхьэри, а лӀыр зауэлӀхэм къезгъэшащ.

18 Къедауэхэм къаувыхьащ, ауэ зэрагъэкъуэншэну си гугъа мыхъумыщӀагъэхэм ящыщкӀэ ягъэкъуэншакъым.

19 Я диным теухуа Ӏуэху зыкъомкӀэ зэдэуащ. Дунейм ехыжа лӀыуэ ХьисэкӀэ зэджэр Паул псэууэ зэрыжиӀэмкӀэ зэгурыӀуэртэкъым.

20 Мыпхуэдэ Ӏуэхухэм хьэкум зэрытесщӀыхьын хуейр сщӀэртэкъыми, а лӀым сеупщӀащ: «Ерусалим укӀуэу, абы хьэкум къыщыптращӀыхьыну ухуей?»

21 И Ӏуэхум кесарыр хэплъэху лъэхъуэщым щӀагъэсыну Паул къыщылъаӀуэм, кесарым деж езгъэшэху, ар лъэхъуэщым щӀагъэсыну унафэ сщӀащ.

22 – Си щхьэкӀэ, сэ а лӀым жиӀэм седэӀуэну сыхуейщ, – къыжриӀащ Агриппэ Фест. – Пщэдей уезгъэдэӀуэнщ, – жиӀащ Фест.

23 ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ къыхуащӀурэ, Агриппэрэ Вереникэрэ хеящӀэ унэшхуэм къыщӀыхьащ етӀуанэ махуэм. Абыхэм я гъусэу дзэпщхэри къалэм дэс цӀыху цӀэрыӀуэхэри къыщӀыхьащ. Фест унафэ ищӀри, Паул къашащ итӀанэ.

24 – Уэри, Агриппэ пащтыхь, фэри, ди гъусэу мыбы щӀэс цӀыху псори, мы лӀым феплъ, – жиӀащ Фест. – Ерусалим сыщыщыӀэми мыбдежми журтхэр си деж къакӀуэурэ, «А лӀыр афӀэкӀа псэу хъунукъым», жаӀэу ягъэкъуаншэурэ зэрыгъэкӀийуэ щӀыщытар мы лӀыращ.

25 УкӀ щӀытеслъхьэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ имыщӀауэ къэсхутащ, ауэ езым, «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жиӀэри лъэӀуати, кесарым деж езгъэшэнэу тезубыдащ.

26 Ауэ абы теухуауэ кесарым хуэстхын хъыбар згъэува сиӀэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, фэ псоми, псом хуэмыдэжу, уэ, Агриппэ пащтыхь, фи пащхьэм кърезгъэшащ, деупщӀа нэужь, стхынур сщӀэн щхьэкӀэ;

27 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэрыдгъэкъуаншэр къыгурыдмыгъаӀуэу лъэхъуэщым щӀэс гуэр яхуедгъэшэныр емыкӀуу къы-золъытэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan