Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


24-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Феликс Ӏэтащхьэм и пащхьэм журтхэр Паул къызэрыщедэуар

1 Махуитху дэкӀа нэужь, дин пашэшхуэ Ананий, нэхъыжьхэм ящыщ гупрэ уэчыл Тертуллрэ и гъусэу, Кесарие къалэм кӀуащ. Паул зэрагъэкъуаншэхэр Ӏэтащхьэм и пащхьэм къыщаӀуэтащ.

2 Паул утыкум къыщрашэм, ар игъэкъуаншэу, Тертулл мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ: – Уэ, щӀыхьышхуэ зыхуащӀ Феликс, уи фӀыгъэкӀэ мамырыгъэшхуэ диӀэу допсэу; уи нэӀэр тебгъэтурэ, мы къэралыр нэхъ зэкӀэлъыкӀуэ хъуащ.

3 Аращи, сыт щыгъуи, дэнэ дыщыӀэми, фӀыщӀэ пхудощӀ.

4 Уезгъэзэшыщэну сигу илъкъыми, уи гуапэу укъыдэдэӀуэну сынолъэӀу, узэрихабзэу, укъытхуэмыткӀийуэ.

5 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ къызэрытщӀамкӀэ, мы лӀыр емынэ гуэрщ, дунейм журту тету хъуар къызэщӀеӀэтэ, диным ирилажьэ Назарет гупкӀэ зэджэми и унафӀэщӀщ.

6 Тхьэм и унэшхуэри игъэуфӀеину хэтащ. Ар дубыдри, ди хабзэм тету хьэкум тетщӀыхьыну дыхуеящ.

7 Ауэ Лисий дзэпщыр къакӀуэщ, лъэщыгъэкӀэ ар тӀэщӀихыжри, уи деж зауэлӀхэм къригъэшащ.

8 Лисий унафэ ищӀащ а лӀым дридауэгъуу уи деж дыкъэкӀуэну. Абы ущеупщӀкӀэ, ар зэрыдгъэкъуаншэхэм я пэжыр уэри зэбгъэщӀэн плъэкӀынущ.

9 Уэчыл Тертулл жиӀа а псалъэхэм журтхэр щыхьэт техъуэурэ, абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуащ.


Феликс Ӏэтащхьэм и пащхьэм Паул зызэрыщиухеяр

10 Ӏэтащхьэм Ӏэ къыщыхуищӀым, Паул жиӀащ: – Илъэс куэд щӀауэ, мы лъэпкъым хеящӀэу узэраӀэр сщӀэуэ, зызухейурэ си Ӏуэхур сыпхуэгушхуэу уи пащхьэм нызолъхьэ.

11 Махуэ пщыкӀутӀ и пэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀуну Ерусалим сыкъызэрыкӀуар зэрыпэжыр зэбгъэщӀэн плъэкӀынущ.

12 Тхьэм и унэшхуэм сэ зыми сыщеныкъуэкъуакъым, синэгуэгуми къалэми цӀыхухэр къыщызэщӀэсӀэтакъым.

13 Си дауэгъухэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псоми ящыщ гуэр зыри пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀынукъым.

14 Ауэ ди адэжьхэм я Тхьэм сыхуэлажьэурэ, мы цӀыхухэм пхэнжу жыхуаӀэ гъуэгум сызэрырикӀуэр пэжщ. Торэт хабзэм ит псомкӀи бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярыт псомкӀи фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ.

15 Щыпкъагъэ зиӀи зимыӀи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум мыбдеж щыт лӀыхэр Тхьэм зэрыщыгугъым хуэдэу, сэри Тхьэм сыщогугъ.

16 Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.

17 – Илъэс куэдкӀэ Ерусалим сыщымыӀауэ, си лъэпкъым псапэ тыхь хуэсхьыну икӀи къурмэн сщӀыну аргуэру сыкъэкӀуащ.

18 Апхуэдэу сщӀыурэ, Торэт хабзэм и унафэм тету зызгъэкъэбзэжауэ, Тхьэм и унэшхуэм сыщӀэту мы цӀыхухэр къысӀущӀащ. ЦӀыхубэм сыхэтакъым, цӀыхухэри сэ къэзгъэукхъуакъым.

19 Асие хэкум щыщ журт гуп абы щыӀащ. Абыхэм сызэрагъэкъуэншэн щыӀэмэ, мис иджы уи пащхьэм нахуэу ар щыжаӀэн хуеящ.

20 Е мыбдеж щытхэм жрыраӀэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм сыщрашэм щӀэпхъаджагъэу сщӀауэ къыздалъэгъуар.

21 «ЛӀахэр къызэрытэджыжынумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэ нобэ хеящӀэм и пащхьэм сифшащ», жысӀэу, мы цӀыхухэм сахэту макъышхуэкӀэ къызэрыжысӀарауэ къыщӀэкӀынщ сызэрагъэкъуаншэр.

22 Апхуэдэу щыхъум, Зиусхьэным и гъуэгур фӀыуэ зыщӀэ Феликс а Ӏуэхум щыхэплъэну пӀалъэр игъэкӀуатэурэ жиӀащ: – Лисий дзэпщыр къызэрыкӀуэу, фи Ӏуэхум хьэкум тесщӀыхьынщ.

23 Феликс дзэ пашэм унафэ хуищӀащ Паул яхъумэну, ауэ гугъу ирамыгъэхьыну, и гъусэхэр къыкӀэлъигъэплъын щхьэкӀэ, ахэр абы деж къэкӀуэну хуит ищӀыну.


Паул Феликсрэ Друзиллэрэ зэрепсэлъар

24 Махуэ зыбжанэ дэкӀауэ, Феликс и щхьэгъусэ Друзиллэ и гъусэу къэкӀуащ. Друзиллэ журтт. Феликс и цӀыхухэм Паул къаригъашэри, ар едэӀуащ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ зэрыхъуну щӀыкӀэм зэрытепсэлъыхьым.

25 Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.

26 ЗригъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, ар Паул Ӏулъхьэ къритыным щыгугъырт. Арати, куэдрэ къригъашэурэ, епсалъэрт.

27 ИлъэситӀ дэкӀауэ, Феликс и пӀэм Порций Фест зи цӀэр иуващ. Феликс журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Паул лъэхъуэщым къыщӀинащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan