Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


23-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Паул и нэхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ятриубыдэри, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, нобэр къыздэсым Тхьэм и пащхьэм гукъабзагъэкӀэ ситщ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу.

2 Дин пашэшхуэу Ананий Паул бгъэдэтхэм яжриӀащ абы и жьэм еуэну.

3 Апхуэдэу щыхъум, Паул абы жриӀащ: – Тхьэр къоуэнщ. Хужьу яла блыным ухуэдэщ. Хабзэм тету хьэкум къыстепщӀыхьын щхьэкӀэщ мыбдежым ущӀыщысыр, итӀани хабзэм уэр-уэру утокӀри къызыбогъауэ.

4 Абдежым щытхэм Паул къыжраӀащ: – Тхьэм и дин пашэшхуэм ущӀыпэпсэлъэжыр сыт?

5 Си къуэшхэ, ар зэры дин пашэшхуэр сэ сщӀакъым, – жиӀащ Паул. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Уи лъэпкъым и тхьэмадэм ӀейкӀэ утепсэлъыхь хъунукъым».

6 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ зы гупыр саддукейхэу, нэгъуэщӀ гупри фарисейхэу зэрыщытыр ищӀэрти, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Паул щыжиӀащ: – Си къуэшхэ, сэ сыфарисейщ, си адэри фарисейуэ щытащ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынум сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ, хеящӀэм и пащхьэм срашащ.

7 Апхуэдэу щыжиӀэм, фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъури, зэщыхьэу щӀадзащ;

8 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ саддукейхэм, «ЛӀахэр къэтэджыжынукъым, мелыӀычи щыӀэкъым, псэи щыӀэкъым», жаӀэ, ауэ, саддукейхэм яхуэмыдэу, а псори зэрыщыӀэр фарисейхэм я фӀэщ мэхъу.

9 Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ: – Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.

10 Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.

11 ЕтӀуанэ жэщым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри, къыжриӀащ: – Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ.


Паул щэхуу яукӀыну журтхэм мурад зэращӀар

12 ЕтӀуанэ махуэм и пщэдджыжьым журт гуп зэгурыӀуэри, тхьэ яӀуащ: – Паул дымыукӀауэ, дышхэнукъым икӀи дефэнукъым, – жаӀэри.

13 Тхьэ зыӀуахэр лӀы плӀыщӀым щӀигъурт.

14 Ахэр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж кӀуэри, жраӀащ: – Паул дымыукӀауэ дымышхэну тхьэ тӀуащ.

15 Аращи, «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, ди деж къегъашэ», жыфӀи, фэрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэмрэ дзэпщым хъыбар евгъащӀэ. Паул мыбы къэмыс щӀыкӀэ, ар дыукӀыну дыхьэзырщ дэ.

16 Паул и шыпхъум и къуэм абыхэм ягу илъыр къищӀэщ, быдапӀэм кӀуэри, Паул хъыбар иригъэщӀащ.

17 Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ: – Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.

18 Дзэ пашэм щӀалэр зыщӀигъущ, дзэпщым деж кӀуэри, жриӀащ: – Ди лъэхъуэщым щӀэс Паул зи цӀэр къызэджэри, мы щӀалэм зыгуэр къыбжиӀэн щхьэкӀэ, уи деж къэсшэну къызэлъэӀуащ.

19 Дзэпщым щӀалэм и Ӏэр иубыдщ, лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, еупщӀащ: – Сыт къызжепӀэну узыхуейр?

20 – «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, пщэдей Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм къишэ», жаӀэу, журтхэр къолъэӀуну зэгурыӀуащ, – жиӀащ щӀалэм.

21 – Ауэ уэ абыхэм уемыдаӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщу лӀы плӀыщӀым щӀигъу Паул яукӀын мурад щэху яӀэу поплъэ. Абыхэм ар ямыукӀауэ мышхэну икӀи емыфэну тхьэ яӀуащ. Загъэхьэзырауэ, уи унафэм поплъэри щысщ.

22 ЩӀалэр щиутӀыпщыжым дзэпщым къыжриӀащ: – Мыр къызэрызэбгъэщӀар зыми жумыӀэ.


Феликс Ӏэтащхьэм деж Паул зэрашар

23 Дзэпщым дзэ пашэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – ЗауэлӀу щитӀ, шууэ блыщӀ, бжыхэр зыӀыгъ зауэлӀу щитӀ ныжэбэ сыхьэтыр бгъум Кесарие къалэм кӀуэну вгъэхьэзыр.

24 Паули шы хуэвгъэхьэзыр, зыш вгъэшэси, ар Феликс Ӏэтащхьэм деж фшэ.

25 Дзэпщым мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыт тхылъи итхащ:

26 «Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох.

27 Мы лӀыр журтхэм яубыдри, яукӀыну хуежьащ, ауэ си зауэлӀхэр си гъусэу сыкӀуэри, къаӀэщӀэсхыжащ, рим цӀыхухэм зэращыщыр къэсщӀати.

28 Зэрагъэкъуаншэр зэзгъэщӀэну сыхуейуэ, ар я Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм зауэлӀхэм ирезгъэшащ.

29 Абыхэм зэрагъэкъуаншэр езыхэм я хабзэм епхауэ, щӀэбукӀын е лъэхъуэщым щӀибгъэсын Ӏуэху лъэпкъ а лӀым имыщӀауэ зэрыщытыр къэсхутащ.

30 Ауэ журтхэм мы лӀыр щэхуу яукӀыну я гум зэрилъыр зыгуэрым сигъэщӀати, уи деж зауэлӀхэм занщӀэу незгъэшащ. Къедауэхэми зэрагъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уи пащхьэм щыжаӀэну хъыбар езгъэщӀащ. Узыншэу ущыт!»

31 Апхуэдэу, унафэм тету, зауэлӀхэм Паул ирашажэри, жэщым Антипатридэ къалэм нагъэсащ.

32 ЗауэлӀхэм етӀуанэ махуэм Паул Кесарие яшэну шухэм къыхуагъанэри, езыхэм быдапӀэм ягъэзэжащ.

33 Шухэр Кесарие къалэм щынэсым, Ӏэтащхьэм тхылъыр иратащ, Паули абы ӀэщӀагъэхьащ.

34 Ӏэтащхьэр тхылъым еджэри, Паул зыщыщ хэкумкӀэ къеупщӀащ. Киликие хэкум зэрыщыщыр щызэхихым, абы жиӀащ:

35 – Уэ къодауэхэр къэсмэ, сыпкърыупщӀыхьынущ. Ӏэтащхьэм унафэ ищӀащ Ирод пащтыхьым преториекӀэ еджэу иухуэгъа унэшхуэм зауэлӀхэм Паул щахъумэну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan