Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 – Ди къуэшхэри ди адэхэри зызгъэхеижын щхьэкӀэ нывжесӀэнум фыкъедаӀуэ.

2 Паул журтыбзэкӀэ псалъэу щызэхахым, ахэр нэхъ сабыр хъуащ. Паул жиӀащ:

3 Сэ сыжуртщ, Киликие хэкум щыщ Тарс къалэм сыкъыщалъхуащ. Мы Ерусалим къалэм сыщапӀащ. Гамалиил и лъакъуэхэм деж сыщысу, ди адэжьхэм я Торэт хабзэр сыхуэсакъыпэурэ зэзгъэщӀащ. Тхьэм фэ псори нобэ фызэрыхуэлажьэм хуэдабзэу, сэри гурэ псэкӀэ Тхьэм сыхуолажьэ.

4 Зиусхьэным и гъуэгу ирикӀуэхэр лӀэхукӀэ исхуэкӀащ. ЦӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Ӏэхъулъэхъу ирезгъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀезгъэдзащ.

5 Ар зэрыпэжымкӀэ дин пашэшхуэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори щыхьэт къысхуэхъуфынущ. Абыхэм Дамаск дэс журт къуэшхэм тхылъхэр хуатхри къызатащ. ИтӀанэ Дамаск сыкӀуэну гъуэгу сытетт, а гъуэгум ирикӀуэхэм Ӏэхъулъэхъу ярылъу Ерусалим къезгъашэу ди пашэхэм абыхэм тезыр ятрезгъэлъхьэн щхьэкӀэ.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр Паул къызэриӀуэтэжар
( Апостол. 9:1-19 ; 26:12-18 )

6 Дамаск сыкӀуэу къалэм гъунэгъу сыщыхуэхъум, шэджагъуэм деж зы нэхугъэ уафэм напӀэзыпӀэм къехри сыкъиухъуреихьащ.

7 ЩӀым сытеджалэри, макъ гуэрым къызжиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул. Сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?»

8 – «Уэ ухэт, Зиусхьэн?» жысӀэри, сеупщӀащ. – «Назарет щыщ Хьисэ уэ гугъу ебгъэхьыр сэращ», къызжиӀащ абы.

9 Нэхугъэр си гъусэхэм ялъэгъуащ, ауэ сэ къызэпсэлъам и макъыр зэхахакъым.

10 – «Сыт сщӀэнур, Зиусхьэн?» жысӀащ. – «Къэтэджи, Дамаск кӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Уэ пщӀэн хуейуэ Тхьэм къыпхуигъэува псори зыгуэрым абдежым къыщыбжиӀэнущ».

11 А нэхугъэшхуэм къыхэкӀкӀэ си нэхэм зыри ямылъагъуж зэрыхъуам щхьэкӀэ, си гъусэхэм си Ӏэр яӀыгъыу Дамаск сашащ.

12 – Ананий и цӀэу Торэт хабзэм темыкӀыу тетрэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр и гум илъу лӀы гуэр Дамаск дэсащ. Абы журт псоми пщӀэ хуащӀырт.

13 Ар си деж къакӀуэщ, къызбгъэдыхьэри, къызжиӀащ: – «Си къуэш Щаул, уи нэхэр къэплъэжынущ». Ар зэрыжиӀэу, си нэхэр къэплъэжри, а лӀыр слъэгъуащ.

14 – «Тхьэр зыхуейр зэбгъэщӀэн, Щыпкъагъэр Зейр плъагъун, абы и макъыр зэхэпхын хуейуэ ди адэжьхэм я Тхьэм укъыхихащ», жиӀащ Ананий.

15 «Аращи, уэ плъэгъуамрэ зэхэпхамрэ цӀыху псоми я пащхьэм щыпӀуэтэжурэ, Щыпкъагъэр Зейм щыхьэт ухуэхъунущ.

16 Иджы сыт зыщӀэбгъэгувэр? Къэтэдж, зызгъэумэхъ, Зиусхьэным елъэӀуи, гуэныхьу пщӀахэр абы уи гум ирырегъэкъэбзыкӀыж».


Зиусхьэным и псалъэхэм хамэ лъэпкъхэр иригъэдэӀуэну Паул зэригъэкӀуар

17 – Ерусалим къэзгъэзэжри, Тхьэм и унэшхуэм сыщӀыхьащ. Тхьэм селъэӀуу абы сыздыщӀэсым, зыгуэр къысхуэхутащ.

18 Хьисэ къэслъэгъуащ сэ икӀи абы къызжиӀащ: – «ЕпэщӀэкӀ, Ерусалим щӀэхыу дэкӀ, сэ щыхьэт укъызэрысхуэхъур ядэнукъыми».

19 – «Зиусхьэн», естыжащ жэуап, «уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр си цӀыхухэм лъэхъуэщым щӀезгъадзэу икӀи синэгуэгухэм щезгъэубэрэжьу зэрыщытар мы лӀыхэм ящӀэ.

20 Уэ уи щыхьэту къэува Стефан и лъыр щагъажэм, сэ абдежым сыщытащ. Ар абыхэм зэраукӀыр яхуэздащ икӀи зыукӀахэм я щыгъынхэр яхуэсхъумащ».

21 – «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».


Паулрэ римхэм я дзэпщымрэ

22 Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!

23 Ахэр зэрыгъэкӀийрэ, я щыгъынхэр драдзейрт, сабэр драпхъейрт.

24 Апхуэдэу щыхъум, дзэпщым зауэлӀхэм унафэ яхуищӀри, Паул быдапӀэм иригъэшащ. ЦӀыхухэр Паул пэуву, апхуэдэу щӀызэрыгъэкӀияр зригъэщӀэн щхьэкӀэ, щӀопщкӀэ еуэурэ абы еупщӀыну дзэпщым зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.

25 ЩӀопщкӀэ еуэну фэ кӀапсэкӀэ щрапхым, Паул абдеж щыт дзэ пашэм жриӀащ: – Хьэкум тевмыщӀыхь щӀыкӀэ, рим цӀыхухэм ящыщ гуэрым феуэну хабзэкӀэ фыхуит?

26 Дзэ пашэм ар щызэхихым, дзэпщым деж кӀуэри, хъыбар иригъэщӀащ. – Сыт пщӀэнур? Мы лӀыр рим цӀыхухэм ящыщщ, – жриӀащ.

27 Паул къыбгъэдыхьэри, дзэпщыр къеупщӀащ: – КъызжеӀэ! Уэ рим цӀыхухэм уащыщ? – Сащыщщ, – жиӀащ Паул.

28 – Рим цӀыхухэм ящыщ сыхъун щхьэкӀэ, сэ ахъшэ куэд згъэкӀуэдащ, – жиӀащ дзэпщым. – Сэ рим цӀыхуу сыкъалъхуащ, – жиӀащ Паул.

29 Паул еупщӀын хуеяхэр занщӀэу къикӀуэтыжащ. Дзэпщыр, Паул рим цӀыхухэм зэращыщыр къыщищӀэм, зауэлӀхэм Паул Ӏэхъулъэхъу зэраригъэлъхьам щхьэкӀэ шынащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Паул зэрырашар

30 Журтхэм Паул зэрагъэкъуэншар дзэпщым нэхъыфӀу зригъэщӀэну хуейти, зауэлӀхэм Паул къаригъэтӀэтэжри, дин пашэшхуэхэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори зэхуэсыну етӀуанэ махуэм унафэ ищӀащ. Паул къишэри, я пащхьэм иригъэуващ итӀанэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan