Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къазэрыхуехар

1 Пэнтэкост махуэшхуэр къыщысым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зы щӀыпӀэм щызэхуэсат.

2 НапӀэзыпӀэм жьапщэшхуэ макъым хуэдэу зы макъ уафэм къехри, ахэр зыщӀэс унэм макъышхуэр щӀэз хъуащ.

3 МафӀэм хуэдэу бзэгухэр къахуэлъэгъуащ. А бзэгухэм загуэшри, абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы бзэгу къытенащ.

4 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.

5 Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст.

6 А макъышхуэр къыщыӀум, зыхуахьынур ямыщӀэу, цӀыху куэд зэхуэжэсащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэж и бзэкӀэ ахэр псалъэу дэтхэнэми зэхихырт.

7 Хуабжьу ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы къэпсалъэ цӀыху псори Галилей хэкум щыщкъэ?

8 Апхуэдэу щыщыткӀэ, дэ тщыщу дэтхэнэми и бзэкӀэ ахэр къэпсалъэу зэхихын зэрыхъуар дауэ?

9 Парфие, Мидие, Елам къэралхэм щыщхэми, Месопо-тамием исхэми, хэкухэу Иудейрэ Каппадокиерэ, Понтрэ Асиерэ,

10 Фригиерэ Памфилиерэ исхэми, Мысырым исхэми, Ливие къэралым щыщ Кириние къалэм пэгъунэгъу лъэныкъуэм исхэми, Рим къалэшхуэм къикӀахэми,

11 журтхэми, прозелитхэми, Крит хытӀыгум щыщхэми, хьэрыпхэми, Тхьэм илэжьа Ӏуэхушхуэхэм я хъыбарыр ди бзэхэмкӀэ къаӀуатэу дэ псоми зэхыдох.

12 ЦӀыху псоми ягъэщӀагъуэу, зыхуахьынур ямыщӀэу, жаӀащ: – Сыт мы къэхъуар зищӀысыр?

13 – Ахэр фадэ ӀэфӀ ефэкъуащ! – абыхэм ящӀэнакӀэу жаӀащ языныкъуэхэм.


Петр цӀыхубэм я пащхьэм Пэнтэкост махуэшхуэм къызэрыщыпсэлъар

14 Адрей апостол пщыкӀузым я гъусэу къэтэджщ, и макъым зригъэӀэтри, Петр псалъэу щӀидзащ: – Фэ, си къуэш журтхэмрэ Ерусалим дэсхэмрэ, мыр зэвгъащӀэ, мы къыжысӀэм федаӀуэ.

15 Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу хъуа къудейщ.

16 Мыбы къыщыхъуар Иоил бегъымбарыр мыпхуэдэу зытепсэлъыхьа Ӏуэхурщ.

17 «Тхьэм мыпхуэдэу жеӀэ: Дунейм и иужьрей махуэхэм сэ си Псэ ЛъапӀэр цӀыху псоми къахуезгъэхынущ. Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ. Фи щӀалэхэми Ӏуэхухэр къахуэзгъэлъэгъуэнущ, фи нэхъыжьхэми пщӀыхьэпӀэхэр езгъэлъагъунущ.

18 А махуэхэм си ӀурыщӀэ цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми си Псэ ЛъапӀэр къахуезгъэхынущ, си псалъэхэри я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ.

19 Уафэм Ӏуэху телъыджэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ, щӀылъэми нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ: лъы, мафӀэ, Ӏугъуэшхуэ флъагъунущ.

20 Зиусхьэным и махуэ лъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр къэсын и пэкӀэ дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри лъым хуэдэ хъунущ.

21 Абы щыгъуэ къыдэӀэпыкъункӀэ Зиусхьэным елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ».

22 Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.

23 Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.

24 Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.

25 Хьисэ теухуауэ Даут бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэныр си пащхьэм иту слъагъу зэпыту щытащ. ЗыкӀи симыгъэгузэвэн щхьэкӀэ, ар си ижьырабгъумкӀэ къыщытщ.

26 Аращи, си гур мэгуфӀэ, си бзэри мэубзэрабзэ. Сипкъми гугъапӀэфӀ иӀэу зигъэпсэхужынущ.

27 Сыту жыпӀэмэ си псэр хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым. Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым.

28 ГъащӀэм хуэкӀуэ гъуэгухэр сыбгъэщӀащ. Сэ уи дэжи сыщыбгъэгуфӀэнущ».

29 – Си къуэшхэ, ди адэшхуэ Даут теухуауэ сигу зэӀухауэ сыпсэлъэну хуит сыфщӀ. Ар дунейм ехыжащ икӀи щӀалъхьэжащ, абы и кхъэлэгъунэр ди деж щыӀэщ ноби.

30 Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.

31 Аращи, Даут къэхъунур ищӀэрти, Мэссихь къытепсэлъыхьу, «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ къыщинэнукъым» икӀи «абы и хьэдэр игъэфынукъым» щыжиӀэм, зи гугъу ищӀар Мэссихь лӀахэм къахэтэджыкӀыжыну зэрыщытарщ.

32 А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.

33 Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижу, и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьа нэужь, Адэ лъапӀэм къызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр абы къритащ, фэ зэрыфлъагъущ, икӀи зэрызэхэфхщи, Хьисэ а Псэ ЛъапӀэр дэ къытхуригъэхащ.

34 Даут уафэм дэкӀуеижакъым, ауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэуэ Зиусхьэным си Зиусхьэным къыжриӀащ:

35 Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ».

36 – Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.

37 Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм: – Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?

38 – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.

39 Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.

40 НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ: – Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.

41 Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.

42 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зэшщ

43 Апостолхэм Ӏуэху телъыджэ куэд ящӀэрт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къагъэлъагъуэрти, цӀыху псоми я гум шынагъэ илъ хъуащ.

44 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгъусэт, яӀэу хъуари я зэхуэдэт.

45 Я мылъкухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ ящэри, къыщӀэкӀар щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ ягуэшащ.

46 Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.

47 Тхьэм щӀыхь хуащӀырт икӀи цӀыху псоми я гум дыхьэрт. Зиусхьэным мыкӀуэду къригъэлхэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэс хигъахъуэрт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan