Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ефес къалэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм Паул щригъэдаӀуэу зэрыщытар

1 Аполлос Коринф къалэм щыщыӀэм, Паул ипщэ хэкухэм якӀуэцӀрыкӀри, Ефес къалэм нэсащ. Абы ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэрхэр къыщигъуэтри, еупщӀащ:

2 ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъ хъуа? – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр щыӀэуи зэхэтхакъым, – къыжраӀащ абыхэм.

3 Умэхъын хабзэу зефхьэм къикӀыр сыт? – еупщӀащ Паул абыхэм. – Иуан зытепсэлъыхьа умэхъын хабзэрщ, – къыжаӀащ абыхэм.

4 Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.

5 Ар щызэхахым, Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ зрагъэумэхъащ.

6 Паул и Ӏэхэр щатрилъхьэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехри, ямыщӀэ бзэхэмкӀэ къепсэлъащ. Тхьэм и псалъэхэр ягухэм кърилъхьэурэ, ахэр къажригъэӀащ.

7 ЦӀыху пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт ахэр.

8 Паул синэгуэгум щӀыхьэри, тегушхуауэ цӀыхухэм едауэурэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр я фӀэщ ищӀу мазищкӀэ яхуиӀуэтащ.

9 Ауэ абыхэм цӀыху ерыщ гуэрхэр яхэтащ, цӀыхухэм я пащхьэм Зиусхьэным и гъуэгум ӀейкӀэ щытепсэлъыхьрэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуну ямыдэу. Ар щилъагъум, Паул абыхэм къахэкӀыжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къахишащ, Тыранн зи цӀэм и еджапӀэм Тхьэм и псалъэхэм махуэ къэс щригъэдаӀуэуи щӀидзащ.

10 Паул Асие хэкум ис алыдж псоми журт псоми Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр илъэситӀ енкӀэ яхуиӀуэтащ.


Скевэ и къуэхэр, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну зэрыщӀэкъуар

11 Тхьэм Паул Ӏуэху телъыджэ дыдэхэр иригъащӀэрт.

12 Паул и щӀыфэм еӀуса напэӀэлъэщӀхэри щыгъын щӀыӀутелъхэри сымаджэхэм тралъхьэрт. ЩытралъхьэкӀэ, ахэр хъужырт, ахэр зыӀыгъ жин бзаджэхэри яхэкӀыжырт.

13 Ауэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахуурэ къэзыкӀухьу щыта журт гупым Хьисэ и цӀэр жаӀэурэ, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну щӀэкъурт. – Хьисэу зи хъыбар Паул жиӀэм и цӀэкӀэ мы цӀыхум фыхэкӀыну унафэ фхузощӀ, – жаӀэрт абыхэм.

14 Журт дин пашэшхуэу Скевэ зи цӀэм и къуиблми апхуэдэу ящӀырт.

15 – Хьисэ соцӀыху, Паул и хъыбари зэхэсхащ, ауэ фэ хэт фыщыщ? – жэуап яритыжащ жин бзаджэм.

16 Жин бзаджэм иӀыгъ лӀыр къажьэхэлъэри, а псоми къатекӀуащ. АпхуэдизкӀэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярищӀати, пцӀанэрэ зэхэуӀауэ унэм къыщӀэжыжащ.

17 Мы хъыбарыр Ефес къалэм дэс алыджхэми журтхэми щызэхахым, псори шынагъуэшхуэм хэхуащ. Апхуэдэу щыхъум, Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀу щӀадзащ.

18 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ящыщ куэд къакӀуэри, ялэжьа бзаджагъэмкӀэ, цӀыхухэм зэхахыу, заумысыжащ.

19 Удыгъэ Ӏуэхум хэт цӀыху куэдым я тхылъхэр зэхуахьэсри, цӀыху псоми ялъагъуу ягъэсащ. А тхылъхэм я уасэхэр къыщалъытэм, дыжьын ахъшэ мин щэ ныкъуэ хъуащ.

20 Апхуэдэу, Зиусхьэным и псалъэхэм ину заубгъуурэ, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсащ.


Ефес къалэм зэрыхьзэриишхуэ къызэрыщыхъуар

21 Мы Ӏуэху псори къэхъуа нэужь, Паул, Македоние, Ахаие хэкухэм кӀуэцӀрыкӀыу, Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ. – Ерусалим сынэса нэужь, Рим къалэшхуэми сыкӀуэн хуейщ, – жиӀащ.

22 Паул и дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщу Тимофейрэ Ерастрэ Македоние хэкум нэхъапэ игъэкӀуащ. Езым Асие хэкум тӀэкӀурэ зыщиӀэжьащ.

23 Зиусхьэным и гъуэгум щхьэкӀэ зэрыхьзэрий ин къэхъуащ а махуэхэм;

24 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димитрий и цӀэу, дыщэкӀ гуэр а къалэм дэсащ. Артемидэ жыхуаӀэ тхьэ гуащэ нэпцӀым и тхьэлъэӀупэ унэ цӀыкӀунитӀэр дыжьыным къыхищӀыкӀыурэ, дыщэкӀхэм а Димитрийм ахъшэ куэд къаригъэлэжьырт.

25 Димитрий а дыщэкӀхэри апхуэдэ ӀэщӀагъэ зиӀэ нэгъуэщӀхэри зэхуишэсри яжриӀащ: – Си гъусэхэ, мы Ӏуэхум ди къулеигъэр къызэрыхэкӀыр фощӀэ.

26 Мы Паул зи цӀэм Ефес къалэм и мызакъуэу, Асие хэкум, зэрыщыту, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, «ЦӀыхухэм ящӀа тхьэ сурэтхэр тхьэ пэжу щыткъым», жиӀэм, цӀыху куэдым ар я фӀэщ ищӀурэ зэрыщигъэуар фэ фолъагъу икӀи зэхывох.

27 ЦӀыхухэм ди ӀэщӀагъэр зэрамыдэжыну къудейр аракъым шынагъуэр, атӀэ Артемидэ тхьэ гуащэшхуэм и тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэм нэмыплъ зэрыратынурщ, Асие хэку псоми дуней псоми щыдгъэлъапӀэ Артемидэ и щӀыхьышхуэр зэрыкӀуэдыжынуращ шынагъуэр.

28 А псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу губжьри, лӀы гупышхуэр зэрыгъэкӀиящ: – Ефес къалэм и Артемидэ лъапӀэ дыдэщ!

29 Къалэм зэрыхьзэриишхуэ къыщыхъуащ. Македонием щыщу Паул и гъусэ Гаийрэ Аристархрэ яубыдщ, здахури, цӀыху псори щызэхэт зэхуэсыпӀэм и утыкум ирашащ.

30 Паул цӀыхухэм яхыхьэну хуеящ, ауэ ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм хуадакъым.

31 Асие хэкум и къулыкъущӀэхэм ящыщу Паул и благъэхэм хъыбар кърагъащӀэри къелъэӀуащ: «ЗэхуэсыпӀэм умыкӀуэ!» – жаӀэурэ.

32 Зым зы, адрейхэми нэгъуэщӀ гуэр жаӀэурэ, цӀыхухэр зэрыгъэкӀийрт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдеж кърихьэлӀа цӀыхухэр зэрыгъэплъати. Нэхъыбэм щӀызэӀущӀар ящӀэртэкъым.

33 Журтхэм Александр зи цӀэр цӀыху гупышхуэм къыхрагъэшри, цӀыхухэм я пащхьэм ирагъэуващ. Александр и Ӏэр къиӀэтри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъэну хуеящ.

34 Ауэ ар зэрыжуртыр къыщащӀэм, сыхьэтитӀкӀэ цӀыху псори зы макъкӀэ зэрыгъэкӀиящ: – Ефес къалэм и Артемидэ лъапӀэ дыдэщ! – жаӀэурэ.

35 ИкӀэм-икӀэжым къалэм и тхакӀуэм цӀыхухэр игъэсабырыжри жиӀащ: – Ефес дэс лӀыхэ! Тхьэ гуащэшхуэ Артемидэрэ абы и сурэту уафэм къехамрэ я хъумакӀуэу Ефес къалэр зэрыщытыр зымыщӀэ цӀыху щыӀэ?

36 Ефес къалэр абыхэм я хъумакӀуэу зэрыщытым шэч хэлъкъыми, фысабыри, Ӏуэхум щхьэпсынщӀагъэ хэвмылъхьэ.

37 Мы лӀыхэр тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэхэм емыдыгъуарэ, ди тхьэ гуащэм хуэмышхыдауэ, мыбдежым къэфшащ.

38 Димитрийрэ абы щӀыгъу сурэтыщӀхэмрэ цӀыху гуэрым дауэгъу хуэхъуну хуеймэ, цӀыхухэм я дэуэн Ӏуэхухэм Ӏэтащхьэхэр щыхэплъэ махуэхэр щыӀэщ. Я зэхуакум дэуэн Ӏуэху дэлъмэ, зэрыредауэ.

39 Абы нэмыщӀ фызыхуейӀамэ, къалэм дэсхэм я хасэу хабзэм тетым а Ӏуэхур зэхигъэкӀын хуейщ.

40 Нобэ къэхъуа Ӏуэхухэм щхьэкӀэ, «ЗыкъывоӀэт» жаӀэу рим тепщэныгъэ зиӀэхэм дагъэкъуэншэнкӀэ шынагъуэ щыӀэщ. Мы зэрыхьзэрийр къызэрытӀэтар къытхуагъэгъуну щхьэусыгъуэ зыри диӀэкъым. Абы а псалъэр иуха нэужь, цӀыхухэр зэбгригъэкӀыжащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan