Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фессалоникэ къалэм и цӀыхухэм Паулрэ и гъусэхэмрэ гугъуехь зэрырагъэшэчар

1 Паулрэ и гъусэхэмрэ Амфипол, Аполлоние къалэхэм къаблэкӀри Фессалоникэ къалэм къэкӀуащ. Журтхэм абы синэгуэгу щаӀащ.

2 Паул, зэрихабзэу, абыхэм я синэгуэгум щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ, щэбэт махуищкӀэ абыхэм щедэуащ.

3 Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.

4 Журтхэм ящыщ зыкъомым фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, Паулрэ Силэрэ гъусэ зыхуащӀащ. Абыхэм нэмыщӀ, Тхьэр зыгъэлъапӀэ алыджхэм ящыщ куэдми, цӀыхубз цӀэрыӀуэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

5 Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мыхъуа журтхэр фыгъуэрти, цӀыху зэхуэсыпӀэм лӀы напэншэхэр къыщагъуэтщ, цӀыху гупышхуэ зэхуашэсри, абыхэм къалэм дэсхэр къызэщӀагъэстащ. Иасон и унэм ежалӀэри, Паулрэ Силэрэ къыщӀашу, цӀыхухэм я пащхьэм кърашэну мурад ящӀащ итӀанэ.

6 Ахэр щамыгъуэтым, Иасонрэ къуэшхэм ящыщ гуэрхэмрэ къалэ къулыкъущӀэхэм я пащхьэм иралъафэри, кӀийурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – Дуней псори зэӀызыщӀэ мы цӀыхухэр мыбы къэкӀуащ иджы.

7 Иасон и унэм иригъэблэгъащ ахэр. «НэгъуэщӀ пащтыхь, Хьисэ зи цӀэр, щыӀэщ», жаӀэурэ кесарым и унафэхэм поув.

8 Апхуэдэу щыжаӀэм, цӀыхубэри къалэ къулыкъущӀэхэри къагъэпӀейтеящ.

9 Къалэм къулыкъущӀэхэм Иасонрэ и гъусэхэмрэ тхьэ ирагъаӀуэри, къаутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ.


Верие къалэм дэс цӀыхухэм ящыщ куэд Хьисэ и гъуэгу зэрытехьар

10 Жэщ зэрыхъуу, къуэшхэм Паулрэ Силэрэ Верие къалэм ягъэкӀуащ. Зэрынэсу, ахэр журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ.

11 Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.

12 Журтхэм ящыщ куэдми, алыдж цӀыхубз цӀэрыӀуэхэмрэ цӀыхухъухэмрэ ящыщ зыкъомми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

13 Паул Верие къалэм дэс цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар Фессалоникэ щыщ журтхэм къыщащӀэм, Верие къакӀуэри, цӀыхубэр зэщӀагъэплъащ икӀи къагъэпӀейтеящ.

14 Къуэшхэм Паул хы Ӏуфэм ягъэкӀуащ занщӀэу, Силэрэ Тимофейрэ Верие къалэм къыдэнащ.

15 Паул зышэхэм ар Афинэ къалэм нагъэсащ. Силэрэ Тимофейрэ езым деж псынщӀэу къэкӀуэну Паул зышахэм унафэ яхуищӀа нэужь, абыхэм ягъэзэжащ.


Афинэ къалэм дэс цӀыхухэм я пащхьэм Паул къызэрыщыпсэлъар

16 Афинэ къалэм Силэрэ Тимофейрэ щапэплъэу, тхьэ нэпцӀ сурэтхэр къалэм дэзу щилъагъум, ар Паул игу къеуащ.

17 Паул журтхэмрэ Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ синэгуэгум щепсалъэрт, зэхуэсыпӀэм щызэӀущӀэхэми махуэ къэси щедауэрт.

18 Епикурейхэмрэ стоикхэмрэ ящыщ философ гуп Паул къедауэу щӀадзащ. – Мы щхьэгъавэм сыт жиӀэну зыхуейр? – жаӀащ зыкъомым. – Мы лӀым тхьэ хамэхэм я хъыбар къиӀуатэ хуэдэщ, – жаӀащ адрейхэм. Апхуэдэу щӀыжаӀар Паул Хьисэрэ лӀахэр къызэрытэджыжынумрэ теухуа хъыбархэр цӀыхухэм яхуиӀуатэу зэрыщытарщ.

19 А философхэм ареопаг Ӏуащхьэм деж щызэӀущӀэ хасэм Паул здашэри къыжраӀащ итӀанэ: – Уэ цӀыхухэм ебгъащӀэ ӀуэхущӀэхэр къыдгурыбгъэӀуэн?

20 Псалъэ гъэщӀэгъуэнхэр къыджыбоӀэ. Абыхэм къикӀыр тщӀэн ди гуапэщ.

21 Афинэ къалэм щыщ псоми, абы дэс хамэхэми хъыбарыщӀэхэр яӀуэтэнымрэ едэӀуэнымрэ зыпащӀ щыӀэтэкъым, а Ӏуэхуми зэман куэд яфӀэфӀыпсу трагъэкӀуадэрт.

22 Ареопаг Ӏуащхьэм щызэӀущӀэ хасэм и пащхьэм къиувэри, Паул жиӀащ: – Афинэ дэс лӀыхэ! Фэ тхьэ куэдыр сыт и лъэныкъуэкӀи ину вгъэлъапӀэу солъагъу;

23 сэ къэскӀухьурэ, фи тхьэлъэӀупӀэхэм сыщеплъым, мыпхуэдэу зытетха къурмэнщӀыпӀэ гуэр срихьэлӀащ: «ДымыщӀэ Тхьэм щхьэкӀэ». Аращи, фэ фымыщӀэ Тхьэм и хъыбарыращ сэ фхуэсӀуатэр.

24 – Тхьэуэ дунейри дунейм тетхэри къэзыгъэщӀар уафэми щӀылъэми я Зиусхьэнырщ. Ар цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэхэм щӀэскъым.

25 ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ езым зыгуэр къыхуащӀын хуейкъым. Аращ псэ зыӀут псори щызыгъэӀэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри.

26 Тхьэм зы цӀыху закъуэм цӀыху лъэпкъ псори къыхигъэхъукӀащ, ахэр дунейм дэнэкӀи щыпсэун щхьэкӀэ. Я тетыгъуэхэмрэ я псэупӀэхэмрэ гъунапкъэ яхуэхъунур игъэуващ.

27 Тхьэм цӀыхухэр къыщӀигъэщӀар ахэр езым лъыхъуэурэ икӀи Ӏэбэрабэурэ, Ӏэмал гуэркӀэ къагъуэтын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым,

28 «Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакӀуэри, дыщызыгъэӀэри», зыгуэрым зэрыжиӀам хуэдэу. «Дэри дрибынщ», фэ фи тхакӀуэхэм ящыщ зыкъомым зэрыжаӀам хуэдэу.

29 – Аращи, Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ, цӀыхухэм я ӀэпэӀэсагъэрэ акъылыфӀагъэкӀэ дыщэм, дыжьыным, мывэм къыхащӀыкӀа сурэтхэм Тхьэр яхуэдгъадэ хъунукъым.

30 БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;

31 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.

32 ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и хъыбарыр Паул жиӀэу щызэхахым, языныкъуэхэр Паул щыдыхьэшхащ, языныкъуэхэм жаӀащ: – Уэ мы жыпӀа хъыбарым дедэӀуэну дыхуейщ дяпэкӀи.

33 Апхуэдэу, Паул абыхэм яхэкӀыжащ.

34 Зыкъомым Паул гъусэ зыхуащ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Ареопаг Ӏуащхьэм щызэӀущӀэ хасэм щыщ Дионисий, Дамар и цӀэу цӀыхубз гуэр, нэгъуэщӀ зыкъоми а фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм яхэтт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan